ГРИММ ЗЭШХЭР![]() Гримм зэкъуэшхэр нэмыцэ тхакIуэхэщ, щIэныгъэлIхэщ. Якоб 1785 гъэм, Вильгельм - 1786 - м Ханау къалэм къулыкъущIэ унагъуэм къыщалъхуащ. Езы тIур бынибгъум я нэхъыжьхэт. КъыдэкIуэтея нэужь Кассель щыIэ лицейм, ар къаухри Марбург университетым юристу щеджахэщ. Гриммхэр литературэм дригъэхьэхащ университетым абы щыхуезыгъэджам. Шиллерырэ Гётерэ я тхыгъэхэр, усэхэр, нэмыцэ тхыгъэхэр, дэфтэрхэр, IуэрыIуатэр куэду щIаджыкIырт. 1812 гъэм зэшхэм къыдагъэкIауэ щытащ «Сабий, унагъуэ таурыхъхэр» тхылъыр. Абыхэм зэхуахьэсыжа икIи художественнэу ягъэпсыжа таурыхъищэ ихуауэ щытащ тхылъым. Илъэсищ дэкIри, етIуанэ тхылъри къыкIэлъыкIуащ. ЕтIуанэм и къыдэкIыгъуэм Гриммхэр Германием и цIыкIуи и ини яцIыхурт. Гриммхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа таурыхъхэм тращIыкIащ мультфильм куэд, ягъэуващ спектальхэр. Хэт зымыцIыхур Золушкэ, Рапунцель е ТхьэIухуд жейр! Пщащэ цIыкIухэм абыхэм зрагъэщхь, я хьэлхэр ящIэ, я псалъэхэр жаIэрейщ. Ахэр Гриммхэ Якобрэ Вильгельмрэ я псысэ лIыхъужьхэщ. «Бремен-джэгуакIуэхэр», «Король-ВынджьакIэ», «Гном-щхьэгъум», «Зэшищ», «Королыкъуэ-Хьэндыркъуакъуэ», нэгъуэщI куэди лъэпкъ Iэджэм я бзэкIэ зэрадзэкIащ. Куэд кърагъэуващ ди адыгэбзэми. Гримм зэшхэм я Iэдакъэм къыщIэкIащ таурыхъ телъыджэ куэд. Ауэ абы и закъуэкъым ялэжьар. Нэмыцэбзэм и лексикэмрэ и грамматикэмрэ теухуауа куэд яхузэфIэкIащ. Гриммхэм зэхагъэуващ нэмыцэбзэм и псалъалъэ. Нало Хаур зэридзэкIауэ «ТхьэкIумэкIыхьымрэ цыжьбанэмрэ» псысэм фыкъеджэмэ, ди гуапэщ. ГУГЪУЭТ Заремэ.
ТхьэкIумэкIыхьымрэ цыжьбанэмрэ Мы псысэр фэ фи фIэщ хъуну къыщIэкIынкъым. Ауэ сэ си дадэм мыр щиIуэтэжкIэ, мыпхуэдэу жиIэ хабзэт: - Псысэр пцIы защIэкъым. Абы пэжи хэтщ. Арыншамэ, сыт щхьэкIэ яIуэтэнт ахэр цIыхум7 Мы псысэм къызэрыщIидзэр мыпхуэдэут… Еуэри, зэгуэрым дыгъэпс махуэ бзыгъэу, цыжьбанэр и унэ бжэIупэм Iутт жеIэ, и IитIыр и ныбащхьэм щызэпрыдзарэ дзапэ уэрэди жиIэу. Дзапэ уэрэдыр жиIэу здэщытым, занщIэу игу къокI6 «СыкIуэнщи губгъуэм, балыджэм сеплъынщ. Си гуащэм, цыжьанэ анэжьым, сабийхэр