Гъэ еджэгъуэщIэм и пэщIэдзэ махуэм ди къэралым и Президент Путин Владимир Москва областым хиубыдэ Солнечногорск къалэм щыIэ «Сенеж» егъэджэныгъэ центрым щыхуэзащ УФ-м хыхьэ щIыналъэхэм я еджакIуэ нэхъыфIхэм, жыджэрхэм, олимпиадэхэмрэ нэгъуэщI зэпеуэхэмрэ щIэныгъэ куурэ зэфIэкI лъагэрэ къыщы-зыгъэлъэгъуа ныбжьыщIэхэм. Ахэр нэхъапэIуэ-кIэ щытекIуауэ щытащ «УнэтIакIуэхэм я сабий школ» урысейпсо зэпеуэми.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, а зэхьэзэхуэр къыхалъхьауэ щытащ зи ныбжьыр илъэси 10-17 хъу ныбжьыщIэхэу жылагъуэ лэжьыгъэхэмкIэ, школ олимпиадэхэмкIэ, къэхутэныгъэ IуэхухэмкIэ нэхъ жыджэру зыкъэзыгъэлъагъуэхэм папщIэ. ФIым я фIыжу а зэпеуэм къыхэжаныкIа цIыху 40-ращ «Сенеж» центрым къыщызэрпагъэпэща «Мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэхэм ятеухуа псалъэмакъ» фIэщыгъэр зиIа зэхуэсым Президентым иригъэблэгъари. А ныбжьыщIэхэм ящыщ дэтхэнэми къэралым и Унафэ-щIым хуигъэхьэзырат езыр зыгъэпIейтей, дэзыхьэх Iуэхугъуэхэм ятещIыхьа уп-щIэхэр.
УФ-м и Президетым упщIэ хьэлэмэткIэ зыхуэзыгъэзахэм ящыщащ ди лъахэгъу пщащэ, Шэджэм къалэм дэт курыт школ №5-м и еджакIуэ Мэкъуауэ Иветтэ. Къыхэдгъэщынщи, Иветтэ илъэс зыбжанэ хъуауэ жыджэру хэтщ «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» урысейпсо зэгухьэныгъэм. Зыщеджэ школым и еджакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и пашэ, «Илъэсым и еджакIуэ нэхъыфI - 2023» щытекIуа пщащэ акъылыфIэр волонтёрхэми яхэтщ, «ЩIэныгъэ» зэгухьэныгъэми и лекторхэми ящыщщ. Иветтэ и упщIэр теухуат унэтIакIуэхэм я зэщIэхъееныгъэм адэкIи зегъэужьынымрэ абы жылагъуэм адэкIэ щигъуэтыну увыпIэмрэ къэралым и пашэм хуиIэ еплъыкIэхэм.
- УтIакIуэхэм я лэжьыгъэм, шэч хэмылъу, зыщиужьынущ ди хэкум. А Iуэхугъуэр иджы зэфIах балигъхэми фэ фхуэдэ ныбжьыщIэхэми, - итащ жэуап Путин Владимир. – Зым бгъэдэлъ Iэуху зехьэкIэ екIумкIэ, пэрытымкIэ, щIэныгъэмрэ зэфIэкIымкIэ адрейм дэгуэшэну гукъыдэж зэриIэр - ар мыхьэнэш- хуэ зиIэ, къэралыр, жылагъуэр зэщIэзыгъэбыдэ IэмалыфIщ. А унэтIыныгъэм адэкIи зегъэужьыным псори дыхущIэкъунущ.
Путин Владимир ирата упщIэхэр ехьэлIат къэралым иджыблагъэ къыхыхьа щIыналъэщIэхэм, егъэджэныгъэ, медицинэ, щэнхабзэ, социальнэ IэнатIэхэм къэкIуэну илъэсхэм яIэну зыужьыныгъэмрэ ягъуэтыпхъэ къэрал гулъытэмрэ. ИпэжыпIэкIэ, а псори къызэщIэзыубыдэ, щызэпкърах псалъэмакъ купщIафIэт, ди къэралым и къэкIуэнум хуэгъэпсат зэхуэсым щекIуэкIар.
- Псом нэхърэ нэхъыщ-хьэр укъыщалъхуа хэкур, лъэпкъыбэу зэхэт ди къэралышхуэр фIыуэ флъагъунырщ, абы и зэпэщыныгъэм, зыужьыныгъэмрэ ехъулIэныгъэмрэ хуэгъэп- са мурадыфIхэмрэ IуэхугъуэфIхэмрэ фиIэнырщ, зыIэрывгъэхьэнырщ, - жиIащ Президентым, зэхуэсыр щызэхуищIыжым.
ЗэIущIэм хэта ныбжьыщIэхэм къэралым и пашэр ягъэгугъащ зэфIэкыу яIэр а Iуэхугъуэхэм зэрырахьэлIэнумкIэ.
КЪАРДЭН Маритэ.