ДЫГЪЭМ ЗЫХУЕГЪАЗЭ

ЛатиныбзэмкIэ, дыгъэгъазэм «дыгъэм и гъэгъа» жиIэу къокI. Дыгъэгъазэм и щхьэр махуэм и кIыхьагъым загъэркъым – дыгъэм зыздигъазэмкIэ езыми зегъазэ. А къэхъугъэм йоджэ «гелиотропизмкIэ». Дыгъэгъазэм и щхьэр гъэгъа цIыкIу мину зэхэтыжщ. Дыгъэгъазэр мэгъагъэ математикэм и мардэ щхьэхуэм тет тхыпхъэу, абы «дыщэ жыпхъэкIэ» («золотое сечение») йоджэ. 
Языныкъуэ щIэныгъэлIхэм хуагъэфащэ дыгъэгъазэр гуэдзым нэхъапэжкIэ хэсэн щIадзауэ. Япэу абы и хьэдзэм дагъэ къыщIэпху зэрыхъунумкIэ патент къыщыдахар Инджылызырщ. Ауэ куэду ар хасэу щрагъэжьар Урысейрщ. Дыгъэгъазэм и хьэдзэхэр Пётр I Голландием къришауэ щытащ. ЯпэщIыкIэ къэкIыгъэр къагъэсэбэпырт удз гъэгъауэ. 19 лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм ди къэралым сэхуран дагъэр куэду къыщIигъэкIырт икIи хэхъуэшхуэ къыхуихьырт. 
Гиннесс и рекордхэмкIэ и тхылъым зэритымкIэ, дыгъэгъазэ гъэгъа нэхъ ин дыдэр, сантиметр 82 хъур, Канадэм къыщыкIауэ щытащ. Нэхъ лъагэ дыдэр 2014 гъэм къыщахутащ Германием. Метри 8 и лъагагъыу ар къигъэкIат Шиффер Ганс-Питер. 2021 гъэм Урысейм дыгъэгъазэ щытрасауэ щытащ щIы гектар мелуани 9,65-м. Дыгъэгъазэу хъуам я щхьэр гъуэжькъым. Къапщтэмэ, а къэкIыгъэр лIэужьыгъуэ блыщIу зэщхьэщокI. Абыхэм яхэтщ зи тхьэмпэхэр плъыжьыфи, гъуабжи, уеблэмэ тхьэмбылыфи. ЖыггъэкIхэм абы и лIэужьыгъуэщIэ дагъакIэу зрагъэсащ, «капучино» фIащыжауэ. Зи гъэгъахэр гъуабжафэ а лIэужьыгъуэр къэкIыгъэ щхьэхуэхэм аллергие хузиIэхэм папщIэ зэраныншэщ. 
Дыгъэгъазэм зыхэт щIыр егъэкъабзэ. Ар зыхаса щIыпIэм деж щыIэнукъым бдзапцIэ, дзыгъуэгъалIэ, уран. Чернобыль, Фукусимэ насыпыншагъэхэр къыщыщыхъуам а щIыпIэхэм щIыр щагъэкъэбзэжыну куэду щыхасауэ щытащ дыгъэгъазэ. КъэкIыгъэр къыщагъэсэбэп шхын промышленностым, медицинэм, косметологием. И хьэдзэхэм куэду хэлъщ витамин Д, калий, магний, фосфор. 
Пащтыхь Людовик 14-м дыгъэгъазэм зэрыIуплъэу, ар пащтыхь къэкIыгъэу къилъытащ икIи «пащтыхь дыгъэ» фIищащ. ТхакIуэ цIэрыIуэ Уайльд Оскар егъэлеяуэ фIыуэ илъагъурт дыгъэгъазэр, и бгъэ жыпым илъу къыздрихьэкIыу щытауэ жаIэж. УсакIуэ куэдым я сатырхэм дыгъэгъазэр къыхощ гугъэм, щIэдзапIэм, насыпым я нэщэнэу. СурэтыщIхэми фIыуэ ялъагъу къэкIыгъэ дахэр. Дейкэ Ван, Гоген Поль, Моне Клод, Матисс Анри, Климт Густав, Ривер Диего сымэ я лэжьыгъэхэм ар уитхьэкъуу къыщыгъэлъэгъуащ.
 

 

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.09.2026 - 09:13

ЕрыскъыхэкIхэм я къалащхьэщ Налшык

Налшык къалэр, ЗэгурыIуэныгъэм и утыр, мы махуэхэм Урысейм и ерыскъыхэкIхэм я къалащхьэхэм ящыщ зы ­хъуащ.

08.09.2026 - 09:12

Гъагъэ, си республикэ!

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр Театр щхъуантIэм щагъэлъэпIащ «Гъагъэ, си щIыналъэ!» гуфIэгъуэ концерт инымкIэ. 

08.09.2026 - 09:10

«Кавказым - мамырыгъэ»

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым фокIадэм и 6-м щызэхуащIыжащ гъуаз­джэхэмкIэ «Кавказым - мамы­рыгъэ» XV лъэпкъхэм зэдай фес­тива­лыр.

08.09.2026 - 09:07

Къыщыуджащ Ищхъэрэ Мылылъэ хым

Налшык къалэм дэт лицей №2-м физикэмрэ астрономиемкIэ и егъэджа­кIуэ Къэшэж Аслъэн «Рос­атом»-м иригъэкIуэкI «Ледокол знаний» VII дунейпсо щIэныгъэ-узэ­щIакIуэ зе­кIуэм хэтахэм ящыщ зы ­хъуащ.

07.09.2026 - 09:03

Мэржэхъу ФатIимэ и ехъулIэныгъэ

Гъэ еджэгъуэщIэм и пэ къихуэу хъыбар гуапэ къы­тIэ­рыхьащ.