Республикэм зыщызыгъэпсэхуну къакIуэ туристхэм я бжыгъэм иужьрей илъэсхэм хэпщIыкIыу зэрыхэхъуар иджыблагъэ жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис.
«Иужьрей илъэситхум республикэм къакIуэ туристхэм я бжыгъэм хуэди 2,2-кIэ хэхъуащ. Дызэрыт илъэсым и япэ мазихым ди щIыпIэхэм зыщагъэпсэхуну къэкIуащ цIыху мин 621-м щIигъу - ар процент 12,9-кIэ нэхъыбэщ ипэ илъэсым зэрыщытам нэхърэ», - щыжиIащ Рахаев Борис республикэм и Iэтащхьэм деж Стратегие зыужьыныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ щыIэ советым и зэIущIэм.
Къыхэдгъэщынщи, 2022 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщагъэпсэхуну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мелуан 1,2-м щIигъуащ. Республикэм и туризмэм пыщIа IэнатIэхэм абыхэм хуащIа Iуэхутхьэбзэ зэмылIэужьыгъуэхэм фейдэуэ сом мелард 11 къахуищIащ. 2021 гъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ ар процент 13,4-кIэ нэхъыбэщ.
Абы щыгъуэми, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дызэрыт илъэсым и мэлыжьыхьым республикэм и Парламентым Зэрызыхуигъэзам къыщыхигъэщауэ щытащ 2025 гъэм ирихьэлIэу ди щIыналъэм зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэ туристхэм я бжыгъэр мелуани 2-м нагъэсын мурад зэрыщыIэр.
Рахаев Борис зэIущIэм апхуэдэуи щыжиIащ 2023 гъэм лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэным Къэбэрдей-Балъкъэрым сом мелард 11 зэрыщыхухахар, 2019 гъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ ар хуэдитIкIэ зэрынэхъыбэр.
Дызэрыт илъэсым лъэпкъ проектхэр щIэгъэкъуэн яхуэхъуу республикэм ухуэныгъэ, зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэм, щIыпIэхэр зэIузэпэщ щIыным ехьэлIахэм, псэупIэхэр къэщэхуным сом меларди 7-м щIигъу трагъэкIуэдэнущ. А Iуэхугъуэхэм къызэщIаубыдэ объект зэмылIэужьыгъуэу 80-м щIигъу.
Псалъэм папщIэ, абы хохьэ курыт еджапIэу 16, спорткомплекс, IэрыщI мыл зытелъ, лъэрыжэкIэ къыщажыхьын губгъуэ, лышх зыпкърытхэм щеIэзэ республикэ онкодиспансер, узыншагъэм щыкIэлъыплъ IуэхущIапIитI, жылэр псыкIэ къызэгъэпэщыным хуэунэтIа объекту 16, нэгъуэщIхэри.
Абыхэм нэмыщI, спорт, еджэныгъэ, щэнхабзэ, медицинэ IуэхущIапIэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным хуэгъэза лэжьыгъэшхуэхэр щIыналъэм иджыпсту щрагъэкIуэкI.
Апхуэдэуи дызэрыт илъэсым автомобиль гъуэгуу километри 160-рэ хуэдиз, лъэмыжу, къалэхэм къапэзыкIухь гъуэгуу псори зэхэту метр 275-м нэблагъэ щыIэ мардэхэм кърагъэтIэсэнущ. Я мурадщ километр 80 зи кIыхьагъ уэрамхэр къэзыгъэнэху линэхэр зэIузэпэщ ящIыну.
Псори зэхэту Къэбэрдей-Балъкъэрым щолажьэ къэрал программэу 26-рэ, щIыналъэ проекту 45-рэ: ахэр лъэпкъ проекту щыIэ 12-м хохьэ.
2019 - 2023 гъэхэм лъэпкъ проектхэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр гъэзэщIэным хуэгъэзауэ КъБР-м къыхуаутIыпщащ сом мелард 47,5-рэ.
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.