Шынагъуэншагъэр нэхъыщхьэщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым ще­кIуэкIащ шынагъуэншагъэмкIэ уры­сейпсо тхьэмахуэ зэхуаку Iуэхур. Абы хэтащ Iэпщэрызауэ зэ­хэтымкIэ дуней псом, Урысейм и чемпионхэмрэ школакIуэ щэ бжыгъэхэмрэ. 

Республикэм и Къэрал авто­инспекцэм, полицэм и къудамэм я унафэщIхэм, муниципальнэ влас­тым и лIыкIуэхэм, спортсмен цIэ­рыIуэхэу Багъ Алий, КIуэкIуэ Му­хьэмэд, Шыбзыхъуэ Арсен, Къэбард Руслан сымэ сабийхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ къыхураджащ гъуэгум шынагъуэншэу щызекIуэным хуэгъэпса хабзэм тетыну. 
КъБР-м и Бахъсэн районым хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм дэт курыт еджапIэ №7-м а Iуэхум хиубыдэу щекIуэкIащ махуэшхуэ зэIущIэ. Абы хэтащ ведомствэ, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр, спортсмен цIэ­рыIуэхэмрэ школакIуэхэмрэ.
Къыхэдгъэщынщи, Iуэху щхьэпэм кърихьэлIащ Бахъсэн къалэм и администрацэм и унафэщIым и япэ къуэдзэ Къардэн ФатIимэ, уна­фэщIым и дэIэпыкъуэгъу Зеущэ Хьэмид, егъэджэныгъэмкIэ де­партаментым и унафэщI Борэн ­Маринэ, щIыпIэ администрацэм ­граждан зыхъумэжыныгъэмрэ къы­зэрымыкIуэ щытыкIэхэмкIэ къудамэм и унафэщI Къуэдз Лелэ, республикэм Къэрал автоинспекцэм­-кIэ и управленэм и унафэщIым и ­къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ, полицэм и полковник Сухорученкэ Дмитрий, Урысей МВД-м и Бахъсэн къудамэм и унафэщI, полицэм и полковник Хэжь Аслъэнбий, район Къэрал автоинспекцэм и унафэщI, полицэм и подполковник ШащIэ Алим, грэпплингымкIэ, джиу-джит­сумкIэ дунейпсо, урысей зэпеуэхэм мызэ-мытIэу щытекIуа, АСА лигэм и чемпион Багъ Алий, Урысейм грэпп­лингымкIэ и чемпион, АСА лигэм и чемпион КIуэкIуэ Мухьэмэд, «АСА YoungEagles» лигэм и чемпион Шыбзыхъуэ Арсен, Iэпщэрыбанэ зэ­хэтымкIэ бэнакIуэхэр зыгъэхьэзыр Къэбард Руслан.
ХьэщIэхэм къыхагъэщащ къыт­щIэхъуэ щIэблэр щIэныгъэ ябгъэ­дэлъу, хабзэм тету гъэсэнымкIэ ­ирагъэкIуэкI Iуэхум мыхьэнэшхуэ зэриIэр. 
Хэжь Хьэсэнбий жиIащ мы Iуэху щхьэпэр къезыхьэжьахэм зыщIагъэкъуэну зэрыхьэзырыр. АдэкIэ абы фIыщIэ тхылъхэр яритащ щIэб­лэр хабзэм тету, гъуэгум шына­гъуэншэу щызекIуэу егъэсэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа, щIы­пIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ IэнатIэм и лIыкIуэхэмрэ егъэджа­кIуэ­хэмрэ. 
- Фэ фщыщ дэтхэнэми и мурад­-хэр иIэжщ, балигъ фыхъуу щIэныгъэ зэвгъэгъуэтыну икIи къыхэфха IэщIагъэм фрилэжьэну, ауэ къе­мы­зэгъ зы лъэбакъуэ чыным, гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэр къызэ­пыу­дыным фи хъуэпсапIэхэр къызэтрикъутэнкIэ мэхъу. Гъуэгум набдзэгубдзаплъэу фыщыщыт, - жаIащ спорт­сменхэм. 
АдэкIэ къызэхуэсахэм я гукъы­дэжыр къаIэтащ спортсмен цIэры­Iуэхэм зыхъумэжынымкIэ я мас­тер-классхэм, тематикэ викторинэхэм, школым и хореографие гупым, ПДД-м теухуа уэрэдхэмрэ усэхэмрэ едэIуащ. 
Махуэшхуэ зэхыхьэм кърихьэлIа дэтхэнэми Iуэху щхьэпэм и кIэу­-хым иратащ абы и къызэ­гъэ­пэщакIуэхэм къабгъэдэкI, жэщым уэздыгъэ нэху тридзэмэ къаблэ цIыкIуфэкIу­хэр икIи сурэтхэр зытрагъэхащ. 

БАХЪСЭН Азэмэт.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.12.2023 - 12:35

ЗЫ ЦIЫХУ НЫБЖЬ 85 ГЪУЭГУАНЭ

Прохладнэм щыIэ сабий унэ-интернатыр илъэс 85-рэ зэры­рикъум и щIыхькIэ, абы и гъэ­сэнхэм деж щыIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Его­ровэ Татьянэрэ депутатхэмрэ.

09.12.2023 - 10:38

ЗЫ УПЩIИ ИРАГЪЭКIУЭТЭКIАКЪЫМ

Дыгъэгъазэм и 7-м Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, хабзэ ­дахэ зэрыхъуауэ, «Эфир занщIэкIэ» республикэм щыпсэухэмрэ журналистхэмрэ я упщIэ­хэм жэуап яритащ.

09.12.2023 - 09:25

ХЬЭ ХЬЭУЛЕЙХЭМ ПСЭУПIЭ ХУАЩIАЩ

Налшык къалэм и уэрамхэм сабии балигъи ягъэшынэу дэт хьэ хьэулейхэм унафэ ягъуэтащ.

09.12.2023 - 09:03

IЭДИИХУ ЧЭЩАНЭМ И КЪАЛЭЖЬ

Инжыдж и нэпкъ лъагэм илъэс щэ бжыгъэхэр и ныбжьу къытетщ Iэдииху чэщанэр. Хъыбарыжьу абы къыкIэлъекIуэкIыр пхуэбжынкъым.

08.12.2023 - 16:03

ХЬЭРЫЧЭТ ЩIЭНЫМ ХЭЛЪ ГУГЪУЕХЬХЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Белецкая Ольгэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ республикэм хьэрычэт щыщIэн Iуэхум теухуа зэIущIэ.