КЭНЖЭ АМБУЛАТОРЭЩIЭ ЩАУХУЭ

1950 гъэм щегъэжьауэ Кэнжэ къуажэм щылажьэ амбулаторэр здэщыIэ унэжьым и пIэкIэ щIэ щаухуэ. Мыбы я узыншагъэм щыкIэлъагъэплъыфынущ абы къепхауэ жылэм дэс цIыху мини 9-м щIигъум, икIи зы лэжьэгъуэ махуэм къриубыдэу цIыху 76-м хуэдизым щеIэзэну яхузэфIэкIынущ. Абы нэмыщI, махуэкIэ цIыхухэм я узыншагъэм щыкIэлъагъэплъу, хущхъуэхэр ирахьэлIэу щIэлъынухэм папщIэ гъуэлъыпIэ 12 щIагъэувэнущ.

УхуакIуэхэм амбулаторэщIэм и лъабжьэр ягъэтIылъауэ иджыпсту блынхэр дращIей. Ар иджырей мардэм къитIасэу яухуэнущ, зыхуей-зыхуэфI псомкIи къызэгъэпэщауэ. ЦIыхухэм я чэзур къыщысынум щыпэплъэну щIыпIэ щхьэхуэхэр къыхузэрагъэпэщынущ, дохутырым деж нэхъ тыншу зрагъэтхыфын папщIэ, абы хуэщIа Iэмэпсымэхэр ягъэувынущ.

Ухуэныгъэр ирагъэкIуэкI «Узыншагъэр хъумэн» лъэпкъ проектым хыхьэ «ЦIыхухэм япэу зызыхуагъазэ медицинэ IуэхущIапIэхэр егъэфIэкIуэн» щIыналъэ программэм тету икIи лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIынущ 2025 гъэм и дыгъэгъазэ мазэм ирихьэлIэу.

                                                                      ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.05.2026 - 09:03

ФымыцIыхухэм дзыхь яхуэвмыщI

КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ телефонымрэ интернетымрэ къагъэсэбэпурэ щIэпхъаджагъэ зе­зыхьэхэм зэрапэщIэтым, абы и лъэныкъуэкIэ ди щIыналъэм щызрагъэгъуэта ехъулIэныгъэхэм ятеухуа зэIущIэ.

09.05.2026 - 12:25

IэщIагъэлIхэр кърашалIэ

2025 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыяпэу, ди республикэм къыщызэIуахащ Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэр IэщIагъэлIхэмкIэ къызэзыгъэпэщ хэгъэгу центр.

09.05.2026 - 09:03

IэщIагъэмрэ цIыхугъэмрэ зэгъусэу

Бэлагъы Залинэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым медицинэмкIэ и факультетым стоматологием щыхуеджащ.

08.05.2026 - 09:22

Зэкъуэшхэр нэхъри зэкъуоувэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IущIащ Абхъаз Республикэм ЩIа­лэгъуалэм я Iуэхухэмрэ спортымкIэ и къэрал комитетым и унафэщI Хагбэ Тарас.

08.05.2026 - 09:21

Урысей-Абхъаз зэпыщIэныгъэхэр щIалэгъуалэм ягъэкIуатэ

Накъыгъэм и 4-8-хэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкI Урысей-Абхъаз щIалэгъуалэ форумыр Налшык къалэм къыщызэIуахащ.