ТекIуахэр урысей зэпеуэм хэтынущ

«Налшык» спорт IуэхущIапIэм щекIуэкIащ Урысей ­Федерацэм и Лъэпкъ гвардием и дзэхэу Кавказ Ищхъэ­-рэ округым щыIэхэм самбомкIэ я чемпионат. Ар къызэрагъэпэщащ Урысей Федерацэм и Лъэпкъ­ ­гвардием и Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэ управленэм и спорт комитетымрэ Урысей гвардием и управленэу ­КъБР-м щыIэмрэ. 

Зэхьэзэхуэм хэтащ росгвардеец 70 къызэщIэзыубыдэ щIыналъэ дзэ частхэмрэ щIыналъэ управленэхэмрэ я ­командэ 12. 
ТекIуахэм ехъуэхъуащ, тыгъэхэри яритащ Урысей гвар­дием и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и къа­лэнхэр зыгъэзащIэ Мэш Мурат. 
Килограмм 53-м къыщыщIэдзауэ килограмм 93 хьэ­лъагъым нэс спортсменхэр тыгъи 10-м щIэбэнащ. Зэ­хьэзэхуэм кърикIуахэмкIэ япэ гупым щытекIуащ Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и гупыр. ЕтIуанэ увыпIэр лъысащ Владикавказ и командэм и дзэ къулыкъущIэхэм, Урысей гвардием и управленэу Дагъыстан Республикэм щыIэм и лэжьакIуэхэр ещанэщ. ЕтIуанэ гупым бжьыпэр щаубыдащ Ставрополь къикIа спортсменхэм, етIуанэ, ещанэ увыпIэхэр зэдагуэшащ Мэздэгурэ Иноземцевэрэ я дзэ къулыкъущIэхэм. 
- Сынывохъуэхъу зыIэрывгъэхьа увыпIэхэмкIэ. Фэ къэвгъэлъэгъуахэм щIагъэбыдэ нобэ диIэ зэфIэкIхэр. ТекIуахэр хэтынущ фокIадэм Урысейпсо зэпеуэ екIуэкIынум. Сыфщогугъ Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэр екIуу абы щывгъэлъэ­гъуэну, - жиIащ Урысей Федерацэм и Лъэпкъ гвардием и Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэ управленэм и спорт командэм и унафэщI подполковник Бабяр Сергей.
БАХЪСЭН  Азэмэт.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.12.2023 - 16:53

ГЪЭЩIЭГЪУЭНЩ МЫ УЭСЫР

Американ щIэныгъэлI Либбрехт Кеннет уэс налъэхэм я тхыпхъэ 35-рэ къибжащ. Японием щыщ профессор Никайя Укихиро тхыпхъэ 4-рэ щыIэу жеIэ.

07.12.2023 - 09:25

IЭФIУ, КЪЭУАТУ ЩIАКХЪУЭ

ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Пасэрей Мысырым щIакхъуэ щагъажьэу щIадзащ ди эрэм и пэкIэ 5-нэ лIэщIыгъуэм.

07.12.2023 - 08:10

АЗЭПЩ И КЪУЭ ГЪУДЭБЕРД И УЭРЭДЫМРЭ И ХЪЫБАРЫМРЭ

Къэбэрдейм «уей-уей» жрагъэIэу исахэм ящыщщ Азэпщхэ. Лъэпкъ мащIэми, гу зыкIуэцIылъ, Хэкум щхьэкIэ зи псэр зытыну хьэзыр лъэпкъыфIхэм языхэзт. Абыхэм ящыщщ Гъудэберд жыхуаIэр.

07.12.2023 - 07:51

ЧЕМПИОНАТЫМ И ЕТIУАНЭ МЕДАЛЬ

Азербайджаным и къалащхьэ Баку иджыблагъэ щекIуэкIащ дзэм къулыкъу щызыщIэхэм спорт бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэмкIэ я 36-нэ дунейпсо чемпионат. Абы щызэпеуащ къэрал 18-м я спортсмен 200-м щIигъу.

07.12.2023 - 07:51

МАЙ ЩIЫНАЛЪЭМ ГЪУЭГУХЭР ЩЫЗЭРАГЪЭПЭЩЫЖ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм (проектым) и фIыгъэкIэ 2023 гъэм Май щIыналъэм Iуэхугъуэ хъарзынэхэр щызэфIагъэкIащ.