ЩIы губжьам и зы техьэгъуэ къигъэлъэгъуащ мы махуэхэм - фокIадэм и 9-м Мароккэм щыIащ балли 7,2-рэ зыIыгъа щIыхъей шынагъуэ. Абы хэкIуэдауэ нобэкIэ къагъуэтыжащ цIыху 2400-м я хьэдэр, къызэтещэща унэ лъабжьэхэм сыт хуэдиз щIэлъми къэхутэгъуейщ.
Апхуэдэ дыдэ ди нэгу щIэкIат 2023 гъэр къыщихьагъащIэм - Тыркумрэ Сириемрэ щIыхъей шына-гъуэ къыщыхъуу, цIыху мин 50-м щIигъу щыхэкIуэдам. ЗэрыжаIэмкIэ, мыбыи хэкIуэдам къищынэмыщIа, иджыри апхуэдиз дыдэ уIэгъэ хъуащ, цIыху миным щIигъу сымаджэщхэм щIэлъщ, къэралым щыгъуэ махуищыр гузэвэгъуэ защIэкIэ ирехьэкI. Сыту жыпIэмэ, гъуэгухэр апхуэдизкIэ зэтекъутащи, языныкъуэ щIыпIэхэм уекIуэлIэнкIэ зы Iэмали иIэкъым, ауэ щыхъукIэ, унэ лъабжьэхэм щIипIытIарэ псэууэ къызэтенахэм дэIэпыкъуэгъу ямыгъуэту щIэлъщ.
- Апхуэдэу щIыхъей шынагъуэ зэи слъэгъуакъым. Си адэм сеупщIат, уеблэмэ. Абыи мы ди нэгу щIэкIам хуэдэу зэи имылъэгъуауэ, жаIэжуи зэхимыхауэ жеIэ. Бгылъэхэр нэхъ зэтрикъутауэ, абыкIэ щыпсэухэм я нэхъыбэр хэкIуэдауэ къысфIощI. Сыту жыпIэмэ, дэIэпыкъуэгъу псынщIэр зэпымычу абыкIэ макIуэ-къокIуэж. Мароккэм и ищхъэрэ щIыналъэм къищынэмыщIа, зэрыкъэралыгъуэу зэхащIащ щIыхъейр, - жеIэ Марракеш щыщ Саге Мохамед.
Журналистхэм къызэратымкIэ, языныкъуэ бгылъэ жылагъуэхэмкIэ дэкI гъуэгу закъуэр зэхэкъутащи, абы щыпсэухэм я Iуэху зыIутыр зыми ищIэркъым, интернетымрэ телефонымрэ щыпхыкIкъым.
Геологхэм зэрыжаIэмкIэ, Мароккэм апхуэдэ щIыхъей къыщыхъун хуеякъым. Ар Африкэ ищхъэрэ-къухьэпIэ щIы щхьэфэм тетщи, литосферэм и плитахэм я зэпылъыпIэм пэжыжьэщ. Арами, Атлас къуршым (Мароккэмрэ Алжирымрэ я зэпылъыпIэм деж) зридзэри, зэхикъутащ щIыхъейм. Балли 7,2-рэ иIыгъыу зридза нэужь дакъикъэ 19 дэкIри, етIуанэу иудынащ балли 4,9-рэ щIэлъу.
Африкэ Ищхъэрэм щIыхъей куэдрэ къыщыхъуркъым. Мыпхуэдэ дыди иужьрей илъэси 120-м ялъэгъуатэкъым.
- Геофизикхэм хуабжьу ягъэщIэгъуащ Мароккэм зэкIэлъхьэужьу щIыхъеитI зэрыщыIар. Тыркум ебгъапщэмэ, а ди нэгу щIэкIа дунейкъутэжыр къэхъун ипэ, Азие ЦIыкIум зы тхьэмахуэ хуэдизкIэ тIэкIу-тIэкIуурэ хъеящ щIыр. Мыбдеж, зэуэ къыкъуэуащ. Ари тIэу зэкIэлъхьэужьу. США-м къызэрибжамкIэ, километр 18 и кууагът эпицентрым. Абы къикIыр абдеж щызэхуихьэса гуащIэр зэхуэдэу щIы щIагъым щIимыгъэкIуэдэжу, къыдрихуери, щIы щхьэфэр зридзауэ аращ. Зридзэ мыхъуу, щIыр зэгуитхъащ, иублэрэкIащ. Абы щIипIытIа цIыхухэри псэууэ къыщIэпхыжыну куэдкIэ нэхъ гугъущ, унэ къутахуэхэр зэтепхыжын нэхърэ, - жеIэ ЩIым и физикэмкIэ РАН-м и Институтым и лэжьакIуэ, геофизик Жигалин Александр.
Фырэ Анфисэ.