Дадэ и лIыгъэр тенджыз пэлъытэщ

Сыт пщIэн хуейр, «лIыгъэ зэрихьащ» къыпхужаIэн папщIэ? А упщIэм егупсысыхха къыщIэкIынкъым напIэ­зыпIэм урысейпсо лIы­хъужь­ хъуа Макаров Ми­хаил. 

Фи нэгу къыщIэвгъэхьэт илъэс 72-м ит жьыщхьэ махуэр и машинэ къутам епэщэщу щхьэщыту. Апхуэдэущ видеом къигъэлъэгъуэжа, Мэзкуу пэгъунэгъу Щёлковэ ­къалэм щекIуэкIа «хьэблэ де­тек­тивым» къызэрыщIидзэр. Уэрамым и пэм деж дадэ жьакIэхур и «Ока» пыхусыхум йопэ­щэщри щытщ. Абы къыпэщыт гъуэгу кIыхьым щIалэ цIыкIу кърокIуэ. Асы­хьэтым сабийм нэхъ балигъыIуэу зы щIалэ и щIыбагъымкIэ къыщыбгъэдохьэри, «ФыкъыздэIэпыкъу!» кIий макъыр къоIу. Иджы зэрыкъэралу зэлъэзыгъэIэса хъыбарым къызэриIуатэмкIэ, илъэс­ 35-рэ, иныкъуэхэм зэ­ры­жаIэмкIэ – 24-рэ хъу Потапов Павел ныбжьыщIэм и телефоныр къытрихыу арат. Гъэ­щIэгъуэнрати, хъунщIа­кIуэр­ гъуэгушхуэм зызди­гъэш­, цIыху нэхъыбэ къы­щы­хуэ­зэнкIи хъуну лъэныкъуэмкIэ мы­­жэу, и гугъу къищIынкIэ гу­рыщ­хъуэ зыхуимыщI да­­дэм и бгъумкIэ къиунэтIауэ къа­жэрт. Зи телефоныр зыIэ­щIаха сабийм и кIий макъ­ри увыIэртэкъым. Хъунщ­IакIуэр езым пэгъунэгъу къэхъуху, дадэ губзыгъэм зигъэхъеякъым, къыфIэIуэхуу фэ зытримыгъауэу. ЛъэбакъуитI-щы фIэкIа я зэхуакум къы­щыдэмынэм, илъэс 72-м ит дадэм дыгъу блэжым лъа­къуэпэщIэдз хуищIри, узэ­зэ­уэнумэ, къеблагъэ. 
Потаповыр лэжьапIэншэщ, щхьэгъуси быни иIэкъым, и анэм дэпсэууэ аращ. Пщэдджыжьым «тутын сефэнущ» жиIэу щIэкIа и къуэм и Iэм лъы къижу къыщIыхьэжати, анэр къэхъуам щIэмыупщIэу къэнэнт? И акъылкIэ мыузын­шэ хуэдэуи жеIэ анэм щIалэр, зызэман псыпцIэм зэры­хэхуэрэ. Дыгъуэныр имыхьэ­рэму зэхэзыхаи щыIэщ. Къэхъуа дыдэр анэм жримыIэжу, щIалэм: «Дадэр каратисту къыщIэкIащ», - жиIэри, гъын щIидзащ. 
 МахуитI-щы хъуауэ, Макаров Михаил и хъыбарыр Урысейм щызэбгрокI. Езыри и пщIэм хуэфащэу цIыху хъар­зынафэщ. «Сэ сщIам лIыгъэ хэлъкъым. ЦIыхухъуу зыкъэзылъытэж дэтхэнэ зыми арат ищIапхъэр. Езыр-езыру къэхъуа Iуэхущ ар», - жеIэ шыIэныгъэрэ гъэсэныгъэрэ зыхэлъ лIым. 
«Ахъшэ зэхэдвгъалъхьи, да­дэм машинэщIэ къыхуэдв­гъэщэху», - жаIэу, зы гуп­къым, тIукъым утыку къихьар. Псоми япэ ищащ Щёлковэ къалэм и полицэр. Абыхэм унафэ ящIа нэужь, къалэ администрацэм Мака­ро­вым «Нива» машинэщIэ къыхуащэхуну мурад ящIащ, и «Ока» ныкъуэкъутэм и пIэ­кIэ. 
Абдежми къыщыувыIакъым и Iуэху ищIэжрэ пэт лIыгъэщIапIэ къызыхукъуэкIа Ма­каровым и пщIэр дэуеи­ныр. Къэрал Думэм унафэ къищ­тащ Михаил ЩIыхь тхылъ къритыну. Апхуэдэ жэр­дэмкIэ утыку къихьащ Граждан цIыхубэмрэ жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ комитетым и унафэщI Тимофеевэ Ольгэ. 
«Дыгъуасэ лъандэм псэ­хупIэ къызатыркъым. Федеральнэ каналхэр нэгъунэ къэкIуащ си деж. Интервью 15-м нэс естащ журналистхэм. Сэ апхуэдэ зэхэзежэхэм сесакъым, си Iуэху сщIэжу зэманыр згъакIуэмэ, нэхъ къы­зощтэ, - къажриIащ Макаровым журналистхэм. – Си гугъэмкIэ, цIыхубэм псэ къы­хагъэ­хьэжын щхьэкIэщ ап­­хуэдэу щIащIэр. СщIар зыгуэрым щапхъэ хуэхъумэ, хъар­зынэщ. Ауэ лIыгъэ зы­фIэпщын хуэдизкъым ар. ­Хъунт, дунейкъутэж гуэрым къезгъэламэ, сыт Iэпэлъапашхэ гуэр къэзубыдакIэ? Сэ хъумакIуэу сылэжьащ зы­къомри, аращ. ПсынщIэ ды­дэу къэхъуащ псори. Сабийм дэIэпыкъун хуейт, гупсысапIэ сиIэтэкъым. ЩIэн хуейр бгъэIэпхъуэкIэ мыхьэнэ иIэкъым, лейуэ ущIэгупсысэни щыIэкъым». 
Макаровым къуэрэ пхъурэ балигъ хъуауэ иIэщ. Зэрыжа­IэмкIэ, дадэм иджыри и ­гантелхэр игъэтIылъакъым, пщэд­джыжь къэс километр зыщыплI къежыхь. Гумызагъэ жыхуаIэ цIыху лIэужьы­гъуэм хеубыдэ Макаровыр. «Ар и хьэлу аращ ди адэм, нэгъуэщIу уи нэгу къыпхуэщIэгъэхьэркъым», - жаIэ и бынхэми. 
ЩIалэ цIыкIум и адэ-анэм Макаровым зыкъыхуагъазэ­ри фIыщIэ къыхуащIащ. Ауэ а фIыщIэр къыхэщыжыркъым я щIыпIэр лIыгъэ зэрихьамкIэ цIэрыIуэ зыщIа, зи гъащIэм IэфI къыщIыхьэжа къалэдэсхэм ейм. 
Иджы ди гуапэ мыхъуами дытевгъэпсэлъыхь. «Хамэ лъэпкъхэм ящыщ гуэрым щIалэ цIыкIум и телефоныр къытрихати…» - жаIэри, апхуэдэут хъыбарыр хэIущIыIу зэращIар, гурыщхъуэр Кавказым е Азие Курытым къикIахэм хуагъакIуэу. ПцIыуэ къыщIэкIыжа нэужь, хуэщхьэхынэу «щIэпхъаджащIэр езы къалэм щыщщ» жаIэжащ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.08.2026 - 14:25

