Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и махуэгъэпсым Къэралыгъуэм и махуэм увыпIэ щхьэхуэ щеубыд. Ар ягъэлъэпIэн щIадзащ 1921 гъэм фокIадэм и 1-м, РСФСР-м и ВЦИК-м и унафэкIэ Къэбэрдей округыр Бгырыс АССР-м къыхагъэкIыжу Къэбэрдей автономнэ область къыщызэрагъэпэщам щегъэжьауэ. ИужькIэ ар Къэбэрдей-Балъкъэр автоном областым хуэкIуэжащ. Автономие щхьэхуэ зэрыхъуам хуэгъэпса махуэшхуэ зэхыхьэхэр щрагъэкIуэкIыну махуэр илъэс къэс ягъэувырт абы теухуауэ къыдагъэкI унафэ пыухыкIам тету. Ауэ, 1997 гъэм, КонституцэщIэр къыщащтэм ирихьэлIэу, республикэм и Парламентым фокIадэм и 1-р КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэу игъэуващ икIи унафэ ищIащ дяпэкIэ ар махуэшхуэу (мылэжьэгъуэ махуэу) къалъытэну.
Республикэм и тхыдэм мыхьэнэшхуэ щызыубыд махуэшхуэр зэрагъэлъэпIэу къызэрекIуэкIам теухуа гукъэкIыж тхыгъэ куэд щыIэщ, ауэ абыхэм къахэдгъэщынщ нэхъ гъэщIэгъуэну теплъэгъуэ зыбжанэ.
Абы теухуа япэ Iуэхугъуэшхуэр - автономиер къызэрызэрагъэпэщрэ илъэсищ зэрырикъур - 1924 гъэм ягъэлъэпIащ. Къэбэрдей-Балъкъэр автономнэ областыр зэрыщыIа илъэсищым къызэщIикъуэжын зэфIэкIхэр иIэт. КъБАО-м и лIыкIуэу Москва щыIэхэми щIыналъэм и къулыкъущIэхэми махуэшхуэм жыджэру зыхуагъэхьэзыращ. «Красная нива» совет журналым Къэбэрдей-Балъкъэрым теухуауэ къытрадза тхыгъэм Совет Союзым и щIыналъэ псоми щыпсэухэм зыщагъэгъуэзэфынут. «Илъэсищ пIалъэ кIэщIым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэр областым хъарзынэу зыкъиужьащ. ЩIыналъэм гъуэгуфIхэр щаухуэ; Къэбэрдейм и псы уэрхэм, мин бжыгъэкIэ Iэщхэр зыхэкIуадэу щытам, лъэмыжхэр тралъхьэ. ПхъэIэщэр къыщамыгъэсэбэпу щытам, тракторхэмкIэ щIыр щавэ, мэкъур къыщахыж. Налшык, Бахъсэн псыхэм электростанцхэр щаухуэ, абыхэм Iэмал къатынущ областым пхъэм щелэжь и промышленностыр ирикъуу токкIэ къызэгъэпэща хъунымкIэ, къалэхэмрэ къуажэхэмрэ уэздыгъэхэмкIэ гъэнэхунымкIэ. Апхуэдэуи шы, Iэщ лъэпкъыфIхэр гъэхъунымкIэ хозяйствэр зэфIагъэувэж. Къуажэ школхэм адыгэ, балъкъэр сабийхэр я анэдэлъхубзэкIэ щрагъаджэ. Налшык къыщызэIуахащ Совет властым и бийхэм яIэщIэкIуэдахэм я бынхэр, пионер ныбжьыщIэхэр щрагъаджэ сабий къалэ цIыкIу. ТекIуэныгъэшхуэ къыщыхъуащ областым - щIыналъэм щыпсэу бзылъхугъэхэм дэкъузэныгъэр щхьэщахащ: ущымыгуфIыкIыу къанэркъым адыгэ, балъкъэр пщащэхэр спорт утыкухэм къихьэ зэрыхъуам…» - къыщыхьащ журналым ихуа тхыгъэм.
