Псапэ щIэным зеубгъу.

УФ-м и Президентым и пол­номочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м ­ щыIэ Матовников Александррэ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ «Кавказ Ищхъэрэм фIы щы­лэжьын» зыфIаща щIыналъэ форумым и лэжьыгъэм хэтащ.

КИФЩI-м хыхьэ хэгъэгухэм я ­волонтёрхэу 250-м нэблагъэ зыхэта зэхуэсышхуэр щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал универси- т­етым Iуащхьэмахуэ лъапэ щиIэ хэщIапIэм.
ЛIыщхьэхэм япэщIыкIэ щыгъуазэ зыхуащIащ езыхэм яфIэфIу IуэхуфI зылэжьхэм я зэщIэхъееныгъэм, зэрыщыту къатщтэмэ, УФ-м зэры­зы­щиужьым, апхуэдэуи, Кавказ ­Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм, абы хыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэ- рым псапащIэ Iуэхухэм нэхъри зыщаубгъунымкIэ къагъэсэбэп Iэмалхэмрэ хэкIыпIэхэмрэ зыхуэдэм, ап­хуэ­дэуи еплъащ зэIущIэм къы­хузэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэм.
- Фызэрыщыгъуазэщи, нэгъабэ КИФЩI-м щыдгъэлъэпIащ Кавказ Ищхъэрэр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къызэрыIэщIагъэ­кIыж­рэ илъэс 75-рэ зэрырикъуар. Ды­зы­хуэкIуэ илъэсым ди мурадщ а зэпэ­щIэувэныгъэ гуащIэр ди ТекIуэныгъэмкIэ зэриухрэ илъэс 75-рэ зэрырикъур, къэралми хуэдэу, ­КИФЩI-м хыхьэ хэгъэгу псоми Iэ­тауэ щыдгъэлъэпIэну. Согугъэ, ­Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу дэтхэ­нэри а Iуэхум жыджэру хэтыну, - къы­хигъэщащ Матовников Алек­сандр, журналистхэм къыщыдэпсалъэм.
Гъэлъэгъуэныгъэм кърихьэлIа-хэм КъБР-м и Iэтащхьэм и къа­лэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэ­кIуэ Казбек мыпхуэдэ упщIэкIэ зы­хуагъэзащ:
- «Фэеплъымрэ щIыхьымрэ я илъэс» зыфIащу, 2020 гъэм ирагъэ­кIуэкIыну тхыдэ Iуэхугъуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрызыщы­хуагъэзырымрэ езыхэм яфIэфIу IуэхуфI зылэжьхэм я зэщIэхъее­ныгъэм зэрызыщиубгъумрэ ехьэ­лIауэ сыт къыджепIэфын? - жаIэри.
- Ди республикэм мы зэманым ­волонтёрхэм я бжыгъэр мини 8-м щынэблэгъащ. Абыхэм я IуэхущIафэхэр унэтIыныгъэ зэмылIэу­жьы­гъуэм яхуэгъэзащ. Дэ къы­зэ­рытлъытэмкIэ, а лэжьыгъэр нэ­ хъ- ри ефIэкIуа хъунымкIэ щхьэ­пэщ, ­­ мы махуэхэм мыбдежым щызэхэтша, КИФЩI-м и блогерхэр зэзы­шэлIэж хэгъэгу зэхуаку гупри. Шэч хэмылъу, абы хагъэхьахэми къахэкIынущ Хэку зауэшхуэр зэриухрэ илъэс 75-рэ щрикъуну махуэхэр, зэрахуэфащэу, гъэлъэпIа хъуным зи гуащIэ хэзылъхьэнухэри.
АдэкIэ хьэщIэхэри бысымхэри хэ­щIапIэм и щIыбагъкIэ щыIэ зэ­хуэ­сыпIэ Iэхуитлъэхуитым кIуащ. Уэздыгъей уардэу уафэм худэплъейхэм къаухъуреихьа концерт гъэлъэгъуапIэр тIысыпIэ зыкъизыххэмкIэ гъэщIэрэщIат, нэгъуэщI зыхуей-зыхуэныкъуэхэмкIи къызэгъэпэщат. Утыку зэIухам, къытригъэзэжурэ уэшхым къыщызыпхидзым, щызэ­IущIэжахэр апхуэдизу нэжэгужагъэм зэщIищтати, уащыхэплъэкIэ уа­щымыгуфIыкIын плъэкIынутэкъым.
Зэхыхьэм лIыщхьэхэр чэзу-чэзу­кIэрэ къыщыпсэлъащ.
- «Мэшыкъуэ» форумым илъэс зыбжанэ хъуауэ щызэхуэс щIалэ­гъуалэм ящыщ куэдым мыбдежым сыщыфIущIэжащи, абы нэхъри ­срогуфIэ, - къыхигъэщащ Матовников Александр. - Езыхэм я фIэфIы­ны­гъэкIэ IуэхуфI зылэжьхэм я зэ­щIэхъееныгъэм нэхъ псынщIэу зыщиубгъу щIыналъэщ Къэбэрдей-Балъкъэрыр. Абы и щыхьэтщ щыгъуазэ дызыхуэфщIа гъэлъэ­гъуэныгъэри, нэгъуэщI абы хуэдэ Iуэхугъуэу нобэ дызрихьэлIахэри. 2018 гъэр езыхэм я фIэфIыныгъэ-кIэ IуэхуфI зылэжьхэм я зэщIэхъееныгъэм и илъэсу къалъытами, а Iуэхум, дызэрыщыгъуазэщи, абы ипэжкIи щIидзащ. Властым волонтёрхэм я IуэхущIафэхэр ядиIы­гъыу, уеблэмэ, сыт и лъэныкъуэкIи щIэгъэкъуэн яхуэхъуу зэрыщытыпхъэр къилъытэри, федеральнэ ­центрым щIыналъэ псоми къы­щы­зэригъэпэщащ езыхэм яфIэфIу IуэхуфI зылэжьхэм ядызекIуэнымкIэ зэзыгъэуIу центрхэр, дэтхэнэми а унэтIыныгъэм хэзыщIыкI, абы ­хуагъэхьэзыра цIыху зыбжанэ егъэщIылIауэ. ЖыпIэ хъунущ, гъащIэм къигъэув къалэнхэр жыджэ- ру зэфIэхыным яужь ит, псоми гу ­ялъызытэ цIыху гуащIафIэхэм но- бэ мыбдежым дащыхуэзауэ. Влас­тым и дэтхэнэ IэнатIэри, экономикэм, хьэрычэтым пыщIа сыт хуэдэ IуэхущIапIэри хуабжьу хуэныкъуэщ щхьэх зымыщIэ, пщэрылъ къыщащIахэр и чэзум зэригъэзэщIэным акъыл жанкIэ бгъэдыхьэ цIыхухэм. Къыхэгъэщыпхъэщ, волонтёрхэм я бжыгъэр ди къэралым мы зэма­-ным мелуан 14-м зэрыщынэблэ­гъари. Ар, зэрыфщIэщи, УФ-м цIыхуу исым я проценти 10-м ноблагъэ. КъимыдэкIэ, Кавказым мы­хьэнэшхуэ щызиIэ унэтIыныгъэ­хэм ящыщщ экологием ехьэлIахэри цIыхухэм я узыншагъэр хъумэным хуэгъэзахэри. Аращи, фыкъы­худоджэ, фи IуэхущIафэ дахэхэм-кIэ къыдэфхьэхыу, фи сатырхэм цIыху нэхъыбэ къызэрыхэфшэным фыхущIэкъуну.
- Мыбдежым къыщызэхуэсахэм, хьэщIэхэми ди республикэм щыщ­хэми, псоми, сынывохъуэхъу мы иджырей ди зэхыхьэм фIы къыф­худэкIуэну, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. - Сыт зищIысыр сэркIэ мыбдежым къыщызэхуэса фщыщ дэтхэнэри? ЖысIэну сызыхуейр аращи, фэ, псори, фIым фриджакIуэщ, псапэ зыпылъ Iуэхухэр лэжьыным гукIи псэкIи еувэлIауэ. Сыт хуэдэ IэнатIэ фыпэрымытами, гуапагъэ хэлъу ­абдежым щывгъэзащIэ IуэхущIа­фэхэм фэ езыхэр фригуфIэжрэ ­къапэкIуэну берычэтым, фIыгъуэм фи деж нигъэзэжыну сыфхуо­хъуахъуэ! Властым щыщхэм къабгъэдэкIыу мыри зэхывэзгъэхынут: фи лэжьыгъэм ехьэлIауэ сыт хуэдэ жэрдэм къыхэвмылъхьами къыв­дэтщтэнущ, вдэтIыгъынущ.
ЗэIущIэм къыщызэхуэса волонтёрхэм упщIэ зыбжанэкIэ лIыщ­хьэ­хэм зыхуагъэзащ. Ахэр теухуат езыхэм яфIэфIу IуэхуфI зылэжьхэм я зэщIэхъееныгъэм нэхъри зиу­жьы­нымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэр зыхуэдэм, нэгъуэщIхэми.
ЕтIуанэ Iуэхугъуэу лIыщхьэхэр ­кIуащ Тегенекли къуажэм къыщы­зэрагъэпэща, «Iуащхьэмахуэ-19» зыфIаща хэщIапIэм. Ар Къэбэр­дей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм я зэпыщIэныгъэр гъэ­быдэным хуэгъэпса, а хэгъэ­гуи­тIым социально-экономикэ, щэнхабзэ я лъэныкъуэкIэ я ехъулIэны­гъэхэр зыхуэдэр щагъэлъагъуэ ­утыкухэм ящыщ зыщ. Абы мы зэ­маным щыIэщ зи ныбжьыр илъэс 15-м къыщыщIэдзауэ 18-м нэс зи ныбжь щIалэ, пщащэ 100-м нэб­лагъэ.