игъэпскIыху - ихуапэхукIэ, губгъуэми сынэсынщи, унэми сыкъэсыжынщ». Цыжьбанэр йожьэри, здэкIуэм тхьэкIумэкIыхым хуозэ6 ари губгъуэм кIуэрт и къабыстэ хьэсэм еплъыну. Цыжьбанэм къелъагъу тхьэкIумэкIыхьыр, щхьэщэ хуещIри, щыгуфIыкIыу жреIэ: - Уузыншэм, зиусхьэн тхьэкIумэкIыхь! Дауэ фыпсэурэ? ТхьэкIумэкIыхьым Iейуэ зигъэкът, пагэт. Нэмыс хэлъу цыжьбанэм сэлам кърихыжыным ипIэкIэ, и щхьэр ищIри, Iэдэбыншэу къепсэлъащ: - СлIо, цыжьбанэ, нэхумыщым губгъуэр къыщIэбущыхьыр? - Си нэгу зезгъэужьыну сыкъыдэкIащ, - жи цыжьбанэм. - Уи нэгу зебгъэужьынуи? - и пащIэкIэм къыщIогуфIыкI тхьэкIумэкIыхьыр. - уэлэхьи а уи лъакъуэжь цIыкIухэм жыжьэ уахьыну фэ езмыплъ. А псалъэхэр цыжьбанэм и гум зэпхидзащ. ФIэфIтэкъым абы и лъакъуэ къуаншэжь цIыкIухэр кърахъуэну. - Уа, уимыгугъэжу пIэрэ уэ а уи тхьэкIумэкIыхь лъакъуэхэр нэхъыфIу, нэхъ псынщIэу зежэу? - йоупщI ар тхьэкIумэкIыхьым. Абы шэч хэлъкъым, - жи тхьэкIумэкIыхьым. - НтIэ укъыздэжэн? - аргуэру йоупщI цыжьбнэр. - Уэ сыкъыбдэжэуи? - жи тхьэкIумэкIыхьым ауан къищIу. - си дыхьэшхын къомыгъакIуэт иджы! А уи лъакъуэ къуаншэжь цIыкIухэмкIэ сэ укъыстежуи? - Плъагъункъэ, - жи цыжьбанэм. - Плъагъункъэ, сыкъыптежауэ. - НакIуэт тIэ дыщIэгъапхъуэт! - жи тхьэкIумэкIыхьым. - Зэ умыпIащIэт, - жи цыжьбанэм. - Япэ щIыкIэ сыкIуэжынщи, пщэдджыжьышхэ сщIынщ, сыхьэт ныкъуэ нэхъ дэмыкIыу сыкъэсыжынщи, итIанэ къыздэжэ. Хъункъэ? Игъэзэжауэ мэкIуэж цыжьбанэр. Гупсысэурэ мэкIуэж: - «ТхьэкIумэкIыхьыр, дауи, сэ нэхърэ нэхъ жэрщ. Ауэ ар делэщ, сэ сыгубзыгъэщ. Сэ абы бзаджагъэкIэ сытекIуэнщ», - жи. Цыжьбанэр къосыжри и фызым жреIэ: - Зыхуапэ, псынщIэу си гъусэу губгъуэм унэмыкIуэу хъунукъым. - Сыт къэхъуар? - жи цыжьбанэ анэжьым. - ТхьэкIумэкIыхьым сэрэ баз дызэпихьащ, дыкъызэдэжэу къытежым деплъыну. Сэ тхьэкIумэкIыхьым сыкъытемыжу хъунукъым, ауэ абыкIэ укъыздэIэпыкъун хуейщ. - ЖыпIэр сыт, на, делэ ухъужу? - къэуIэбжьащ цыжьбанэ анэжьыр. Дауэ уэ тхьэкIумэкIыхьым укъызэрыдэжэнур7 Тхьэ, занщIэу къыптемыжым! - Абы уи Iуэху хэлъкъым, - жи цыжьбанэм. - Зыхуапи накIуэ. Сэ сщIэр сощIэж. Фызым