Махуэшхуэр гукъыдэжыншэ зыщIыр зы Iуэхугъуэт - 1924 гъэр гъаблэ хъуат. Абы къыхэкIыу ар Iэтауэ ягъэлъэпIакъым. Облисполкомым унафэ ищIащ щIыналъэм экономикэ щытыкIэ хьэлъэ зэрыщыIэм къыхэкIыу, автоном областыр къызэрыунэхурэ илъэсищ зэрырикъум хуэгъэпса махуэшхуэшхуэр, зэрагугъам хуэмыдэу, замыIэтыщэу ирагъэкIуэкIыну: шыгъажэхэмрэ цIыхушхуэ щызэхуэс зэхыхьэхэмрэ щагъэIакъым.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэкIуэнумкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэт I936 гъэр. Областыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 15 зэрыхъур Iэтауэ ягъэлъэпIащ, абы и щыхьэту къэнащ дэфтэр хъумапIэхэм щIэлъ сурэтхэр. А лъэхъэнэм щIыналъэм и пщIэр лъагэу иIэтат. ЕхъулIэныгъэхэр щызыIэригъэхьат унэтIыныгъэ псоми: промышленностым, мэкъумэш хозяйствэм, щэнхабзэм, щIэныгъэм, узыншагъэр хъумэн IэнатIэм, егъэджэныгъэм… Бахъсэн ухуэныгъэшхуэхэр дащIыхьащ. Махуэшхуэм ирихьэлIэу Бахъсэн ГЭС-м и япэ гидроагрегатыр ирагъэжьащ. Джылахъстэней щIыналъэм и тхыдэм щыяпэу Тэрч районым и уэгъу щIыпIэхэр къэзыгъэщIэрэщIэжа псыщIэгъэлъадэ системэр щаухуащ. Колхоз мелуанырыбжэхэр къэунэхуащ. Абы и лъэныкъуэкIэ щапхъэ зытраххэм ящыщ зыт Кэнжэ къуажэм дэта, Лениным и орденыр зыхуагъэфэща Блэныхь Темыркъан зи унафэщIу щыта, Андреевым и цIэр зезыхьэ колхозыр. Къэбэрдей-Балъкъэр областым мэкъумэш хозяйствэм щызыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм папщIэ I934 гъэм къэрал дамыгъэ нэхъыщхьэр - Лениным и орденыр къыхуагъэфэщауэ щытащ. «Налшык» курортым зиужьырт. Куэд дэмыкIыу ар хъуащ къэралым и курорт нэхъыфIхэм ящыщ зы. Абдеж щаухуащ сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэу къызэрагъэпэща, Кировым и цIэр зыфIаща санаторэщIэр. Абы ноби ди къалэр егъэдахэ, Долинск и щхъуантIагъэм екIуу къыхэщу… Къалэм и жыг хадэм пэгъунэгъуу «Интурист» хьэщIэщым и унэ хужь дахэр щаухуащ, иужькIэ абы «Налшык» фIэщыгъэр иратыжащ. 1920 гъэм и пэщIэдзэхэм егъэлеяуэ зи теплъэр къагъэщIэрэщIэжа жыг хадэр къэунэху къалэ-курортыр зэрыгушхуэхэм ящыщ зыт.
1936 гъэм кърахьэжьа махуэшхуэ дауэдапщэхэр жэпуэгъуэ мазэм ирагъэкIуэкIащ. Автономием къызэринэкIа илъэс I5-м иращIэкI зэхыхьэр Налшык и мызакъуэуи, Москваи щызэхэтащ. Апхуэдэу абы щрагъэкIуэкIащ ВЦИК-м и Президиумым и зэIущIэ. Абы щIыналъэм илъэс I5-м зэрызиужьым теухуауэ областым и унафэщIхэу Къалмыкъ БетIалрэ Черкесов Ишурэ къыщыпсэлъауэ щытащ.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.