Саугъэтыр «Биг Брайт» зыIэрегъэхьэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралы­-гъуэм и махуэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу Налшык и ипподромым шы­гъажэ ще­кIуэ­кIащ. Абы кърихьэлIахэр еплъащ жьы ящIэту, псынщIэу шы къагъэжахэм, ахэр ­текIуэныгъэм ерыщу зэ­ры­щIэбэнам. 

Шыгъажэм хэта, ныбжькIэ зэхуэмыдэ адыгэш къабзэхэм я зэфIэкIхэр кърагъэлъэгъуащ шууейхэм. Ахэр зэпеуащ республикэм и махуэ лъапIэм ирихьэлIэу къызэгъэпэщакIуэхэм ягъэува саугъэт зэмылIэужьы­гъуэхэм щхьэкIэ. Абыхэм яхэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентыр илъэс 30 зэ­рырикъум теухуа саугъэтыр. Ар къэхьыным щызэпеуа шыхэм километр 1600-рэ зи кIы­хьагъ гъуэгуанэр къызэпачащ. Абы щыте­кIуащ «Биг Брайт» шыр. ХакIуэр зейр Бухтояров Валентинщ, мастер-тренерыр Кантаку­-зин Максутщ, шыр къэзыгъэжар шыгъажэмкIэ дунейпсо класс зиIэ мастер-жокей Иванский Александрщ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламен­тым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ шыгъажэм ­щытекIуахэм ехъуэхъуащ икIи япэ увыпIэр къэ­зыхьам иритащ республикэм и хабзэ­убзыху IэнатIэм игъэува саугъэт щхьэхуэр.
КъБР-м и Парламентым и депутатхэм ­къабгъэдэкIыу спикерым къызэхуэсахэм за­хуи­гъэ­защ:
- Нобэ махуэ гъуэзэджэщ - Республикэм и махуэщ, абы теухуауэ си псэм къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу ди щIыналъэм щыпсэухэм, КъБР-м и хьэщIэхэм. Дэ фIыуэ долъагъу и ­дахагъкIэ зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ, зи хабзэ, зи тхыдэ зиIэж ди республикэр. 
Ижь-ижьыж лъандэрэ Кавказым шыр фIыуэ щалъагъу, уеблэмэ, илъэс куэд хъуауэ къыддэгъуэгурыкIуэу шым зэрыхущыт хабзэ ди­Iэжщ. Гухэхъуэщ ар тщымыгъупщэу республикэм и махуэ лъапIэхэм, гуфIэгъуэхэм деж ­шыгъажэхэр зэрыщекIуэкIыр. ТIуащIэу ди ­гуапэщ нобэ къызэдэжа шыхэр респуб­ликэм и Парламентыр илъэс 30 зэрырикъум щхьэкIэ ягъэува саугъэтым зэрыщIэбэнар. Нобэ дунейм и щытыкIэм тIэкIу зэрызи­хъуэжам щхьэкIэ къэмынэу, шыгъажэр удэ­зыхьэхыу, гъэщIэгъуэну екIуэкIащ. Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу текIуэныгъэр къэ­зыхьахэм: ехъулIэныгъэхэр дяпэкIи фи­Iэну, шыгъажэхэм иджыри куэдрэ фыщытекIуэну, мыдрейуэ, ди республикэм щып­сэухэм - мамырыгъэ, гуфIэгъуэ яIэну, ефIэ­кIуэну! 
Шыгъажэр шым дихьэххэм гукъинэж ­ящыхъуащ. Апхуэдэуи ар я уэрэд дахэхэмкIэ яIэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и артист цIэрыIуэхэм. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.12.2023 - 09:25

IЭФIУ, КЪЭУАТУ ЩIАКХЪУЭ

ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Пасэрей Мысырым щIакхъуэ щагъажьэу щIадзащ ди эрэм и пэкIэ 5-нэ лIэщIыгъуэм.

07.12.2023 - 08:10

АЗЭПЩ И КЪУЭ ГЪУДЭБЕРД И УЭРЭДЫМРЭ И ХЪЫБАРЫМРЭ

Къэбэрдейм «уей-уей» жрагъэIэу исахэм ящыщщ Азэпщхэ. Лъэпкъ мащIэми, гу зыкIуэцIылъ, Хэкум щхьэкIэ зи псэр зытыну хьэзыр лъэпкъыфIхэм языхэзт. Абыхэм ящыщщ Гъудэберд жыхуаIэр.

07.12.2023 - 07:51

ЧЕМПИОНАТЫМ И ЕТIУАНЭ МЕДАЛЬ

Азербайджаным и къалащхьэ Баку иджыблагъэ щекIуэкIащ дзэм къулыкъу щызыщIэхэм спорт бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэмкIэ я 36-нэ дунейпсо чемпионат. Абы щызэпеуащ къэрал 18-м я спортсмен 200-м щIигъу.

07.12.2023 - 07:51

МАЙ ЩIЫНАЛЪЭМ ГЪУЭГУХЭР ЩЫЗЭРАГЪЭПЭЩЫЖ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм (проектым) и фIыгъэкIэ 2023 гъэм Май щIыналъэм Iуэхугъуэ хъарзынэхэр щызэфIагъэкIащ.

06.12.2023 - 15:34

АХЪШЭ ЩIЫХУЭМ ХОХЪУЭ

2023 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу республикэм и цIыхухэм банкхэм къыIаха кредитым и куэдагъыр псори зэхэту сом мелард 88,5-рэ хъуащ.