И кIэм нагъэсынущ

Вольнэ Аул - Хьэсэней - Джэрпэджэж - Къэщкъэтау автомобиль зе­кIуа­пIэм щыщу километ­ри 3,8-рэ зи кIыхьагъыр щIыналъэм и гъуэгу    фондым и ахъ­шэкIэ, къы­­зыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж.

IэщIагъэлIхэм гъуэгум жьы техъухьа асфальт-бетоныр трагъэкъэбзыкIыжауэ, и лъабжьэр зыгъэбыдэ лэжьыгъэ ирагъэ­кIуэкI: пшахъуэрэ ятIэ быдэкIэ зэхэпщар траубэ, итIанэ мывэ кIэщхърэ щIы дагъэкIэ зэхэгъэпцIыхьа асфальт-бетон ткIуаткIуэр тракIэнущ.
Хьэсэней къуажэм и гугъу тщIымэ, Аттоевым и цIэр зезыхьэ уэрамым и машинэ зекIуапIэр зэрагъэпэщыж. Абы къыдэкIуэу, Белинскэм и цIэр зезыхьэм деж щыщIэдзауэ Киевскэ зи фIэ­щыгъэм нэс щиухыжу телъ гъуэгу дэзыгъэзейм и щIэгъэкъуэнхэр зэрахъуэкI, жьы хъуахэр зэрыта кумбхэр нэхъ кууужу щаубрурэ щагъэбыдэжу. 
 ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа кило­метри 3,8-м асфальтыщIэ тIуащIэ «трабзэнущ», лъэс зекIуапIэхэр къыщагъэщIэрэщIэжынущ, «Т.7»- нэ светофорыщIэхэмкIэ зэгъэ­пэща зэпрыкIыпIэхэр щаубзы­хунущ, гъуэгунапщIэ Iуфэхэр мывэ гъэжахэмкIэ Iуагъэбы­дыхьынущ.
КъинэмыщIауэ, гъуэгуухуэхэм автомобиль зекIуапIэм гуэкI-къыхыхьэ и Iыхьэхэр зэрагъэпэ­щыжынущ, и щхьэфэм машинэ зэблэкIыпIэхэр зэрызэхэпцIыхукIыфыну дамыгъэхэр трагъэ­жы­хьынущ, шынагъуэншагъэм те­щIыхьа нагъыщэхэр зыхуэныкъуэ­хэм деж щагъэувынущ. 
Гъуэгуухуэхэм я мурадщ бжьы­хьэ дызыхуэкIуэр имыкI щIыкIэ пщэ­рылъ къыщащIа псори и кIэм нэсу ягъэзэщIэну. 
АЗЫЧЭ  Бэллэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.12.2023 - 16:53

ГЪЭЩIЭГЪУЭНЩ МЫ УЭСЫР

Американ щIэныгъэлI Либбрехт Кеннет уэс налъэхэм я тхыпхъэ 35-рэ къибжащ. Японием щыщ профессор Никайя Укихиро тхыпхъэ 4-рэ щыIэу жеIэ.

07.12.2023 - 09:25

IЭФIУ, КЪЭУАТУ ЩIАКХЪУЭ

ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Пасэрей Мысырым щIакхъуэ щагъажьэу щIадзащ ди эрэм и пэкIэ 5-нэ лIэщIыгъуэм.

07.12.2023 - 08:10

АЗЭПЩ И КЪУЭ ГЪУДЭБЕРД И УЭРЭДЫМРЭ И ХЪЫБАРЫМРЭ

Къэбэрдейм «уей-уей» жрагъэIэу исахэм ящыщщ Азэпщхэ. Лъэпкъ мащIэми, гу зыкIуэцIылъ, Хэкум щхьэкIэ зи псэр зытыну хьэзыр лъэпкъыфIхэм языхэзт. Абыхэм ящыщщ Гъудэберд жыхуаIэр.

07.12.2023 - 07:51

ЧЕМПИОНАТЫМ И ЕТIУАНЭ МЕДАЛЬ

Азербайджаным и къалащхьэ Баку иджыблагъэ щекIуэкIащ дзэм къулыкъу щызыщIэхэм спорт бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэмкIэ я 36-нэ дунейпсо чемпионат. Абы щызэпеуащ къэрал 18-м я спортсмен 200-м щIигъу.

07.12.2023 - 07:51

МАЙ ЩIЫНАЛЪЭМ ГЪУЭГУХЭР ЩЫЗЭРАГЪЭПЭЩЫЖ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм (проектым) и фIыгъэкIэ 2023 гъэм Май щIыналъэм Iуэхугъуэ хъарзынэхэр щызэфIагъэкIащ.