Терроризмэм ебэнынымкIэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Терроризмэм ебэнынымкIэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм социальнэ ­сетым щиIэ и напэкIуэцIымкIэ терактхэм хэкIуэдахэм я благъэхэм захуигъэзащ.
«Урысейми дуней псоми я тхыдэм къыхэна насы­пыншагъэ махуэм аргуэру ди нэгу къыщIегъэхьэж 2004 гъэм и бжьыхьэм къэхъуа Iуэхугъуэ шынагъуэр, зихуэдэ щымыIэ гущIэгъуншагъэ терактым и зэранкIэ Беслъэн школым сабийхэр, абыхэм я адэ-анэхэр, егъэджэкIуахэр зэрыщыхэкIуэдауэ щытар.
Иджыри зэ а махуэм дигуми ди псэми къабгъэдэ­кIыу дахуогузавэ Урысейм и щIыналъэ зэмылIэужьы­гъуэхэм щекIуэкIа террорист щIэпхъаджагъэхэм зи благъэ-Iыхь­лыхэр хэкIуэдахэм, абыхэм я гуауэр, я хэщIыныгъэр зыхыдощIэ. 
Апхуэдэ гущIэгъуншагъэ, цIыхугъэншагъэ щIэпхъаджагъэхэр пхуэухеижынукъым икIи пхуэгъэгъуну­-къым. 
Нобэ ди къэралыр аргуэру пэщIэтщ терроризмэм. Дэ ди къалэнщ ди къару псори етхьэлIэу терроризмэмрэ ­экстремизмэмрэ дебэныну, дызэкъуэту жы­лагъуэмрэ цIыхухэмрэ я шынагъуэншагъэр къызэдгъэпэщыну, ди лъэпкъым мамырыгъэ гъащIэмкIэ иIэ хуитыныгъэр ­тхъумэну.
Шэч къытесхьэркъым, дызэкъуэтмэ, сыт хуэдэ гугъу­ехьми дызэрыпэлъэщыфынум, къызэрытхуэдалъэ шы­нагъуэ псоми хуэфэщэн жэуап зэреттыфынум», - щыжеIэ тхыгъэм.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.12.2023 - 09:25

IЭФIУ, КЪЭУАТУ ЩIАКХЪУЭ

ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Пасэрей Мысырым щIакхъуэ щагъажьэу щIадзащ ди эрэм и пэкIэ 5-нэ лIэщIыгъуэм.

07.12.2023 - 08:10

АЗЭПЩ И КЪУЭ ГЪУДЭБЕРД И УЭРЭДЫМРЭ И ХЪЫБАРЫМРЭ

Къэбэрдейм «уей-уей» жрагъэIэу исахэм ящыщщ Азэпщхэ. Лъэпкъ мащIэми, гу зыкIуэцIылъ, Хэкум щхьэкIэ зи псэр зытыну хьэзыр лъэпкъыфIхэм языхэзт. Абыхэм ящыщщ Гъудэберд жыхуаIэр.

07.12.2023 - 07:51

ЧЕМПИОНАТЫМ И ЕТIУАНЭ МЕДАЛЬ

Азербайджаным и къалащхьэ Баку иджыблагъэ щекIуэкIащ дзэм къулыкъу щызыщIэхэм спорт бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэмкIэ я 36-нэ дунейпсо чемпионат. Абы щызэпеуащ къэрал 18-м я спортсмен 200-м щIигъу.

07.12.2023 - 07:51

МАЙ ЩIЫНАЛЪЭМ ГЪУЭГУХЭР ЩЫЗЭРАГЪЭПЭЩЫЖ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм (проектым) и фIыгъэкIэ 2023 гъэм Май щIыналъэм Iуэхугъуэ хъарзынэхэр щызэфIагъэкIащ.

06.12.2023 - 15:34

АХЪШЭ ЩIЫХУЭМ ХОХЪУЭ

2023 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу республикэм и цIыхухэм банкхэм къыIаха кредитым и куэдагъыр псори зэхэту сом мелард 88,5-рэ хъуащ.