|
|
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. Правительствэм и унафэщIхэр хэту иригъэкIуэкIа зэIущIэр теухуауэ щытащ социальнэ IэнатIэм хиубыдэ зи чэзу Iуэхухэм.
16 июля, 2019 - 06:55
Бын куэд зиIэ унагъуэхэм я псэупIэр егъэфIэкIуэнымкIэ зэрадэIэпыкъум, зыхуэфащэ цIыху гупхэр зыхуэныкъуэ хущхъуэ-хэмрэ медицинэ IэмэпсымэхэмкIэ къызэрызэрагъэпэщым теухуауэ къэпсэлъащ КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министр Асанов А. О., КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ министр Хъубий М. Б. сымэ.
Абыхэм я докладхэм къазэрыхэщамкIэ, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм фошыгъу уз (диабет) зиIэхэр инсулинрэ ар зэрызрахьэлIэ IэмэпсымэхэмкIэ ирикъуу къызэригъэпэщащ. А хущхъуэр республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IуэхущIапIэхэм зэблэу къыхэмыкIыу хурагъэшащ. Ауэ нэгъуэщI хущхъуэ лIэужьыгъуэ щхьэхуэхэр иджыри ирикъуу къащыIэрымы- хьэ щыIэщ. А ныкъусаныгъэр ягъэзэкIуэжын папщIэ, КъБР-м и Правительствэм и пщэ иралъхьащ яхуримыкъу ахъшэр къызэгъэпэщынымкIэ хэкIыпIэхэр иубзыхуну.
ИкIэщIыпIэкIэ дэгъэкIын хуейуэ социальнэ IэнатIэм щыIэ Iуэхухэм елъытащ, жиIащ щIыналъэм и унафэщIым, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнымкIэ къалэнхэр гъэзэщIа зэрыхъунур. ИщхьэкIэ къыщыгъэлъэгъуа мурадхэм пыщIауэ къащтэ къалэнхэр финансхэмкIэ къызэгъэпэщыныр, къыпищащ адэкIэ КIуэкIуэ Казбек, къытпэщыт лъэхъэнэм республикэ бюджетыр щызэхалъхьэкIэ япэ ирагъэщыпхъэщ.
Нэхъ япэкIэ республикэм и Iэтащхьэм къигъэувауэ щыта къалэнхэр гъэзэщIа зэрыхъум и гугъу щищIым, КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Къумыкъу А. М. зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ республикэм и школхэр гъэ еджэгъуэщIэм зэрыхуагъэхьэзырым, апхуэдэу къэрал экзамен зэгуэтхэр зэрырагъэтам къарикIуахэм.
Экзаменхэр щIэгъэхуэбжьауэ къыщыIах лъэхъэнэм лэжьыгъэм зэблэу къыхэкIакъым. Къэрал экзамен зэгуэтхэр тыным хэтащ еджакIуэ 4672-рэ. А лэжьыгъэр зэрекIуэкIым я нэIэ трагъэтащ Егъэджэныгъэм и IэнатIэм щыкIэлъыплъынымкIэ федеральнэ IэнатIэм и лIыкIуэхэр, апхуэдэу федераль- нэ кIэлъыплъакIуэу 143-рэ, щIыналъэм щыщ кIэлъыплъакIуэу 61-рэ. Лэжьыгъэм кърикIуахэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, 2019 гъэм республикэм и школхэр къэзыухахэм нэгъабэ елъытауэ экзаменхэр нэхъыфIу ятащ.
|
|
08.10.2026 - 09:03 Хабзэ зэрыхъуауэ, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ яхуэзащ. |
|
|
08.10.2026 - 09:02 Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 зэрырикъум и цIэр зезыхьэ паркым ит галереем мы махуэхэм щагъэлъагъуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик, философ |
|
|
08.10.2026 - 09:00 Лъэпкъ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм щекIуэкIащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, тхакIуэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм къызэралъхурэ мы гъэм илъэси 100 зэрырикъум теухуа пшыхь. |
|
|
07.10.2026 - 09:03 Бзылъхугъэ гуащIафIэ, илъэс 45-м нэблэгъауэ химиемрэ биологиемкIэ егъэджакIуэ, Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Кыщпэк (Тыжьей) къуажэм къыщалъхуа, республикэм ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм |
|
|
07.10.2026 - 09:03 Зи гуащIэдэкIым щыгуфIыкI цIыхум и насыпщ. |
|