|
ДАНЭР УЗЫНШАГЪЭМКIЭ СЭБЭПЩ
26 сентября, 2023 - 06:03
Данэ щэкIыр къыщыунэхуар ирахьэлIэ ди эрэм ипэкIэ 3630 гъэм. Абы щыгъуэ Китайм щагъэхъуу зрагъэсауэ щытащ тутей хьэпIацIэр. Абы щыхьэт техъуэу къалъытащ Китайм къыщагъуэтыжа, хьэдэтепхъуэу къагъэсэбэпауэ щыта данэ щэкIхэр. Хэбгъэзыхьмэ, данэ щэкIыр къагъуэтын ипэжкIи Китайм къыщагъуэтат данэ Iуданэхэр.
Ди эрэм ипэкIэ 475-221 гъэхэм данэр Китайм щызэщIэлъэIэсауэ щытащ, къулейхэм нэмыщI къызэрыгуэкIхэми зэрахьэ хъуащ. Щыгъыным нэмыщI, абы къыхащIыкIырт макъамэ Iэмэпсымэхэм папщIэ кIапсэ шэщIахэр, къунтхым папщIэ лескэ, шабзэм папщIэ бзэпс, уеблэмэ тхылхымпIэ нэгъунэ. ЛъапIагъкIэ данэр дыщэм пэгъунэгъут.
Данэ зэращIым и щэхур Китайм зэман кIыхькIэ щабзыщIащ. Къэралым и гъунапкъэм тутей хьэпIацIэм и щыгъыныхьыр, хьэндрабгъуэр е джэдыкIэр изышыну и ужь ихьэм и судыр укIкIэ ящIэнут – апхуэдэ закон щыIэт.
Византием и пащтыхь Юстиниан 552 гъэм къэралыгъуэм дыхьа монаххэм я деж тутей хьэпIацIэм и джэдыкIэхэр къыщищэхуащ икIи унафэ ищIащ хьэндрабгъуэ къэгъэхъуным и ужь икIэщIыпIэкIэ ихьэн хуейуэ. Ауэрэ тутей хьэпIацIэхэр щызэрахуэ хъуащ Азие ЦIыкIум, Африкэ Ищхъэрэм, Испанием, Сицилием.
Данэ къыщIэгъэкIыныр егъэлеяуэ гугъут. Зы хьэндрабгъуэм и шылащхьэр Iуданэу 300-м щегъэжьауэ I500-м нэблагъэу зэхэлъщ.
ЩэкIыр зэтеж ещI ар къызыхэщIыкIа Iуданэм белок зэмылIэужьыгъуэхэр, апхуэдэуи тутей хьэпIацIэм и щыгъыныхьым и Iупс зэрыхэлъым. И дахагъэ къызэрымыкIуэм нэмыщI, данэр икIи егъэлеяуэ быдэщ. И быдагъым щхьэкIэ данэ Iуданэр иджырей медицинэм къыщагъэсэбэп регенерацэкIэ зэджэ Iуэхугъуэм. Данэм серицин хэлъщ. Абы и сэбэпкIэ, щэкIым хъунрэ нэгъуэщI хьэпIацIэхэмрэ гъунэгъу хуэхъунукъым. Данэм хэлъщ аминокислота лIэужьыгъуэу I8. Ар сэбэп мэхъу цIыхум и лъыр тэмэму зекIуэнымкIэ. ЩэкIым хэлъ протеинхэм ящыщ зым, фибрионкIэ зэджэм, цIыхум и щIыфэр зэлъэныр нэхъ хуэм ещIыф. Данэ Iуданэхэр нэхъ махэ зыщIыфыр нэхурщ. Сыхьэт 200 хуэдизкIэ дыгъэ гуащIэр къытепсэмэ, щэкIыр хуэдитIкIэ нэхъ махэ хъунущ.
Ди зэманым щэкI промышленностым нэмыщI, данэр къыщагъэсэбэп техникэми авиацэми. Псалъэм папщIэ, абы къыхащIыкI парашютхэр, фильтр зэмылIэужьыгъуэхэр.
1652 гъэм Урысейм тутей плантацэхэр щащIэну и ужь ихьауэ щытащ. Жыг мин I5-м нэблагъэ щыхасащ Измайловкэ къуажэм. Щыгъыныхьхэр гъэшхэнымкIэ зыхуэныкъуэ жыгхэр щIагъуэу къэкIыртэкъым, заужьыртэкъым. Апхуэдэу, данэ къыщIэгъэкIын пIалъэкIэ къагъэнэжауэ щытащ. ЩэкI лъапIэр Урысейм къыщыщIагъэкIыу щIадзащ Пётр I и тетыгъуэм.
ГЪУЭТ Синэ.
|
10.10.2024 - 09:03 МЕЙКЪУАПЭ. ФокIадэм Адыгейм и къалащхьэм къыщалъхуащ сабий 259-рэ: 140-р щIалэ цIыкIуу, 119-р хъыджэбз цIыкIуу. Абыхэм зэтIолъхуэныкъуэу 5 къахэкIащ.
|
|
10.10.2024 - 09:03 Кэнжэ къуажэм дэт «Пять колец» спорт академием тхэквондом зыщыхуезыгъасэу щыIэ ди щIалэр къэсшэжыну сыкIуауэ, топджэгу губгъуэмкIэ занщIэу сунэтIат, сабий джэгухэм сахэплъэну. |
|
10.10.2024 - 09:03 ЕтIуанэ Iыхьэ.
|
|
09.10.2024 - 12:25 ЧЕРКЕССК. |
|
09.10.2024 - 09:03 «АтIэкIум» цIэр зэрехьэ хы ФIыцIэм пэгъунэгъу мэзылъэ бгыщхьэхэм къыщежьэ Бэкъан (цIыхухъуцIэщ), Ныбэджей (кIахэ адыгэхэм я бзэкIэ «бгъэжь лъыиф, хьэщхьэрыIуэ» жыхуиIэщ) псы цIыкIуитIыр щызэхэлъэ |
|