КъБР-м и Парламентым и президиумым хэтхэм я бжьыхьэ лэжьэгъуэ пIалъэр яублащ. Абы и япэ зэIущIэм щытепсэлъыхьащ Iуэхугъуэ 20-м щIигъум, депутатхэм гулъытэ хэха зыхуащIыну унэтIыныгъэхэр къагъэнаIуэу. Апхуэдэхэм халъытащ хэхакIуэхэм ядэлэжьэныр, гъунэгъу щIыналъэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам хэт ди зауэлIхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ ядэIэпыкъуныр.
Презиумым хэтхэм я зэхуэсыр къызэIузыха, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ а Iуэхугъуэхэр къыхигъэбелджылыкIащ икIи жиIащ депутатхэм я бжьыхьэ сессиер лэжьыгъэ купщIафIэхэмкIэ гъэнщIауэ зэрекIуэкIынур.
- Дубзыхуа планым ипкъ иткIэ, жыджэру делэжьынущ хабзэхэр къэщтэным, къэпщытэныгъэ-аналитикэ Iуэхугъуэ куэди зэфIэтхынущ: «стIол хъурейхэр», комитетхэм я зэхуэс инхэр, «правительствэ сыхьэтхэр», Iуэхугъуэ хэхахэмкIэ едэIуэныгъэхэр, Парламентым и президиумым щIыпIэхэм щригъэкIуэкIыну зэхуэсхэр, нэгъуэщIхэри. Иужьрей Iуэху бгъэдыхьэкIэм щхьэхуэу сыкъытеувыIэну сыхуейт. Комитетхэм жыджэру къагъэсэ-бэп а Iуэху зехьэкIэ мардэр. АтIэми, дяпэкIэ, «правительствэ сыхьэтым», «комитетхэм я сыхьэтым» ипэ къихуэу дывгъакIуэ абыхэм къыщаIэтыну Iуэхугъуэхэр зытещIыхьа щIыпIэхэм, дахуэвгъазэ цIыхухэм икIи щыгъуазэ зыхуэдвгъэщI а «сыхьэтхэр» зытещIыхьауэ щытынухэм. ИтIанэ, дэри Iуэ-хум хэтщIыкIыу, дедэIуэнщ властым и органхэм абы теухуауэ къыджаIэм. Псом хуэмыдэу гулъытэ нэхъыбэ хуэщIыпхъэщ Парламентым къищта унафэхэр щIыпIэхэм зэрыщагъэзащIэм кIэлъыплъыным, - къыхигъэщащ Егоровэ Татьянэ.
Бжьыхьэ зэхуэсыгъуэм къызэщIиубыдэну лэжьыгъэшхуэхэм ящыщщ республикэм 2024 гъэм тещIыхьа и финанс дэфтэрыр къэщтэныр, 2025 - 2026 гъэхэми абыкIэ яIэ планхэми хэплъэныр. КъинэмыщIауэ, хабзэубзыху IэнатIэм и пашэм депутатхэр къыхуриджащ хэхакIуэхэм ядэлэжьэным гулъытэ хэха хуащIыну.
- Апхуэдэу ди нэIэм щIэдгъэкI хъунукъым СВО-м хэт зауэлIхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ ядэIэпыкъуныр. А Iуэхугъуэм теухуауэ дызэхуэсынущ мыгувэу. Дэ жыджэру дыдэлэжьэн хуейщ «Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондым, абы и IуэхущIафэ-хэм щыгъуазэ зыхуэтщIу, хуей хъумэ, дэIэпыкъуэгъу дахуэхъуу, ди зауэлIхэр ныхуэныкъуэхэмкIэ къызэдгъэпэщыну дыхьэзыру, - жиIащ абы.
Дызэрыт илъэсыр Парламентыр илъэс 30 щрикъу зэману зэрыщытым къыхэкIыу, абы теухуа Iуэхугъуэ куэди игъэбелджылащ спикерым. Апхуэдэхэщ, къапщтэмэ, курыт школхэм я еджакIуэхэм, студентхэм, щIалэгъуалэм ядегъэкIуэкIыпхъэ зэIущIэхэр, хэхакIуэхэм яхуэзэныр, спорт зэхьэзэхуэхэр къызэгъэпэщыныр, нэгъуэщIхэри. КъБР-м и ЩIалэгъуалэ палатэм и еянэ зэхуэсым лэжьэн зэрыщIидзар къыхигъэщри, Егоровэм депутатхэр къыхуриджащ зи щIалэгъуэхэм нэхъ жыджэру япыщIауэ щытыным.
А Iуэхугъуэхэм нэмыщI, президиумым и зэхуэ-сым щыхэплъащ хабзэ зыбжанэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным епха Iуэхугъуэхэм. Абы и лъэныкъуэкIэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и Парламентым МэкъумэшымкIэ, щIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымрэ ар хъумэнымкIэ и комитетым и пашэ ТекIушэ Артур.
Президиумым хэтхэм гулъытэ зыхуащIа унэтIыныгъэхэм ящыщщ социальнэ IэнатIэм, узыншагъэр хъумэным, хьэрычэтыщIэ Iуэхум, жылагъуэ шынагъуэншагъэм, нэгъуэщIхэми епха федеральнэ хабзэхэм я проектхэр. Ахэр арэзы техъуащ хабзэ зыбжанэм зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэнымкIэ щыIэ жэрдэмхэу УФ-м щызекIуэ кодекс зэмылIэужьыгъуэхэм ехьэлIахэм.
Парламентым и президиумым и зэхуэсым къыщыпсэлъахэм ящыщщ абы и комитетхэм я пашэхэу Кривко Михаил, Къэжэр Хъусен сымэ.
Зытепсэлъыхьа Iуэхугъуэхэр зи лъабжьэ унафэхэмрэ чэнджэщхэмрэ къыщащтащ зэхуэсым.
КъБР-м и Парламентым я пресс-IуэхущIапIэ.