Мы махуэхэм Налшык къалэ дахэу щрагъэкIуэкIащ щIалэгъуалэр куэд щIауэ зыхуэзэша адыгэ джэгу. Коронавирус уз зэрыцIалэм зэрызиубгъуам и зэранкIэ пIалъэкIэ зэпагъэуауэ щыта мы Iуэхур щIэрыщIэу зэхэзыублэжа Къэбэрдей-Балъкъэрым и ЩIалэгъуалэ центрым дэIэпыкъуащ КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ министерствэр. Абыхэм къалэн нэхъыщхьэу зыхуагъэувыжар адыгэ лъэпкъым и щэнхабзэ бейр хъумэнырщ, егъэфIэкIуэнырщ.
Джэгум щIалэгъуалэр зэрыхуэпIащIэр наIуэ ящIу, щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ пасэу щызэхуэсын щIадзат ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм. Пшынэ макъым къалэр къызэщIигъэуша хуэдэ, цIыхур Iуву щызэхуэсат абы.
Пшыхьыр ирагъэкIуэкIащ «Япэ итхэм я урысейпсо зэщIэхъееныгъэм» КъБР-м щиIэ къудамэм и лэжьакIуэ Дзэгъащтэ Азэмэтрэ КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и къудамэм и унафэщI МафIэдз Линэрэ. Ахэр тепсэлъыхьащ джэгум лъэпкъым, цIыху щхьэхуэм я дежкIэ игъэзащIэу щыта къалэнхэм, нобэрей гъащIэм щиубыд увыпIэм.
Хабзэ хъумапIэ, абы и гъэлъэгъуапIэ нэхъыщхьэхэм язт джэгур. Дауи, нэхъыбэу зыхуэгъэзар зи щIалэгъуэрат. Ар щIэблэр щызэрыцIыху, щызэрылъагъу, я гухэлъ мурадхэмкIэ щызэрыщIэ щIыпIэт. Пщащэхэм я дахагъэр, Iэдэбагъыр, зыIыгъыкIэр, къафэм щаIэ зэфIэкIхэр щагъэлъагъуэрт джэгум. КъищынэмыщIауэ, щIагъыбзэ куэдкIэ зэщIэшхат джэгум ещIылIа хабзэхэр, дэтхэнэми езым и къалэнрэ мыхьэнэрэ иIэжу. Пшыхьыр езыгъэкIуэкIхэм абыхэм ящыщ зыбжанэ къызэхуэсахэм ягу къагъэкIыжащ.
ЩIалэгъуалэм къыхузэрагъэпэща Iуэхум хэплъэну, абыхэм псалъэ нахуэкIэ зыхуагъэзэну пшыхьым зыкърагъэхьэлIат КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт, жылагъуэ лэжьакIуэ, СССР-м спортымкIэ и мастер Къущхьэ Роберт, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и художественнэ унафэщI Атэбий Игорь, «Амикс» гупым я унафэщI Къул Амир, гъуазджэм и лэжьакIуэхэу Шэрыб Валерэ, Къашыргъэхэ Мадинэрэ Мухьэмэдрэ, Шал Хъусен сымэ.
Нэхъыжьхэр къыщыпсалъэм лъэпкъ къафэхэм я мыхьэнэм, абыхэм къежьапIэ яхуэхъуам, тхыдэм я гугъу ящIа иужь жаIащ, мыпхуэдэ пшыхьхэр щIэх-щIэхыурэ ди щIыналъэм щрагъэкIуэкIыну зэрамурадыр.
Адыгэм джэгу зэхаубла иужькIэ, пшынауэ, бэрэбэнауэ, уэрэджыIакIуэхэр утыкум ирагъэблагъэрти, щIалэхэр абы и сэмэгурабгъу лъэныкъуэмкIэ, пщащэхэр и ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ кърагъэувэкIырт. ДжэгуакIуэхэм яхуэзанщIэу джэгум еплъыну хуейхэр къеувэкIырт. Езы джэгури уджкIэ ирашажьэрт. Джэгум и хабзэхэм ящыщт утыкум къихьэ щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ зэрызэблэкIыр. Къафэр щIадзамэ, щэ зэблэкIыгъуэ нэхърэ нэхъыбэрэ теттэкъым. Апхуэдэу, хьэтиякIуэм хуит имыщIауэ зыри утыкум къихьэртэкъым. Джэгум и хабзэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ абы екIуалIэхэр хуэфащэу хуэпауэ зэрыщытыпхъэр.
Мы зэхыхьэри хабзэм тету къызэрагъэпэщат. Ди щIыналъэм и артист цIэрыIуэхэу ДыщэкI Артур, ХьэхъупащIэ Амырхъан, Теунэ Джэмал, Хьэкъун Оксанэрэ Ислъамрэ, Шагъыр Астемыр, Мэстафэ Тимур сымэ къызэхуэсахэм я гукъыдэжыр къаIэтащ.
Джэгум и хьэтиякIуэ къалэныр екIуу ирихьэкIащ Шал Рустам.
Пшыхьым и кIэухым «Джэгум и гуащэ» хахащ, нэхъыфIу къэфа щIалэми саугъэт иратащ, гулъытэншэ ящIакъым пшынауэхэмрэ бэрэбэнауэхэмри.
УджкIэ ирашэжьа бжьыхьэм лъэпкъым фIы къыхудэкIуэну ди гуапэщ.
Щомахуэ Залинэ.