Сурэтхэм къыбжаIэр

Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм щагъэлъагъуэ республикэм и сурэттеххэм я «Свой стиль» зэгухьэныгъэм  хэтхэм я лэжьыгъэхэр.

Сурэттехи 9-м я лэжьыгъи 150-м щIигъу хагъэхьащ, сурэт, репортаж, архитектурэ, щIыуэпс жанрхэр къызэщIаубыдэу. Абыхэм куэду къощ дапщэщи удэзыхьэх гъэм и зэманхэм я теплъэгъуэ удэзыхьэххэр, псэущ­хьэхэр, къалэм и уэрамхэр, нэгъуэщIхэри.
«Свой стиль» клубыр къызэIузыха икIи  и унафэщI Лукъяненкэ Иван хьэщIэхэм защыхуигъазэм жиIащ 2004 гъэ лъандэрэ я IуэхущIапIэр зэрылажьэр, иджырей выставкэр 19-нэу къызэрызэрагъэпэщыр. 
- Гуапэщ гъэлъэгъуэныгъэм гъэ къэс къе­кIуалIэ цIыху нэфIэгуфIэхэм ди лэжьыгъэхэр ягу зэрыдыхьэр. Гъуэгу пэж дытету къы­щIэ­кIынущ, - жиIащ Лукъяненкэ Иван. - Клубым хэтхэм я сурэтхэр кIуэ пэтми нэхъыфI, нэхъ щIэщыгъуэ мэхъу. Арагъэнущ абыхэм я лэжьыгъэхэм щIэупщIэм къащIыхэхъуэм и щхьэусыгъуэри. 
Сурэттех Бекоев Геннадий жиIащ сабийр дунейм къызэрытехьэр гъащIэм и кIапэлъапэхэр къыщыгъэлъэгъуа сурэтхэр, фэеплъ­хэр пэлъытэу илъэс бжыгъэкIэ зэрахъумэр. 
«Альтаир» урыс географие зэгухьэныгъэм и ЩIалэгъуалэ клубым и унафэщI, сурэттех Мокаев Тенджыз жиIащ есэжауэ махуэ­   къэс цIыхухэм я нэгу щIэкIхэм щIэщыгъуагъ храгъэлъэгъуэныр сурэттехым и къалэн нэхъыщхьэу зэрыщытыр. Аращ абы и лъапIэ­ныгъэ нэхъыщхьэр. Мокаевым къыхигъэщащ ­зэ­­пымыууэ щIэ гуэр я пащхьэм ща­гъэлъэ­гъуэным, я гукъыдэжым хагъэхъуэ­ным зэ­ры­хуэлажьэр. Ар къазэрехъулIэм и щыхьэтщ псалъэ гуапэу зэхахыжыр. 
Выставкэм зыкърагъэхьэлIащ сурэттех ­гъуазджэм дихьэххэм, сурэттеххэм я благъэхэм, ныбжьэгъухэм. Ар фокIадэм и 17 пщIондэ щыIэнущи, гупыж зыщIхэм Iэмал фиIэщ а лэжьыгъэхэм феплъыну.

ТЕКIУЖЬ Заретэ. 
Сурэтхэр  КЪАРЕЙ  Элинэ  трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.12.2023 - 09:25

IЭФIУ, КЪЭУАТУ ЩIАКХЪУЭ

ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Пасэрей Мысырым щIакхъуэ щагъажьэу щIадзащ ди эрэм и пэкIэ 5-нэ лIэщIыгъуэм.

07.12.2023 - 08:10

АЗЭПЩ И КЪУЭ ГЪУДЭБЕРД И УЭРЭДЫМРЭ И ХЪЫБАРЫМРЭ

Къэбэрдейм «уей-уей» жрагъэIэу исахэм ящыщщ Азэпщхэ. Лъэпкъ мащIэми, гу зыкIуэцIылъ, Хэкум щхьэкIэ зи псэр зытыну хьэзыр лъэпкъыфIхэм языхэзт. Абыхэм ящыщщ Гъудэберд жыхуаIэр.

07.12.2023 - 07:51

ЧЕМПИОНАТЫМ И ЕТIУАНЭ МЕДАЛЬ

Азербайджаным и къалащхьэ Баку иджыблагъэ щекIуэкIащ дзэм къулыкъу щызыщIэхэм спорт бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэмкIэ я 36-нэ дунейпсо чемпионат. Абы щызэпеуащ къэрал 18-м я спортсмен 200-м щIигъу.

07.12.2023 - 07:51

МАЙ ЩIЫНАЛЪЭМ ГЪУЭГУХЭР ЩЫЗЭРАГЪЭПЭЩЫЖ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм (проектым) и фIыгъэкIэ 2023 гъэм Май щIыналъэм Iуэхугъуэ хъарзынэхэр щызэфIагъэкIащ.

06.12.2023 - 15:34

АХЪШЭ ЩIЫХУЭМ ХОХЪУЭ

2023 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу республикэм и цIыхухэм банкхэм къыIаха кредитым и куэдагъыр псори зэхэту сом мелард 88,5-рэ хъуащ.