Зэпэщу ирихьэлIэжащ

ФокIадэм и 1-м зи бжэхэр цIыкIухэм къыхузэIузыхыжа еджапIэхэм ящыщщ Тырныауз дэт курыт школ №3-р. Мы махуэхэм абы щыIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Ар яхуэзащ школым и унафэщIхэм, егъэджакIуэхэм. 

1966 гъэм яухуауэ щыта еджапIэр зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэм хуэныкъуэу куэд лъандэрэ къекIуэкIащ. КIуэкIуэ Казбек къыщыпсалъэм къызэрыхигъэщамкIэ, апхуэдэ Iэмал абы иIэ хъуащ УФ-м и Президент Путин Владимир диIыгъауэ щыта «Егъэ­джэныгъэ IэнатIэр къэгъэщIэ­рэ­щIэжын» программэм ипкъ иткIэ. ЕгъэджакIуэхэм ­щахуэзам, ахэр тепсэлъыхьащ IэнатIэм Iутхэм я лэжьапщIэм зэрыхагъа­хъуэм, школым и мылъку-техникэ лъабжьэр зэрагъэбыдэм, абы щекIуэкI гъэсэныгъэ лэжьыгъэм. ЕджапIэм и унафэщI Хутуевэ Любовь жиIащ я гъэсэну щытахэм ящыщ куэд гъунэгъу щIыналъэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам лIыгъэрэ ­хахуагъэрэ къагъэлъагъуэу зэрыхэтыр. КIуэ­кIуэ Казбек егъэджакIуэхэм фIыщIэ яхуи­щIащ хэкупсэ зыIут, къэралым и къыщхьэ­щыжакIуэу ува щIэблэ екIу зэрагъэсам, а лэжьыгъэм адэкIи зэрыпащэм ­папщIэ.
Республикэм и Iэтащхьэм щыгъуазэ зы­хуищIащ зэпэщ хъужауэ лъэхъэнэщIэр зыублэжа школым иIэ хъуа IэмалыщIэхэм. Абы щеджэ ныбжьыщIэ 600-м нэсыр псори пщэд­джыжьыкIуэщ. Шэджагъуэ нэужьым школым щолажьэ гупжьей зэмылIэужьы­гъуэхэр.
Унэм къанэ щымыIэу щIэкIэ щахъуэжащ инженер коммуникацэхэр, бжэхэмрэ щхьэгъубжэхэмрэ, лъэгухэр. И кIуэцIри, и щIыбри екIуу зэрахьащ. Зэрагъэпэщыж школым екIуалIэ гъуэгур - ЩIалэгъуалэ уэрамыр. Абы зэпещIэ ГъуазджэмкIэ сабий еджапIэри, ЩэнхабзэмкIэ уардэунэри, къалэм и хьэблитIри. 
Лэжьыгъэхэм ящыщу зэфIэкIащ гъуэгум асфальтрэ бетону зэхэлъ пкъыгъуэр телъ­хьэныр, зэпэщ ящIащ гъунэгъуу щыт унэшхуэхэм я пщIантIэу 7. Къэна лэжьыгъэхэр дызэрыт мазэм и кIэухым ирихьэлIэу яухынущ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.12.2023 - 09:25

IЭФIУ, КЪЭУАТУ ЩIАКХЪУЭ

ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Пасэрей Мысырым щIакхъуэ щагъажьэу щIадзащ ди эрэм и пэкIэ 5-нэ лIэщIыгъуэм.

07.12.2023 - 08:10

АЗЭПЩ И КЪУЭ ГЪУДЭБЕРД И УЭРЭДЫМРЭ И ХЪЫБАРЫМРЭ

Къэбэрдейм «уей-уей» жрагъэIэу исахэм ящыщщ Азэпщхэ. Лъэпкъ мащIэми, гу зыкIуэцIылъ, Хэкум щхьэкIэ зи псэр зытыну хьэзыр лъэпкъыфIхэм языхэзт. Абыхэм ящыщщ Гъудэберд жыхуаIэр.

07.12.2023 - 07:51

ЧЕМПИОНАТЫМ И ЕТIУАНЭ МЕДАЛЬ

Азербайджаным и къалащхьэ Баку иджыблагъэ щекIуэкIащ дзэм къулыкъу щызыщIэхэм спорт бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэмкIэ я 36-нэ дунейпсо чемпионат. Абы щызэпеуащ къэрал 18-м я спортсмен 200-м щIигъу.

07.12.2023 - 07:51

МАЙ ЩIЫНАЛЪЭМ ГЪУЭГУХЭР ЩЫЗЭРАГЪЭПЭЩЫЖ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм (проектым) и фIыгъэкIэ 2023 гъэм Май щIыналъэм Iуэхугъуэ хъарзынэхэр щызэфIагъэкIащ.

06.12.2023 - 15:34

АХЪШЭ ЩIЫХУЭМ ХОХЪУЭ

2023 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу республикэм и цIыхухэм банкхэм къыIаха кредитым и куэдагъыр псори зэхэту сом мелард 88,5-рэ хъуащ.