АдэкIи ирагъэфэкIуэнущ

Ди республикэм мы махуэхэм лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Алмазов В. А. и цIэр зезыхьэ, лъэпкъ медицинэ къэхутэныгъэ центрым и IэщIагъэлIхэр. Абыхэм зыщагъэгъуэзащ Кардиодиспансерым, Республикэ клиникэ сымаджэщым, къалэ поликлиникэ №1-м, 2-м, Iуащхьэмахуэ,  Прохладнэ район сымаджэщхэм гу-лъынтхуэ узыфэхэм зэрыщеIэзэм, а унэтIыныгъэмкIэ я Iуэхур зэрызэтеублам.

КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам лэжьыгъэ зекIуэм кърикIуахэр къыщызэщIакъуэж зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Медицинэ центрым и лIыкIуэхэм къыхагъэщащ Республикэ клиникэ сымаджэщым лъынтхуэ узыфэхэм щеIэзэ и щIыналъэ центрыр, Налшык къалэ клиникэ сымаджэщ №1-мрэ Прохладнэ район сымаджэщымрэ лъынтхуэ узыфэхэм щеIэзэ и къудамэхэр IэмэпсымэкIэ хъарзынэу къызэрызэгъэпэщар, апхуэдэуи инфаркт, инсульт зиIахэм зыхуэныкъуэ хущхъуэхэр ирикъуу зэраIэрыхьэр. Абыхэм къагъэлъэгъуащ Кардиодиспансерым сымаджэхэм щахуащIэ Iуэхутхьэбзэхэр нэгъабэ елъытауэ хэпщIыкIыу зэрефIэкIуар.

2022 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым ехъулIэныгъэкIэ игъэзэщIащ «Гу-лъынтхуэ узыфэхэм пэщIэтын» щIыналъэ проектым къыхуигъэув псори. Къапщтэмэ, инфаркт, инсульт зиIэхэу сымаджэщым щылIэхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ хъуащ, рентген-эндоваскулярнэ Iэмалыр къагъэсэбэпу операцэ нэхъыбэ ирагъэкIуэкIын щIадзащ. Амбулаторэ кIэлъыплъыныгъэм щыIэ сымаджэхэу пщIэншэу хущхъуэкIэ къызэрагъэпэщхэр процент 96,3-м нагъэсащ.

Министрым зэрыжиIамкIэ, мыгувэу Кардиодиспансерым гум, щхьэ куцIым я лэжьэкIэхэр къызэрахутэ IэмэпсымэщIэхэр щагъэувынущ, апхуэдэуи сымаджэщым и реанимацэм, узыншагъэр щызэфIагъэувэж и къудамэхэр иджырей оборудованэхэмкIэ къызэрагъэпэщынущ. 2024 гъэм диспансерым щагъэвыну я мурадщ ангиограф аппаратыр, абы щыгъуэм дохутырхэм Iэмал яIэнущ пIащIэгъуэкIэ зи узыншагъэр къэпщытэн хуейхэм къищынэмыщIауэ, а IэмэпсымэмкIэ мыдрей сымаджэхэми я щытыкIэм кIэлъыплъыну.

Кардиодиспансерым хэтщ худэчых зиIэ сымаджэхэм папщIэ хущхъуэщапIэ. Диспансерым къыщIагъэкIыж сымаджэм адэкIэ зрихьэлIэну дохутырым яхуитха хущхъуэхэр псори абдеж щызыIэрагъэхьэфынущ.

Алмазов В. А. и цIэр зезыхьэ, лъэпкъ медицинэ къэхутэныгъэ центрым и IэщIагъэлIхэм гулъытэ нэхъ зыхуэщIыпхъэ Iуэхугъуэхэри къагъэлъэгъуащ икIи медицинэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм я гъусэу лэжьыгъэр адэкIи зэрырагъэфIэкIуэнымкIэ зэгурыIуащ.

ЩхьэщэмыщI Изэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.12.2024 - 09:03

ПсэупIэ фондым и лэжьыгъэр къалъытэ

Фэтэр куэду зэхэт унэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным ехьэлIауэ щыIэ къэрал программэхэр щIыналъэхэм зэрагъэзащIэм и фIагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIхэм яхыхьащ.

08.12.2024 - 09:03

КъытхуэкIуэхэр нэхъыбэ мэхъу

«Санатории-России.рф» интернет-порталым къызэритамкIэ, ди республикэм и санаторхэмрэ курортхэмрэ зыщызыгъэпсэхуну, я узыншагъэм щыкIэлъагъэплъыну мы гъэмахуэм къэкIуахэм я куэдагъымрэ абыхэм хэхъуэ

07.12.2024 - 12:25

ТхыцIэм и щхьи и лъабжьи…

Кавказ Ищхъэрэм и Къу­хьэпIэ дахащэм ноби узыщрихьэлIэ адыгэ лъагъуэжь­хэмкIэ дрикIуэну, хы ФIы­цIэ Iуфэм ухуэзышэ гъуэгур къэтхутэн мурадыр диIэу, си адэ шыпхъум и ­къуэ Уэлджыр Зауррэ сэрэ дызэхэ

07.12.2024 - 10:01

Апсэ Дианэ: Макъамэмрэ сэрэ дыкъызэхуонэ

Апсэ Дианэ Къэрэшей-Шэрджэсым, Черкесск къалэм щыщщ. Ди республикэм щопсэу, щолажьэ.

07.12.2024 - 09:03

Сэлэт хахуэм и фэеплъу

Бахъсэн куейм хиубыдэ Зеикъуэ къуажэм футбол цIыкIумкIэ зэхьэзэхуэ щызэхэтащ иджыблагъэ.