Темыркъаным и пшыхьхэр

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым мы махуэхэм щызэхуащIыжащ симфоние музыкэмкIэ «Темыркъаным и пшыхьхэр» фестивалыр.

10.08.2026 - 10:57

ХъугъуэфIыгъуэ куэ­дым я гъэтIылъыпIэ

Ди фIыр дымыгъэпудыну, ди Iейр дымыгъэпщкIуну илъэс пщIы бжыгъэ зыбжанэ хъуауэ дыкъыхуезыджэ икIи къыдэущие «Адыгэ псалъэ» газетым и мин 25-нэ къыдэкIыгъуэр ­дунейм къытехьакIэщ.

10.08.2026 - 09:30

Къэбэрдей-Балъкъэрым и ТекIуэныгъэ лъагъуэхэмкIэ

Тэрч районым хыхьэ Акъбащ Ищхъэрэ къуажэм иджы­благъэ щызэхэтащ «КъБР-м и ТекIуэныгъэ лъагъуэхэмкIэ» хэкупсэ лагерыр.

09.08.2026 - 11:22

Жылагъуэм хагъэзэгъэж

АДЫГЕЙ. «Адыгэ хасэ - Шэрджэс парламент» жылагъуэ IуэхущIапIэм щекIуэкIащ Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэм хуэгъэпса стIол хъурей. 

08.08.2026 - 12:46

ЩIыналъэм еджапIэщIэ къыщызэIуах

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ КъБР-м щыIэ МВД-м и министр Крючков Вячеславрэ Урысейм и МВД-м и Кавказ-Ищхъэрэ институтым и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