АДЫГЭБЗЭР ФХЪУМЭ!

Илъэсым зэ-тIо къуажэм сокIуэжри, тхьэмахуэ хуэдиз сыщыIэщ. Иджыи, махуитI-щы хъуащи къуажэмкIэ сыщыIэщ, Узуняйлэ жылагъуэм и адрей адыгэ къуажэхэми сахуэзэу...

Илъэс 40 хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ адыгэхэр Тыркум жылагъуэ жылагъуэу адыгэ защIэу къуажэхэм дыщысхэт. ЦIыкIу-ин псори адыгэбзэкIэт дызэрызэпсалъэр, тыркубзэ зыцIутI жыпIамэ къыхэмыхуэу. АрщхьэкIэ нобэ адыгэбзэ зыщIэ цIыкIу Тыркум исыжкъым, адыгэбзэ зыщIэхэми кIуэху хощI.

Абы щыгъуэ ди пщIыхьэпIэ къэкIакъым адыгэбзэр тIэщIэхуну, егъащIэм ар диIэн тфIэщIащ. Хъунур хъуа нэужь къэралым еджапIэхэм хуейм адыгэбзэ дерс урок идот жари зыгуэр къаублами абыи къикIыныщэ щыIэкъым.

Хэкум исхэращ мыхэр щIыжысIэри, мыр Хэкущ, ди къуажэхэм, ди хьэблэхэм адыгэбзэр щызокIуэ, мыбы адыгэбзэр щыкIуэдынкъым жыфIэуэ абы фыщымыгугъущэ, абы фремыгъэбэлэрыгъ. Iэмал зэрывгъуэткIэ, хуей-хуэмей жывмыIэу цIыкIухэр еджапIэхэм адыгэбзэ щевгъаджэ, адыгэбзэкIэ щIэныгъэ зэрыщаджыным, адыгэбзэм къэралым утыку зэрыщигъуэтынум фыхущIэкъу.

Хэкум исхэм фэ нэхъ фщIэнщ фи Iуэху зытетыр, дэ дыкъыхэпсэлъыхьыну абы щыщыIэкъым ауэ дэ ди нэгуэ щIэкIахэм тIэкIу щыгъуазэ фытщIынущи аращ мыхэр къыщIэтпсэлъыр.
ПэщIэдзэ еджапIэм сэри илъэситIкIэ сызыщеджауэ аращ ХьэпэщIей и къуажэ еджапIэм. Илъэс 25 лъандэрэ еджакIуэншэуэ нэщIыбзэуэ щытщ…

  Тэгъуланхэ Екъуб

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.09.2023 - 14:20

АРЫКЪ И ГЪУЭГУЩIЭР

Тэрч куейм хыхьэ Арыкъ жылэм километри 2,5-рэ зи кIыхьагъ и автомобиль гъуэгур иджыблагъэ щызэрагъэпэщыжащ, «ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ.

27.09.2023 - 09:34

Шынагъуэншагъэр нэхъыщхьэщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым ще­кIуэкIащ шынагъуэншагъэмкIэ уры­сейпсо тхьэмахуэ зэхуаку Iуэхур. Абы хэтащ Iэпщэрызауэ зэ­хэтымкIэ дуней псом, Урысейм и чемпионхэмрэ школакIуэ щэ бжыгъэхэмрэ. 

27.09.2023 - 09:32

Лъагъуныгъэмрэ гуапагъэмрэ я лъахэ

Мы гъэм илъэс 20 мэхъури, Урыскй Федерацэм ща­гъэ­лъапIэ ГъэсакIуэмрэ школ кIуэгъуэ ныбжьым нэ­мысахэм ядэлажьэ Iэ­щIа­гъэлIхэмрэ я махуэр.

27.09.2023 - 09:30

УзыIэпызышэ зэхэшэ

Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиоте­кэм и лъахэхутэ къудамэм зэхыхьэ гъэ­щIэгъуэн ще­кIуэкIащ.

26.09.2023 - 15:02

ГРИММ ЗЭШХЭР

Гримм зэкъуэшхэр нэмыцэ тхакIуэхэщ, щIэныгъэлIхэщ. Якоб 1785 гъэм, Вильгельм - 1786 - м Ханау къалэм къулыкъущIэ унагъуэм къыщалъхуащ. Езы тIур бынибгъум я нэхъыжьхэт.