Налшык дэт Лъэпкъ музейм а фIэщыгъэм щIэту иджыблагъэ къыщызэIуахащ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэтхэм я IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и сурэтыщIхэм я лэжьыгъэ нэхъыфIхэр щызэхуэхьэсащ абы. Ахэр музейм и пэшым апхуэдизкIэ зэкIуу щызэкIэлъыхьати, умыгъэщIэгъуэн плъэкIыртэкъым. Ягъэлъагъуэхэр зы сурэтыщIым и Iэдакъэ къызэрыщIэмыкIар гурыIуэгъуэт, ауэ лэжьыгъэ псоми зэдайуэ зыгуэр зэраIэри IупщIт. ЛэчкIэ щIа сурэтхэм, графикэ жыпхъэм итхэм, пхъэм къыхэбзыкIа хьэпшыпхэм, ятIэм къыхэщIыкIахэм, Iэщэ-фащэхэм, бзылъхугъэм зэрызигъэдахэ хьэпшыпхэм, упщIэ, арджэн зэкIужхэм уащеплъкIэ, ди щIыналъэм ис цIыхухэр зэрыIэпэIэсэм, лъэпкъхэм IэрыкI дахэ зэраIэм иджыри зэ щыхьэт утохъуэ.
Лэжьыгъэхэм я нэхъыбэр классикэ жыпхъэм итщ. Ди щIыналъэми абы и адрыщIкIи къыщацIыху сурэтыщI Iэзэхэм ящыщ Дзэгъэл Iэуес утыку кърихьащ Налшык къалэ Суворовым и цIэр зезыхьэ и уэрамым тет пасэрей унэм и теплъэр. Нэрылъагъущ сурэтыщIыр къалэ ухуэныгъэхэм зэрыдахьэхыр, ауэ щыхъукIи, Дзэгъэлым Кавказым и щIыуэпсым триухуа лэжьыгъэ и мащIэкъым. Ахъмэт Лиуани щIыуэпсыр Iэзэу къегъэлъагъуэ. Абы и IэдакъэщIэкIыу музейм и блынхэм щыфIэдзахэм ящыщу бзылъхугъищым я теплъэр телъыджэу къызытещыр хагъэхьащ Москва къалэ куэд мыщIэу къыщызэрагъэпэщыну гъэлъэгъуэныгъэм.
СурэтыщI, дыщэкI Сурхайханов Ибрэхьим и IэрыкIхэм нэр къыпхутехыжыркъым. Бзылъхугъэм зэрызигъэдахэ хьэпшыпхэм лъэпкъ нагъыщэ, дамыгъэхэр IупщIу къатощ. Мы гъэлъэгъуэныгъэм абы утыку къыщрихьащ Гамзатов Расул къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъум хуэгъэпсауэ ищIа фэеплъыр.
ЯтIэ гъэжьам, пкIыгъэм, арджэным, цым къыхэщIыкIа хьэпшыпхэр щымащIэкъым музей пэшым. А лэжьыгъэ зэщымыщхэр, я щIыкIэкIэ телъыджэхэр абы екIуэлIахэм яфIэгъэщIэгъуэну куэдрэ зэпаплъыхьащ, ялъагъур ягъэщIагъуэу а псом еплъащ ди щIыналъэм зыгъэпсэхуакIуэ къэкIуахэри. Абыхэм жаIащ ди сурэтыщIхэм я Iэзагъэмрэ гупсысэкIэ щIэщыгъуэмрэ къызэрымыкIуэу зэрыдихьэхыр.
Щомахуэ Залинэ.