ХЭКУ ЗАУЭШХУЭМ И ТХЫДЭМ ЩАГЪЭГЪУАЗЭ

НыбжьыщIэхэм я республикэ библиотекэ Мечиев Кязим и цIэр зезыхьэм щагъэлъагъуэ «В огне Курской битвы» выставкэр.

Библиотекэм и лэжьакIуэхэм тхылъеджэхэм хуагъэхьэзыра дапхъэм телъщ Курск деж щекIуэкIа зэпэщIэтыныгъэм теухуа художественнэ, документальнэ тхыгъэхэр.

- Хэкум, тхыдэм теухуа Iуэхухэм зэпымыууэ гулъытэ худощI. Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ сабийхэр тхыдэм и пэжым щыгъэгъуэзэнымкIэ. Гъэ еджэгъуэщIэр зэрыщIидзэу, Налшык къалэм и курыт еджапIэ дызыдэлажьэхэм дыкIуэнущ. КъинэмыщIауэ, даIущIэнущ IэнатIэ Iут щIалэгъуалэм я пщыхьэщхьэ школым екIуалIэхэм, «Кавказ» санаторэм зыщызыгъэпсэхухэм, - жеIэ библиотекэм и методист Парзиевэ Мирэ. – Мы IуэхущIапIэхэм махуэшхуэхэм теухуа зэхыхьэхэр щыдогъэкIуэкI, уеблэмэ гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэми зэпыдмыгъэууэ.

Библиотекэм и тхылъ хъумапIэм щIэлъым зэпымыууэ хагъахъуэ, сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ зыщIэупщIэнкIэ хъунур яIэн щхьэкIэ. Выставкэм халъхьа тхылъхэм ящыщщ Замулин Валерэ и «Засекреченная Курская битва», Уэлджыр Хьэжпагуэ итха «Солдат чести и достоинства» жыхуиIэр, нэгъуэщIхэри. «Школ библиотекэ» Iыхьэм хагъэхьащ зауэм теухуа тхыгъэхэмрэ усэхэмрэ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.12.2023 - 16:53

ГЪЭЩIЭГЪУЭНЩ МЫ УЭСЫР

Американ щIэныгъэлI Либбрехт Кеннет уэс налъэхэм я тхыпхъэ 35-рэ къибжащ. Японием щыщ профессор Никайя Укихиро тхыпхъэ 4-рэ щыIэу жеIэ.

07.12.2023 - 09:25

IЭФIУ, КЪЭУАТУ ЩIАКХЪУЭ

ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Пасэрей Мысырым щIакхъуэ щагъажьэу щIадзащ ди эрэм и пэкIэ 5-нэ лIэщIыгъуэм.

07.12.2023 - 08:10

АЗЭПЩ И КЪУЭ ГЪУДЭБЕРД И УЭРЭДЫМРЭ И ХЪЫБАРЫМРЭ

Къэбэрдейм «уей-уей» жрагъэIэу исахэм ящыщщ Азэпщхэ. Лъэпкъ мащIэми, гу зыкIуэцIылъ, Хэкум щхьэкIэ зи псэр зытыну хьэзыр лъэпкъыфIхэм языхэзт. Абыхэм ящыщщ Гъудэберд жыхуаIэр.

07.12.2023 - 07:51

ЧЕМПИОНАТЫМ И ЕТIУАНЭ МЕДАЛЬ

Азербайджаным и къалащхьэ Баку иджыблагъэ щекIуэкIащ дзэм къулыкъу щызыщIэхэм спорт бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэмкIэ я 36-нэ дунейпсо чемпионат. Абы щызэпеуащ къэрал 18-м я спортсмен 200-м щIигъу.

07.12.2023 - 07:51

МАЙ ЩIЫНАЛЪЭМ ГЪУЭГУХЭР ЩЫЗЭРАГЪЭПЭЩЫЖ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм (проектым) и фIыгъэкIэ 2023 гъэм Май щIыналъэм Iуэхугъуэ хъарзынэхэр щызэфIагъэкIащ.