зихуапэри цыжьбанэм щIыгъуу кIуащ губгъуэм. ЗдэкIуэм, цыжьбанэм жреIэ и фызым: - ТхьэкIумэкIыхьым дэрэ мис мы губгъуэ кIыхьым дыщыздэжэнущ. Ар зы вагъымбэкъум дэту, сэ нэгъуэщI вагъымбэкъум сыдэту. Уэ, фыз, губгъуэкIэм деж къэув, си вагъымбэкъум удэту. ТхьэкIумэкIыхьыр къызэрыплъагъуу негуо: «сэ сыкъэсакIэщ уи япэ!» - жыIи. КъыбгурIуа? - къызгурIуащ, - жи фызым. Еуэри, апхуэдэу ящIащ. Цыжьбанэм и гуащэр ишэри, вагъымбэкъум деж къигъэуващ, езым къигъэзэжри, тхьэкIумэкIыхьыр къыщигъэнам деж къекIуэлIэжащ. - НтIэ, дыздилърэ? - жи тхьэкIумэкIыхьым. - НакIуэ, ныщIэпхъуэ, - жи цыжьбанэм. Щхьэж и вагъымбэкъум кIуэри дэуващ. - Зы, тIу. щы! - жеIэри мэгуо тхьэкIумэкIыхьыр. ТIури я лъэ къызэрихькIэ йолъ. Цыжьбанэм лъэбакъуэ зыщыплI ижри, хуомурэ къэкIуэжри и пIэ итIысхьэжащ. Щысщ зегъэпсэхури. ТхьэкIумэкIыхьыр мажэри мажэ. ВагъымбэкъукIэм ныщыблагъэм, цыжьбанэ анэжьыр къогуо: - Сэ сыкъэсакIэщ уи япэ! - жи. Цыжьбанэмрэ цыжьбанэ анэжьымрэ зэщхьыркъабзэт пхузэхэмыгъэкIыу. ТхьэкIумэкIыхьым егъэщIагъуэ цыжьбанэр къызэрыпежьар. - Иджы дыкъыздикIамкIэ дыгъэгъази, аргуэру дызэдэгъажэ, - жи абы, цыжьбанэ анэжьым жриIэу. - Зы, тIу, щы! Егъэзэж тхьэкIумэкIыхьми, нэхъ псынщIэжу мэцIыв, цыжьбанэ анэжьыр и пIэ къинэжауэ исщ. ТхьэкIумэкIыхьыр вагъымбэкъупэм нэблэгъэжауэ цыжьбанэ гуэрыр къогуо6 - Сэ уи япэ сыкъэсыжащ! - жери. Нэхъ Iеижу егъэщIагъуэ ар тхьэкIумэкIыхьым. - Иджыри зэ дыздигъэлъыж, - къолъэIу ар цыжьбанэм. - Ерэхъу, - жи цыжьбанэми. - Ухуеймэ, иджыри дыздэжэнщ. Аргуэру къызэдожэ. Мис апхуэдэурэ губгъуэм и кIыхьагъкIэ ирижэ кърижэжурэ тхьэкIумэкIыхьыр блыщIрэ щэрэ жащ. Зэпымыууи цыжьбанэр къытежт. ТхьэкIумэкIыхьыр вагъэмбэкъум и пэм къызэрыблагъэжу, цыжьбанэр абы егуот: «Сэ уи япэ сыкъэсакIэщ!» - жиIэурэ. ТхьэкIумэкIыхьым игъэзэжырти, вагъэмбэкъукIэм къыщыблагъэкIэ, цыжьбанэ анэжь гуэрыр къегуорт: «Сэ уи япэ сыкъэсакIэщ!» - жиIэурэ. БлыщIрэ еплIанэ жэгъуэм тхьэкIумэкIыхьыр губгъуэм и зэхуэдитIым нэмысу къэукIуриящ. ЗэзыдзэкIар НАЛО Заурщ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|