13 сентября, 2023 - 06:05
Тырныауз къалэм мы зэманым щызэрагъэпэщыж республикэм и щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм я нэхъ инхэм халъытэ, Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ щэнхабзэмкIэ уардэунэр. «Къуажэ щIыпIэхэм зэпэщу зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ ягъэзащIэ а лэжьыгъэхэр. КъБР-м и Iэтащхьэм и жэрдэмкIэ уардэунэр а программэм хагъэхьауэ щытащ, тырныауздэсхэм абы лъэIукIэ зыкъыхуагъэза нэужь.
А лэжьыгъэхэр зэрырагъэкIуэкI проектым къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэм ящыщщ унэшхуэм и инженер коммуникацэхэр хъуэжыныр, унащхьэр, бжэхэмрэ щхьэгъубжэхэмрэ щIэкIэ хъуэжыныр, унэ щIыбыр зехьэныр, унэлъащIэщIэрэ техникэкIэ къызэгъэпэщыныр, къедза щIыпIэр зыхуей хуэгъэзэныр. А лэжьыгъэ псори зэфIэкIыну хуагъэфащэ дызэрыт илъэсым и кIэм.
Уардэунэр 1968 гъэм яухуауэ щы-тащ. Проект хьэлэмэтыр зи тегъэщIапIэу ящIа унэм и кIуэцIым тхыпхъэщIыпхъэ хьэлэмэту зэхэгъэува плIанэпэ дахэхэр иIэщи, ахэр къагъэнэнущ, къагъэщIэрэщIэжынурэ. IуэхущIапIэм екIуалIэу щытащ Тырныауз дэта вольфрам-молибден комбинатым щылажьэ щIалэгъуалэр. Абы къыщызэгъэпэщауэ щыта гупжьейхэм я зэфIэкIхэм щыхагъахъуэрт лэжьакIуэбэм я бынхэм. Уардэунэм щылажьэу щыта творческэ гупхэр жыджэру хэтащ къэралпсо щэнхабзэ зэпеуэхэм, ехъулIэныгъэфIхэр къыщахьу.
Мы зэманми уардэунэм щолажьэ гупжьей зэмылIэужьыгъуэхэр, музейр, кинотеатрыр. Ар 2016 гъэм къызэIуахауэ щытащ, Москва КиномкIэ и фондыр къадэIэпыкъуу.
КIуэкIуэ Казбек зэрыжиIамкIэ, ЩэнхабзэмкIэ уардэунэр зэрагъэпэщыжмэ, абы тырныауздэсхэм къахузэIуихынущ лъэпкъ хабзэр хъумэнымкIэ, иджырей творческэ унэтIыныгъэхэм зегъэужьынымкIэ IэмалыфIхэр.