НАРТЫХУР КЪРАХЬЭЛIЭЖ

Мэкъумэш IуэхущIапIэхэм

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, республикэм и мэкъумэшыщIэхэм нартыху гъавапхъэу япэ тонн мин 40-р Iуахыжащ. Мы гъэм ар нэхъыбэу щыхащIар Тэрч, Прохладнэ, Дзэлыкъуэ, Бахъсэн куейхэрщ - нартыхум республикэм щIыуэ щыхухахам и процент 65-р абыхэм яубыдащ.

Нартыхур республикэм и гъавапхъэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Мы гъэм абы щIыуэ ирагъэубыдащ гектар мини 127,7-рэ, е гъавапхъэ псоми щIыуэ хухахам и процент 62-р.

Лым къыхохъуэ

Кавказ Ищхъэрэм статисткэмкIэ и управленэм иджыблагъэ зэбгригъэха хъыбарым къызэрыщыхэщымкIэ, 2023 гъэм и щIышылэ - бадзэуэгъуэ мазэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, уней IуэхущIапIэхэм псори зэхэту къыщалэжьащ джэдылрэ былымылу тонн мин 62,1-рэ, е нэгъабэ щыIа бжыгъэхэм елъытауэ проценти 111,8-рэ.

Абы щыщу мэкъумэш IуэхущIапIэхэм кяхуозэ лы тонн мин 24-р, е джэдылрэ былымылу къыщIагъэкIам и процент 38,7-р. 2022 гъэм и япэ мазиблым щыIа бжыгъэхэм нэхърэ ар процент 41-кIэ нэхъыбэщ.

Лы лIэужьыгъуэхэм дытепсэлъыхьмэ, къащIагъэкIам и процент 86,6-р джэдылым къылъос.

Къыхэгъэщыпхъэщ, къыщапщытэж пIалъэм къриубыдэу, джэд бжыгъэм фIыуэ зэрыхэхъуар - процент 47,8-кIэ. Дызэрыт илъэсым шыщхьэIум и 1-м ирихьэлIэу мэкъумэш IуэхущIапIэхэм джэд бжыгъэу яIэр мелуан 2,1-м нэблэгъащ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.01.2025 - 09:12

ЦIыху мини 100-м щIигъу

ИлъэсыщIэ зыгъэпсэхугъуэ махуэ 11-м къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIащ турист мини 103,4-рэ.

14.01.2025 - 09:09

Алинэ и Антарктидэр

Антарктидэ жыжьэм къикIыу хъыбар гуапэ иджыблагъэ къытIэрыхьащ.

14.01.2025 - 09:08

ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм

«Свой стиль» зэгухьэныгъэм хэтхэм я къыкIэлъы­кIуэ гъэлъэгъуэныгъэр Налшык къалэм, ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм ит ро­зэ­хэм я хьэ­сэхэм деж, къы­­щызэIуахащ. 

14.01.2025 - 08:48

Лъагъуныгъэ

5-нэ Iыхьэ

13.01.2025 - 16:59

Хэхъуэхэр яIэу

Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ – щэкIуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и фермерхэмрэ уней IуэхущIапIэхэмрэ зэхэту къалэжьащ лырэ джэдкъа