Иджырей зэIумыбзхэм зэрыпэщIэтынум и кIуапIэхэр

Ди газетым зэрытетащи, Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм хыхьэ Фиагдон Ипщэ къуажэм и «Роза ветров» хьэщIэщым жэпуэгъуэм и 24-м щыщIэдзауэ 27 пщIондэ щекIуэкIащ террориз­мэмрэ экстремизмэмрэ пэщIэ­тынымкIэ «Мамырыгъэм и щIыналъэ-2023» II лъэпкъыбэ зэIущIэр. Абы хэтащ КИФЩI-м и ­хэ­гъэгухэм, Абхъаз, Осетие Ипщэ республикэхэм, Ставрополь крайм я хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэ 50-м щIигъу.

Ар ирагъэжьащ «Эпоха манипуляций сознанием: вызовы, угрозы, ответы» пленарнэ зэIущIэмкIэ. ­УФ-м щIыхь зиIэ и журналист, «Комсомольская правда» газетым и лэжьакIуэ Сапожниковэ Галинэ къы­теувыIащ хъыбар нэпцIхэр ­куэду цIыхухэм хахьэ щыхъуа ди ­зэманым пэжыр щызэхэбгъэкIыну гугъуми, абы мыхьэнэшхуэ зэри­Iэм, фIагъ ин хэлъу журналистхэм хъыбарыщIэхэр цIыхубэм я деж ­нахьэсын, нобэ ахэр зыгъэгузавэ Iуэху зэIумыбзхэм Iэмал имыIэу тепсэлъыхьын, и хэкIыпIэ къэгъуэ­тын зэрыхуейм. 
Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм и Iэтащхьэ Меняйлэ Сергей и псалъэм къыхигъэщащ Урысейм и дзэ-политикэ унафэщIхэр зигу иримыхьхэр зэрыщыIэр, къэ­ралым щыщыIэ щытыкIэм зра­гъэхъуэжын я мураду, абыхэм ящыщ куэд цIыхубэм я гупсысэр зыхуей лъэныкъуэмкIэ яIуэнтIэну, къэралым и лъапIэныгъэхэр хэутэн ящIыну и ужь зэритыр. Ар къе­хъулIэн щхьэкIэ зыхуеину «Iэмэ­псымэ» псори яIэщ. КъыкIэ­лъы­кIуэу, цIыхубэм «мывэ» хадзэнырщ къэнэжыр. Республикэм и Iэтащ­хьэм жиIащ хъыбар нэпцIхэмкIэ цIыхухэм я гупсысэр «щагъэут­хъуэ» зэманым къэрал унафэр зыIэщIэлъхэмрэ журналистхэмрэ зэпсэлъэну, зэIущIэну Iэмал щы­Iэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Абы журналистхэм захуигъэзащ хъыбарыпцIхэм зыщахъумэну, цIыху­бэр езыр-езыру гупсысэну, хэмы­лъэдэну къыхураджэну, хъыбархэм я пэжагъыр лъэныкъуэхэм зэхагъэкIыну. 
- ПщIэ хуэтщIу тхъумэну ди къалэнщ ди лъапIэныгъэхэр. Ди бий­-хэр хущIокъу езыхэм лъапIэныгъэу ­къалъытэм дытрашэну. Ар къай­хъулIэмэ, дэ лъэпкъыу дыкъызэ­тенэжынукъым. Къэрал лъэщ ды­зэрыхъуар, зэрызыдужьыр дэр ­нэ­мыщI адрей хэкухэм зэра­­фIэ­мыфIырщ а псом я лъабжьэр, - жиIащ Меняйлэ Сергей.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ жур­налист, дзэ корреспондент, «РТ док» каналыр къызэIузыха икIи ар зыгъэлажьэ, Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэ, щэнхабзэ ­хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэным ­хуэгъэпса «Маяки дружбы. Башни Кавказа» щIалэгъуалэ проектыр къызэзыгъэпэща Гусаров Руслан, УФ-м щIыхь зиIэ и журналист, «Медиашкола: дальневосточный репортёр», «МедиаАкадемия». Дальний Восток» проектхэм я унафэщI, журналист цIэрыIуэ Бабков Алек­сей, «Цифровая армия России» проектыр зи жэрдэм Райская Аннэ, «Граница настоящего» хъыбаре­гъащIэ-аналитикэ центрым и унафэщI, политолог Амелинэ Янэ, нэгъуэщIхэри. 
Абыхэм я псалъэм къыхагъэщащ Урысейм щыпсэу цIыхухэм я акъылыр зыгъэутхъуэну нэхъыбэу   иужь итыр Америкэм и Штат Зэ­гуэтхэр зэрыарар. Нэхъыбэу зы­щIэбэныр ди экономикэр е щIы­налъэхэркъым, атIэ цIыхухэм я акъылымрэ гупсысэмрэщ. Ди къэралым исхэм яку IэрыщIу къаугъэхэр къыщагъэхъу, езыхэр зы­хуей политикэ гъуэгумкIэ дунэтIын папщIэ. 
