11 сентября, 2023 - 09:25
Америкэм и Штат Зэгуэтхэм 1892 гъэм щыщIэдзауэ дахагъэм, модэм теухуауэ къыщыдэкI VOGUE хьэрып журналым и фокIадэ къыдэкIыгъуэр траухуащ Иорданием щыпсэу адыгэхэм къадекIуэкI щэнхабзэ, хабзэ, псэукIэ дахэм. Амман щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я теплъэ зэкIужымрэ дуней тетыкIэ дахэмрэ гурыхь ящыхъуащ журнал цIэрыIуэм и щIэджыкIакIуэхэм. КъыжыIапхъэщ, VOGUE журналым и къудамэхэр иджыри къэрал 26-м зэрыщыIэр икIи ар дунейм и плIанэпэ куэдым зэрыщызэIэпахыр.
Журналым и редакцэм тхыгъэр зытеухуам хуищIа хэзыгъэгъуазэм къыхощ Иорданием щыпсэу адыгэхэм я дуней щхъуэкIэплъыкIэр, абыхэм Кавказыр, тенджыз ФIыцIэм и Iуфэр я тхыдэ щIыпIэу зэрыщытыр. Апхуэдэу тхыгъэм Iуданэ плъыжьу щыпхышащ IуэрыIуатэкIэ, къафэрэ макъамэкIэ ди лъэпкъыр зэрыкъулейр. Тхыдэм уриплъэжмэ, я щхьэм кърикIуа гузэвэгъуэми емылъытауэ, Амман щыпсэу адыгэхэм лъэпкъ щэнхабзэ зэгухьэныгъэхэр яухуэурэ яхузэфIэкIащ ижь-ижьыж лъандэрэ нэхъыжьхэм хуэсакъыу яхъумэ хъугъуэфIыгъуэхэр нобэм къахьэсын. Апхуэдэщ 1950 гъэм къызэрагъэпэща Al Jeel Al Jadeed лъэпкъ IуэрыIуатэ зэгухьэныгъэр, Адыгэ хасэхэр. Тхыгъэм щIыгъужащ дуней псом щыпсэу лъэпкъхэм зыщатIэгъа ди адыгэ фащэхэр екIуу къызыщыпс ди щIалэ къуданхэмрэ пщащэ зэкIужхэмрэ. Апхуэдэ гулъытэр, дауи, гуапэщ икIи лъэпкъым и щхьэр лъагэу езыгъэлъагъужщ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.