Ныбжьэгъугъэм пщIэ щиIэ щIыналъэ

«Дружный Кавказ» щIалэгъуалэ зэ­хыхьэр Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Ар теухуат Урысейм и ­щэнхабзэмрэ хабзэфIхэмрэ щIалэ­гъуалэр зэрыщIапIыкIым, гъэсэныгъэ Iэмалхэр егъэфIэкIуэным.

Зэхыхьэр къызэзыгъэпэщар Къэбэрдей-Балъкъэрым ис муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэрщ. Абы и дэIэпыкъуэгъущ ­Кавказ Ищхъэрэм и муслъымэнхэм я Iуэхухэр зэщIэзыгъэуIуэ центрыр.
КъБР-м ис муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщI муфтий Дзасэжь Хьэзрэталий зэхыхьэр къыщызэIуихым къыхигъэщащ мы гъэм еханэу ирагъэкIуэкI Iуэхум зэрыхэтыр Кавказ псом щылажьэ дин IуэхущIапIэхэм, къулыкъущIапIэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, Iимам Абу Хьэнифэ и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ ислъам университетым ще­джэхэр.
- Нобэ дыщIызэхыхьэр ди щIалэгъуа­- лэм я гъэсэныгъэм епха Iуэхухэм ды­тепсэлъыхьын зэрыхуейрщ. Абы иджып­-сту икъукIэ мыхьэнэшхуэ щиIэщ ди къэ­ралым. Зэрыфлъагъущи, языныкъуэ ­къэ­ралхэр зэпымыууэ иужь итщ ди шы­нагъуэншагъэм, мамыр гъащIэм зэран къыхуэхъуну. Абы и лъэныкъуэкIэ къагъэ­сэбэпри ди щIалэгъуалэращ, я гупсысэр зэрыхуейуэ яунэтIыну я гуращэу. Ди щIэблэращ ди къэкIуэныр, ахэр ди хабзэжьхэм щIэтпIыкIыныр, ипэ итахэм я ­щапхъэр ди гъуазэу зэманым дыдэбэ­къуэныр сфIэкъабылщ, - жиIащ Дза­сэ­жьым. Абы фIыщIэ яхуищIащ гъунэгъу щIыналъэхэм къикIахэм.
КъБР-м ис муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Сыжа­-    жэ Алим жиIащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я щIалэгъуалэм щIэх-щIэхыурэ зэрызыхуагъазэр, я Хэкур фIыуэ ялъа­гъуным, гъуэгу захуэ тегъэувэнымкIэ чэнджэщ зэрыратыр. 
КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэти къыщыпсалъэм ­къыхигъэщащ зэхыхьэм и мыхьэнэр зэ­рыиныр: «Иджыпсту гъэсэныгъэр гугъу ещI ди цIыхубэм зэтриублауэ къыдэгъуэгурыкIуэ лъапIэныгъэхэм къащхьэщыкIыу нэгъуэщI гупсысэхэр ди щIалэгъуалэм бгъэдалъхьэну зэрыхэтым. Къэбэрдей-­Балъкъэрым ис муслъымэнхэм я дин ­IуэхущIапIэмрэ Кавказ Ищхъэрэм и мус­лъымэнхэм я Iуэхухэр зэщIэзыгъэуIуэ ­центрымрэ мыпхуэдэ лэжьыгъэшхуэ зэ­рырагъэкIуэкIым папщIэ фIыщIэ яхуэс­щIыну сыхуейт. Ди къэралым сыт хуэдэ ­Iэмали къагъэсэбэпу къыщыпэщIэува мы зэманым икъукIэ щхьэпэщ мыпхуэдэ Iуэхухэр. 
Лу Азэмэт министерствэм и ЩIыхь тхылъыр Дзасэжь Хьэзрэталий иритащ, щIалэгъуалэм я гъэсэныгъэм хэлъхьэныгъэ зэрыхуищIым папщIэ.
ЗэрыжытIащи, «Дружный Кавказ» клу­быр зэрылажьэрэ мы гъэм илъэсих ­ирокъу. Абы хэтыну Къэбэрдей-Балъкъэрым мы зы гъуэгум щызэхуэсащ цIыху 50-м нэблагъэ. КъыкIэлъыкIуэ мыпхуэдэ зэхыхьэр ще­кIуэкIынур Адыгэ Республикэращ. Ар къызэгъэпэщынымкIэ щIэгъэкъуэн мэхъу Ислъам щэнхабзэмкIэ, щIэныгъэмрэ егъэ­джэныгъэмкIэ фондыр.
БАГЪЭТЫР  Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.10.2024 - 11:09

ЛIыгъэщIапIэ

Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам япэ махуэхэм щегъэжьауэ хэтщ ди республикэм щыщ щIалэхэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри лIыгъэ щIапIэ йохуэ, псэзэ­пылъ­хьэпIэхэм Iуоуэ, гухэщIи   ялъагъу.

07.10.2024 - 11:07

ХьэпцIейрэ Мэзкуурэ зэпызыщIа гущэхэпхэ

«Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я аудио-теплъэ щIэнгъуазэ», - ап­хуэдэу пхузэдзэкIынущ иджы­благъэ къэралым Лъэпкъ Iуэху­хэмкIэ и агентствэм кърихьэжьа проектыщIэм и цIэр.

07.10.2024 - 11:06

IэщIагъэм къыдит Iэмалхэр къыдогъэсэбэп

Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэ­сым ис адыгэхэм я зэпы­щIэ­ныгъэ­хэм нэхъри зригъэужьу, лъэпкъ зэкъуэтыныгъэр игъэ­быдэу, ди анэдэлъхубзэр ихъу­мэу «Адыгэ макъ», «Адыгэ пса­лъэ», «Че

07.10.2024 - 10:54

Къулыкъум пэрохьэ

Къэрал хабзэм къызэригъэувым ипкъ иткIэ, КъБР-м и Iэтащхьэу хаха КIуэкIуэ Казбек и ­къулыкъум зэ­рыпэрыувэм теухуа дауэдапщэр ­КъБР-м и Правитель­ствэм и Унэм щекIуэкIащ.

05.10.2024 - 09:03

Урысейм и Тхылъ Плъыжьым иратхащ

Жэпуэгъуэм и 4-р Псэущхьэхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ. Ар зыхуэгъэзар дыкъэзыухъуреихь дунейм и хъугъуэфIыгъуэхэр, Iущагъэ ин тхэлърэ дысакъыу, къызэрыдгъэсэбэпыным ди гупсысэр хуэтшэнырщ.