- ЯпэщIыкIэ цIыхухэм я гумрэ я псэмрэ дохьэ, итIанэ ар къагъэ­сэ­бэпри, зэрыхуейуэ кърагъэкIэрэ­хъуэкIыж. Абы мыхъумыщIагъэ хэ­лъу е ар хабзэм къемызэгъыу пху­жыIэнукъым. Ар щабэу къагъэ­сэбэп Iэмалщ, уеблэмэ унагъуэри къызэщIрагъэубыдэу, - жеIэ Гусаров Руслан. - Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм зыщаужь, дэтхэнэ щIыпIэми я къалэнхэр щагъэзащIэ зэманым щытыкIэм зыщрагъэ­хъуэжыну иужь итхэщ. 
«Цифровая армия России» проектыр зыгъэхьэзыра Райская Аннэ зэрыжиIэмкIэ, КъухьэпIэм а Iэмалым мазэм къриубыдэу доллар ­мелуан 270-рэ трегъэкIуадэ. АбыкIэ къэщхьэпэну къалъытэ блогерхэр, журналистхэр, экспертхэр къащэху. Къэбгъэлъагъуэмэ, Пентагоным и бюджетым и Iыхьэ щанэр зытригъэкIуадэр танкхэркъым е Iэщэхэркъым, атIэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр и нэIэ зэрыщIигъэувэнымрэ езым и фейдэ зыхэлъ абыхэм жаIэу ящIы­нымрэщ. Аннэ къызэрилъы­тэмкIэ, абы упэщIэтыфынущ, хъыбархэр пцIырэ пэжрэ зэхэбгъэкIыфу зеб­гъасэмэ, а IуэхумкIэ пщIэ нэхъ зиIэхэм жаIэмрэ къагъэлъагъуэм­рэ зыщыбгъэгъуазэмэ. 
- Дзэ Iуэху хэхам зэрыщIидзэрэ ­социальнэ сайтхэмрэ мессенджерхэмрэ къагъэсэбэпу ирагъэкIуэкI хъыбарегъащIэ зауэм кIэ еттын ­хуейщ. Ар шынагъуэщ цIыхубэмрэ лъэпкъхэмрэ я дежкIэ икIи икIэ­щIыпIэкIэ текIуэныгъэр зыIэрыдгъэхьэн хуейщ, - жиIащ Райская ­Аннэ. 
ЗэIущIэм хэтахэр драгъэплъащ ­Гусаров Руслан «Сила» зыфIища и документальнэ фильмым. Ар теу­хуащ Украинэм щекIуэкI дзэ операцэ хэхам, абы къулыкъу щызы­щIэхэм ядэIэпыкъу волонтёрхэм, къызэрыгуэкI цIыхухэм. Фильмым къыщыгъэлъэгъуащ Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Кемеровэ, Калугэ, нэгъуэщI къалэхэм къыщызэрагъэ­пэщ дэIэпыкъуныгъэхэр къулыкъу зыщIэхэм зэрыхуашэм. Языны­къуэхэм фэилъхьэгъуэ хуабэхэр яд, адрейхэм лъэпкъ шхыныгъуэхэр ягъэхьэзыр, хьэкухэр, нэгъуэщI зы­хуей-зыщыщIэхэр ящI. Ахэр зэ­къуегъэувэ зауэлIхэм ядэIэпыкъуну гупыж зэращIым, псэзэпылъхьэпIэ IэнатIэм Iутхэм гулъытэ зэрыхуа­щIым. КъыжыIапхъэщ лэжьыгъэр зей Гусаров Руслан къэрал дамыгъэхэмрэ саугъэтхэмрэ къызэры­хуагъэфэщар, «Хэкум и деж щиIэ фIыщIэм папщIэ» орденым езанэ нагъыщэ зиIэ и медалыр щIыгъуу.
Фильмыр тезыхахэр Белгородскэ областым щыIащ икIи волонтёрхэм я гъусэу зауэлIхэм я деж кIуэри ­яIущIащ. ЩIалэхэм жаIащ Урысейм щыпсэухэм я гулъытэмрэ лъа­гъу­ныгъэмрэ абыхэм я дежкIэ мы­хьэнэшхуэ зэриIэр. Лэжьыгъэм къыщыгъэлъэгъуащ Храбрых Людмилэ къызэригъэпэща «Золотые руки ангела» волонтёр уры­сейпсо зэгухьэныгъэм хэтхэм я IэрыкIхэр. Абыхэм уIэгъэ хъуахэр зэрагъэIэпхъуэ сеткэхэр, шэху уэздыгъэхэр ящI. Апхуэдэу фильмым щыдо­лъагъу дзэ Iуэху хэхам хэт дзэ корреспондент, «Алания», «Осетия» батальонхэм къулыкъу щызы­щIэ Мамсуров Георгий. Фильмым щыщ Iыхьэ хухахащ Осетие Ипщэм щып­сэу мамыр цIыхухэмрэ къулыкъу зыщIэ щIалэхэмрэ я гъащIэм. 
- Псоми зэрытщIэщи, ди къарур - пэжырщ. Фильмыр щытетхым къыдгурыIуащ Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм ди къару нэхъыщхьэр ди зэкъуэтыныгъэр зэрыарар, - жиIащ Гусаров Руслан. 
ЗэIущIэм и программэм хыхьэу къэпщытакIуэхэм, политологхэм, журналистхэм лекцэ, мастер-класс щхьэпэхэр ятащ. Псалъэм папщIэ, Райская Аннэ къытеувыIащ ди ­бийхэм къагъэсэбэп хъыбарегъащIэ Iэмалхэр зыхуэдэм. Апхуэдэщ социальнэ сайтхэм щатх коммен­тарийхэр, сайтым и лэжьыгъэр къы­зэрагъэувыIэр, экстремист лъабжьэ зиIэ сабий комиксхэр. «Циф­ровая армия России» проектыр зыхуэунэтIар ди бийхэм Интернетым щызэбграгъэх хъыбарыпцI­хэмрэ мемхэмрэ япэщIэтынырщ. 
