УщымыгуфIыкIыу къанэркъым

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ Урысейм Лъакъуэрыгъажэ спортымкIэ и федерацэм и ге­неральнэ унафэщI Кучерявый Юрийрэ абы и къуэдзэ Никитенкэ Сергейрэ.

ЗэIущIэм хэтащ Парламентым и вице-спикер Къардэн Мурат, Физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ туризмэмкIэ комитетым и унафэщI Бэрэгъун Арсен.
Егоровэм хьэщIэхэм фIэхъус псалъэкIэ ­захуигъэза нэужь, спортым зегъэужьын и лъэныкъуэкIэ ди республикэм щекIуэкI лэ­жьыгъэхэм яхутепсэлъыхьащ. Мы махуэхэм екIуэкIа «Кавказ Ищхъэрэм и лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэ» лъакъуэрыгъажэ зэдэжэм и гугъу ящIащ. 
- УщымыгуфIыкIыу къанэркъым лъа­къуэрыгъажэ спортым гулъытэ хуащI зэрыхъуам. Апхуэдэ зэхьэзэхуэхэр щекIуэкIыну щIыпIэхэр зэрахухэтхым нэмыщI, ди щIа­лэгъуалэм а спорт лIэужьыгъуэм ехъулIэныгъэ щаIэну дыхуейщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абыкIэ япэ олимп чемпион хъуар Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Шыхъуэ Борисщ. Дэ ­хуабжьу дрогушхуэ абы. ИкIи ди гуапэщ ди щIыналъэм къыщеблэгъэжым деж. Фэ фIыщIэ фхузощI мыхьэнэшхуэ зиIэ апхуэдэ Iуэху ди республикэм зэрыщевгъэкIуэкIам ­папщIэ. Япэрауэ, ар телъыджэт икIи а лIэу­жьыгъуэм ехъуэпса, дихьэха куэд зэрыщыIэм шэч къытесхьэркъым, апхуэдэуи Федерацэм и щIыналъэ къудамэ къызэрызэIуахар ди ­гуапэщ. КъБР-м и Парламентым и илъэс ­30-м ирихьэлIэу спорт Iуэху дахэхэр къетхьэжьэну ди мурадщ. Абы лъакъуэрыгъа­жэкIэ къэжыхьынри хэтынущ, - жиIащ Егоровэм.
Кучерявый Юрий фIыщIэ яхуищIащ махуэ зыбжанэкIэ екIуэкIа «Кавказ Ищхъэрэм и лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэ» лъакъуэры­гъажэ зэдэжэр къызэзыгъэпэщахэм икIи къыхигъэщащ ар Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщрагъэкIуэкIым и фIагъым илъэс къэс зэрыхэхъуэр. 
ЗэIущIэм хэтахэр тепсэлъыхьащ лъа­къуэрыгъажэ спортым дяпэкIи зэрызрагъэужьынум, абы цIыху нэхъыбэ дегъэ­хьэхыным папщIэ щIапхъэхэм, щIалэгъуалэ нэхъыбэ спортым къыхэшэн зэрыхуейм, нэгъуэщIхэми. 
КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ. 
Сурэтыр  Елъкъан Артур  трихащ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.12.2023 - 16:53

ГЪЭЩIЭГЪУЭНЩ МЫ УЭСЫР

Американ щIэныгъэлI Либбрехт Кеннет уэс налъэхэм я тхыпхъэ 35-рэ къибжащ. Японием щыщ профессор Никайя Укихиро тхыпхъэ 4-рэ щыIэу жеIэ.

07.12.2023 - 09:25

IЭФIУ, КЪЭУАТУ ЩIАКХЪУЭ

ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Пасэрей Мысырым щIакхъуэ щагъажьэу щIадзащ ди эрэм и пэкIэ 5-нэ лIэщIыгъуэм.

07.12.2023 - 08:10

АЗЭПЩ И КЪУЭ ГЪУДЭБЕРД И УЭРЭДЫМРЭ И ХЪЫБАРЫМРЭ

Къэбэрдейм «уей-уей» жрагъэIэу исахэм ящыщщ Азэпщхэ. Лъэпкъ мащIэми, гу зыкIуэцIылъ, Хэкум щхьэкIэ зи псэр зытыну хьэзыр лъэпкъыфIхэм языхэзт. Абыхэм ящыщщ Гъудэберд жыхуаIэр.

07.12.2023 - 07:51

ЧЕМПИОНАТЫМ И ЕТIУАНЭ МЕДАЛЬ

Азербайджаным и къалащхьэ Баку иджыблагъэ щекIуэкIащ дзэм къулыкъу щызыщIэхэм спорт бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэмкIэ я 36-нэ дунейпсо чемпионат. Абы щызэпеуащ къэрал 18-м я спортсмен 200-м щIигъу.

07.12.2023 - 07:51

МАЙ ЩIЫНАЛЪЭМ ГЪУЭГУХЭР ЩЫЗЭРАГЪЭПЭЩЫЖ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм (проектым) и фIыгъэкIэ 2023 гъэм Май щIыналъэм Iуэхугъуэ хъарзынэхэр щызэфIагъэкIащ.