|
|
КЪЭБЭРДЕЙ-БАЛЪКЪЭРЫМ И ХЬЭРЫЧЭТЫЩIЭХЭМ ЯДОIЭПЫКЪУ
2 ноября, 2023 - 06:03
2023 гъэм и япэ мазибгъум къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым хьэрычэтыщIэ мащIэмрэ курытымрэ Лъэпкъ шэсыпIэ зэгухьэныгъэм и дэIэпыкъуныгъэ хэлъу щIыхуэу сом мелард 1,2-рэ къратащ. Нэгъабэ и иджы хуэдэ зэманым щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 37,6-кIэ нэхъыбэщ ар.
Абы щыщу сом мелуан 791-р къащтащ КъБР-м щылажьэ IуэхущIапIэ курытхэм, сом мелуан 415-р IуэхущIапIэ мыинхэм, я щхьэ хуэлэжьэжыну налог хэзых IэнатIэм зыщезыгъэтхахэм – сом мелуан 1,7-рэ.
Къапщытэж зэманым къриубыдэу шэсыпIэ ихьа зэгухьэныгъэм и дэIэпыкъуныгъэ хэлъу къащтащ сом мелуан 547,2-рэ, ар процент 19,5-кIэ нэхъыбэщ нэгъабэрей бжыгъэхэм нэхърэ. IуэхущIапIэ мыинхэм къащтащ сом мелуани 199-рэ, цIыкIухэм – сом мелуан 348-рэ, я щхьэ хуэлэжьэжхэм – сом мелуан 1,70-рэ.
Дызэрыт илъэсым и япэ мазибгъум къриубыдэу Лъэпкъ шэсыпIэ зэгухьэныгъэ мшэсыпIэ тхылъу 83-рэ итащ.
КъБР-м и IуэхущIапIэхэм ящыщу ахъшэкIэ зыдэIэпыкъуахэм я нэхъыбэр мэкъумэш IэнатIэхэм щолажьэ – сом мелуан 454-рэ, сатум – сом мелуан 305-рэ, ерыскъыпхъэхэм елэжьхэм – сом мелуан 180-рэ. Ухуэныгъэм пэрытхэм сом мелуани 179-рэ, хьэщIэщхэмрэ шхапIэхэмрэ зыгъэлажьэхэм – сом мелуан 20,5-рэ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Лъэпкъ шэсыпIэ зэгухьэныгъэм хохьэ «МСП» АО-р, МСП Банкыр, щIыналъэ шэсыпIэ зэгухьэныгъэхэр. ХьэрычэтыщIэхэр зыпэрыт IэнатIэхэм зрагъэужьын щхьэкIэ мылъку щахуримыкъум е банкхэм къыIах ахъшэм щхьэщатыкIын мылъку щамыIэм деж Лъэпкъ шэсыпIэ зэгухьэныгъэр шэсыпIэу мэув.
«Хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ, щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэ жэрдэмыр дэIыгъыныр» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ мэлажьэ а IэнатIэхэм апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэ етыныр. Iуэхур зэрекIуэкIыр УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Белоусов Андрей и нэIэ щIэтщ.
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
|
|
04.09.2026 - 09:15 Хабзэ зэрыхъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр щагъэлъапIэ фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу, жылагъуэ гъащIэм зи гуащIэр езыхьэлIэ республикэм и лэжьакIуэхэм дамыгъэ лъапIэхэр хуагъэфэщащ |
|
|
04.09.2026 - 09:13 Дерс щхьэхуэхэр куууэ щадж курыт школ № 6-м, къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжа нэужь, Налшык и бжэхэр къыщызэIуихыжащ КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэмрэ ЩIэныгъэм и махуэмрэ ирихьэлIэу. |
|
|
04.09.2026 - 09:08 Республикэм и махуэм дэщIыгъуу фокIадэм и 1-м ди щIыналъэм щагъэлъэпIащ ЩIэныгъэхэм я махуэри. |
|
|
03.09.2026 - 14:20 СурэтыщIхэм, тхакIуэхэм, макъамэтххэм, сурэттеххэм зэпымыууэ дигу къагъэкIыж хуэдэщ дыкъэзыухъуреихь дунейм дызэрыпыщIар. |
|
|
03.09.2026 - 10:40 КъБР-м и Лъэпкъ музейм япэу щагъэлъагъуэ Налшык ГъуазджэхэмкIэ и школымрэ КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжымрэ щезыгъаджэ Бекъул Лаурэ и IэдакъэщIэкIхэр. |
|