Сапожниковэ Галинэ тепсэ­лъы­хьащ Iуэхур ткIий щыхъуа ди зэманым журналистикэм къезэгъ­хэмрэ къемызэгъхэмрэ. Апхуэдэщ пта псалъэр бгъэпэжын, зи тхыгъэрэ сурэтрэ тебдзэ цIыхум и пIэ уиувэн, интервью къызэIыпхар, тхы­гъэр тебдзэн ипэ, Iэмал имыIэу ебгъэджэжын, хъыбарыр пэжрэ пцIырэ зэхэбгъэкIын зэрыхуейр, хъыбарым пщIэ щIэпт зэрымыхъунур, нэгъуэщI ­чэнджэщ щхьэпэхэ­ри. 
- Ди бийхэм сыт щыгъуи набдзэгубдзаплъэу Кавказым я нэIэ къытетщ. Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэр зэрыщыпсэумрэ ахэр дин зэхуэ­мы­дэхэм зэритымрэ къагъэсэбэп я ­мурад бзаджэхэр зыIэрагъэхьэн папщIэ. ХъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм къалэныш­хуэ ягъэзэщIэн хуей мэхъу абыхэм зэрапэщIэтыпхъэм теухуауэ, - жиIащ Амелинэ Янэ. 
Мамсуров Георгий дзэ Iуэху хэхам зэрыщыIам теухуа и лэжьыгъэхэр игъэлъэгъуащ. КъищынэмыщIауэ, зэIущIэм хэтахэр ирагъэплъащ Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм Печатымрэ цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ и къэрал коми­тетым терроризмэмрэ экстремиз­мэмрэ япэщIэтыным теухуа, мамырыгъэм къыхуезыджэ и ви­деонэтынхэм.
ЗэIущIэм и иужьрей махуэм ­Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм и МЧС-мрэ республикэм и къэлъыхъуакIуэ-къегъэлакIуэ гу­пымрэ журналистхэм папщIэ блог-тур ирагъэкIуэкIащ. Фиагдон Ип­- щэ къуажэм мафIэс-къегъэлакIуэ ­утыкухэр щаухуэри, IэщIагъэлIхэм абы журналистхэр щыхуагъэсащ япэ медицинэ хуэIухуэщIэм, гузэвэ­гъуэм хэта цIыхум узэрепсэлъэну щIыкIэм. МафIэсгъэункIыфI фэилъхьэгъуэр щрагъэтIагъэри, мафIэсгъэункIыфI, радио-химие зыхъумэжыныгъэмкIэ Iэмэпсымэхэр, къызэрыбгъэсэбэпынум хагъэгъуэзащ. 
Хип-хоп макъамэ лIэужьыгъуэм дихьэххэм папщIэ ирагъэкIуэкIа «Искра» зэпеуэм хэтахэр ягъэ­лъэпIащ икIи абы щытекIуахэм ягъэ­дэхащ зэIущIэр щызэхуащIыж пшыхьым и концертыр. 
Осетие Ищхъэрэ - Алание, Осетие Ипщэ республикэхэм щыщ уэрэджыIакIуэ пщIы бжыгъэхэр зыхэта зэпеуэм и япэ увыпIэр ­хуагъэфэщащ Осетие Ипщэ Республикэм и уэрэджыIакIуэхэу Ла­лиев Альбертрэ Икаевэ Миленэрэ. Абыхэм ягъэзэщIащ зэхьэзэхуэм папщIэ ирагъэтха, 2004 гъэм фокIадэм и 1-м Беслъэн къалэм и курыт еджапIэм къыщыхъуа гузэ­вэгъуэм теухуа «Город ангелов» уэрэдыр. Къыхэщыпхъэщ, уэрэдым и псалъэри макъамэри а тIум зэрызэдатхар. Ар урысыбзэкIэ ирагъэтхащ, дуней псом щыпсэу лъэпкъхэм я деж нахьэсын, апхуэ­-дэ насыпыншагъэ сабийхэм я щхьэм къримыкIуэн папщIэ.
- «Мамырыгъэм и щIыналъэ- 2023» зэIущIэр зэрыдубзыхуам хуэдэу къыдэхъулIауэ къыдолъытэ. Зэхыхьэр гъэщIэгъуэн ­хъуащ, - жиIащ Габаловэ Мадинэ. - ЦIыхухэм я гупсысэр ягъэутхъуэну иужь зэритым, «хъыбарегъащIэ ­зауэм» узэ­ры­пэщIэтынум дытеп­сэлъыхьащ. Дзэ корреспондентхэм депсэлъэ­-ну, я лэжьыгъэхэм дыкIэлъыплъыну, абыхэм дытеп­сэлъыхьыну Iэмал диIащ. Куэд и ­уасэщ къэрал уна­фэщIхэмрэ журналистхэмрэ зэры­зэрыщIэм. Аб­хъаз Республикэм щыщ­хэр мы гъэм япэу Iуэхум къы­хэтшащи, абы дыщогуфIыкI.
КъыжыIапхъэщ, Кавказым щып­сэу лъэпкъхэм зэрахабзэу, осе­тинхэр гуапэу къызэрытIущIар, хьэ­щIагъэ ин къызэрыткIэлъызэ­ра­хьар. Мы гъэм етIуанэу къызэ­ра­гъэпэщ журналист зэхыхьэшхуэм и щIэупщIэм кIуэ пэтми зэрыхэ­хъуэр нэрылъагъущ.
Тхыгъэри  сурэтхэри
ТЕКIУЖЬ  Заретэ  ейщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.08.2026 - 14:11