Тхыгъэри сурэтхэри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.10.2026 - 09:03

Зэи мыкIуэдыжыну IэщIагъэ

Хабзэ зэрыхъуауэ, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ яхуэзащ. 

08.10.2026 - 09:02

Дыгъэм кърегъэгъэзэж

Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 зэрырикъум и цIэр зезыхьэ паркым ит галереем мы махуэхэм щагъэлъагъуэ Къэбэрдей-­Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик, философ

08.10.2026 - 09:00

И тхыгъэхэр къэцIыхугъуафIэт

Лъэпкъ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм щекIуэкIащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, тхакIуэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм къы­зэралъхурэ мы гъэм илъэси 100 зэ­ры­рикъум теухуа пшыхь.

07.10.2026 - 09:03

ФIым ухуэлъащэмэ, фIым ухуэкIуэнщ

Бзылъхугъэ гуащIафIэ, илъэс 45-м нэблэгъауэ ­химиемрэ биологиемкIэ ­егъэ­джакIуэ, Бахъсэн ­щIыналъэм хыхьэ Кыщпэк ­(Ты­жьей) къуажэм  ­къы­­­щалъхуа, республикэм Егъэ­­джэныгъэмкIэ и министерствэм

07.10.2026 - 09:03

И гуащIэм щыгуфIыкIыу

Зи гуащIэдэкIым щыгуфIыкI цIыхум и насыпщ.