ИкъукIэ дрогушхуэ

«Къэбэрдей-Балъкъэрым и гуп къыхэхахэр спортым щыхуагъэхьэзыр центр» къэрал IуэхущIапIэм жэпуэгъуэм и 31-м къыщызэIуахащ Художественнэ гимнастикэмкIэ «Горные ласточки» XI зэпеуэр. Абы щIыналъэ куэд къызэщIеубыдэ, зы­траухуари КъБР-м и Парламентыр илъэс 30 зэрырикъурщ.

Iуэхум хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, депутатхэр, ­КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам, Къэбэрдей-Балъкъэрым художественнэ гимнастикэм зыщезыгъэужьа Перхичевэ Наталье, КъБР-м Художественнэ гимнастикэмкIэ и федерацэм и президент Тавитовэ Иринэ.
- Хабзэ дахэ хъуауэ едгъэкIуэкI зэпеуэр мы гъэм КъБР-м и Парламентым и илъэс 30-м и щIыхькIэ къызэрызэдгъэпэщам мыхьэнэшхуэ иIэщ. ЗэрыфщIэщи, илъэс куэд хъуауэ республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и нэIэ тетщ республикэм и художественнэ гимнастикэми адаптивнэ спорт школми. Депутатхэм фIыщIэ яхудощI зэ­пымыууэ дэIэпыкъуэгъу къызэрытхуэхъум папщIэ, - жиIащ Хьэсанэ Ислъам.
Зэхьэзэхуэм хэтхэмрэ ар къызэзыгъэпэщахэмрэ фIэхъускIэ захуигъэзащ республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и УнафэщI Егоровэ Татьянэ. 
- Спортрэ гъуазджэ лъагэрэ щызэхэухуэнащ художественнэ гимнастикэм икIи абы теухуа мы зэпеуэр ди республикэм и жылагъуэ-политикэ гъащIэм мыхьэнэшхуэ щызиIэ Iуэхугъуэм - КъБР-м и Парламентыр илъэс 30 зэрырикъум - зэрырапхар икъукIэ ди гуапэщ. ФIыщIэ яхудощI зэхьэзэхуэм хэтыну псоми, - къыхигъэщащ Егоровэм. - Художественнэ гимнастикэр Урысейм и спорт лIэужьыгъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Ди къэралым абыкIэ дунейпсо мыхьэнэ зиIэ ехъулIэныгъэшхуэхэр иIэщ икIи зыми и дежкIэ щэхукъым гимнастикэм ди деж зэ­рыщыхуагъасэм къыпэхъун дунейм щы­мыIэу зэрылъэщыр. ЖыпIэ хъунущ дэ абыкIэ дызэрыщапхъэр. «Горные ласточки» зэхьэзэхуэм хэтхэм илъэс къэс къагъэлъагъуэ зэфIэкIым зэрыхагъахъуэм уримыгушхуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Зэпеуэм къы­хыхьэ щIыналъэхэри нэхъыбэ мэхъури, дыщогугъ адэкIи ехъулIэныгъэхэр фиIэну. 
«Горные ласточки» зэхьэзэхуэм хэтыну Налшык къекIуэлIащ Урысейм и къалэ 14-м щыщ гимнасткэ 350-м нэблагъэ (2006 - 2018 гъэхэм къалъхуахэр). Зэпеуэр махуищкIэ екIуэкIынущ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

11.08.2026 - 09:57

ХэкIыпIэхэмрэ Iэмалхэмрэ яубзыху

КъБКъУ-м и медицинэ академием щекIуэкIащ лышх узыфэм, ар зыпкърыт сымаджэхэм ягъуэтын хуей дэIэпыкъуныгъэм теухуа япэ щIыналъэзэхуаку щIэ­ныгъэ-практикэ конференцэ.

10.08.2026 - 14:25

Темыркъаным и пшыхьхэр

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым мы махуэхэм щызэхуащIыжащ симфоние музыкэмкIэ «Темыркъаным и пшыхьхэр» фестивалыр.

10.08.2026 - 10:57

ХъугъуэфIыгъуэ куэ­дым я гъэтIылъыпIэ

Ди фIыр дымыгъэпудыну, ди Iейр дымыгъэпщкIуну илъэс пщIы бжыгъэ зыбжанэ хъуауэ дыкъыхуезыджэ икIи къыдэущие «Адыгэ псалъэ» газетым и мин 25-нэ къыдэкIыгъуэр ­дунейм къытехьакIэщ.

10.08.2026 - 09:30

Къэбэрдей-Балъкъэрым и ТекIуэныгъэ лъагъуэхэмкIэ

Тэрч районым хыхьэ Акъбащ Ищхъэрэ къуажэм иджы­благъэ щызэхэтащ «КъБР-м и ТекIуэныгъэ лъагъуэхэмкIэ» хэкупсэ лагерыр.

09.08.2026 - 11:22

Жылагъуэм хагъэзэгъэж

АДЫГЕЙ. «Адыгэ хасэ - Шэрджэс парламент» жылагъуэ IуэхущIапIэм щекIуэкIащ Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэм хуэгъэпса стIол хъурей.