Тыгъэ екIу, купщIафIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэ­ра­лыгъуэр илъэси 100 зэрыри­къум и щIыхькIэ къызэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэп­сэ­ху­пIэм хыхьэу яухуа гъуазджэ галереем щокIуэкI Кисловодск къалэм и сурэтыщI Лангуровэ

14.08.2026 - 11:10

ГуащIэщ къекIуэкIыгъуэхэм я зэблэкIыгъуэр

Щэбэт кIуам щIидзащ Урысей Федерацэм и Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ щIыналъэхэм я топджэгу командэ нэхъ лъэщхэр зыхэт еща-            нэ дивизионым щекIуэкI           зэхьэ­зэхуэм и етIуанэ               

14.08.2026 - 09:54

Хадэм и дахагъэр зи теплъэ

«Сигу ирохь» студием гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн къыщызэIуахащ: IуэхущIапIэр зей Хьэ­цIыкIу Милэрэ Жэбалы Заирэрэ я IэдакъэщIэкIхэр утыку кърахьащ, «Жыг хадэм» фIэщыгъэр хуащI­ри.

13.08.2026 - 14:39

Уатегушхуащэ хъунукъым къуршхэм

«Къэбэрдей-Балъкъэрым туризмэмрэ альпинизмэмрэ ехьэлIа IэнатIэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщын» Iуэхум теу­хуа брифинг щекIуэкIащ республикэм и щыхьэр Налшык.

13.08.2026 - 11:37

Жэуаплыныгъэмрэ щIыхьымрэ япэ изыгъэщт

Налшык къалэм ЩIалэгъуалэм и Унэм дыгъуасэ зэхыхьэшхуэ ще­кIуэ­кIащ, Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ Мухьэмэд и къуэр къызэралъхурэ илъэс 85-рэ зэрырикъум теух