УФ-М И ЧЕМПИОНАТЫР КЪАПОПЛЪЭ![]() Краснодар къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ иджырей пятиборьемкIэ УФ-м щIыхь зиIэ и тренер Тютюев Сергей и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ зэхуэмыдэхэм я спортсмени 150-м нэблагъэ. Зэхьэзэхуэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхар икIи ехъулIэныгъэ хъарзынэхэр къыщигъэлъэгъуащ - КIужь Малик, БакIуу Астемыр, Iэхъуэбэч Чэрим сымэ абы ещанэ увыпIэхэр къыщахьащ. Зэхьэзэхуэм ахэр хуагъэхьэзыращ Зенин Игорьрэ Корзилов Виталийрэ. Иджы ди спортсменхэр хэтынущ Урысей Федерацэм а спорт лIэужьыгъуэмкIэ и чемпионату 2023 гъэм дыгъэгъазэм и 19-м Самарэ къалэм щекIуэкIынум.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||








