Зыхуагъэувыжа пIалъэм зыкъыкIэрамыгъэхуу

Урысей Федерацэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и минис­терст­вэм и департаментым и унафэщI Некрасов Роман иджыб­лагъэ иригъэкIуэкIащ гъавэр къехьэлIэжыным ехьэлIауэ къэралым и губгъуэхэм мы махуэхэм щалэжьхэм щытепсэлъыхьа зэIущIэ. 

Видеоконференц зэпыщIэныгъэ Iэмалхэм тету абы и лэжьыгъэм хэтащ КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министрым и къуэдзэ Шэт МэчрэIил. Абы къызэрыхигъэщамкIэ, республикэм и мэкъумэ­шыщIэхэм гъавэр кърахьэлIэж зы­хуагъэувыжа пIалъэм зыкъыкIэрамыгъэхуу, вэн-сэным ехьэлIауэ щыIэ мардэхэм тету. Дунейм нобэ и щытыкIэм и фIагъ куэди абы хэлъу къалъытащ. 
Иджыпсту мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу кърахьэлIэж нартыхур, сэхураныр, кIэртIофыр, хадэхэкIхэмрэ пхъэщ­хьэмыщхьэхэмрэ. Абы къадэкIуэу, бжьыхьэсэр ирагъэкIуэкI, щIыр щIыIэрыс ящIыну явэ, щIыгъэпшэрхэр халъхьэ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.07.2026 - 09:03

Ди тхылъ тедзапIэр нэхъыфIхэм хабжэ

Налшыкрэ Пятигорскрэ я тхылъ тедзапIэхэр хагъэхьащ «Илъэсым и тхылъ нэхъыфI» зэпеуэм къыщыхэжаныкIауэ къалъыта IуэхущIапIэ 50-м. 

17.07.2026 - 09:03

Хуиту дыбэуэжат

ФIыгъуэмрэ гуфIэгъуэмрэ зи гура- щэу псэу лэжьакIуэбэр игъэхыщIат ­лъахэм къытепсыха гуауэшхуэм.

16.07.2026 - 08:40

Республикэм къыщагъэсэбэпынущ къэралым щыIэ IэмалыфIхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ яIущIащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ Крючков Вячеслав, КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн, бжыгъ

16.07.2026 - 08:35

ЛIыхъужьхэмрэ щIэблэмрэ зэзышалIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лъэпкъ Iуэху­хэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм ­Iуа­щхьэмахуэ лъапэ иджыблагъэ щригъэкIуэкIащ «Лъэпкъ зэхуаку лагерым» хэтхэмрэ дзэ Iуэху хэхам щыIахэмрэ я

16.07.2026 - 08:34

Гуащэнабдзэхэмрэ сурэтхэмрэ

ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм ит Розэхэм (Гуащэнаб­дзэ­хэм) я аллеем бадзэуэ­гъуэм и 12-м щагъэлъэ­гъуащ къалащхьэм и «Свой стиль» клубым и сурэттех, илъэс щэ ныкъуэм щIигъу­кIэ инженер IэнатIэм пэр