ФокIадэ мазэм и пэублэр ди республикэм и дежкIэ гуфIэгъуэ лъэхъэнэщ. Абы ирихьэлIэу догъэлъапIэ КъБР-м и къэралыгъуэр, Налшык и махуэр, ЩIэныгъэхэм я махуэшхуэр. Зи гугъу тщIы махуэщIхэм ящыщ дэтхэнэми жылагъуэм, ди цIыху псоми я дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ. Дауи, псоми япэ игъэщыпхъэщ къэралыгъуэ уиIэныр, уи щхьэ ухущыту, уи бзэрэ хабзэрэ, тхыдэрэ щэнхабзэрэ пхъумэжу, абыхэм къахэбгъахъуэу, ебгъэфIакIуэу упсэуныр. Ар хьэкъщ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэралыгъуэ зэригъуэтрэ илъэси 100-м щIигъуащ. Зы цIыху гъащIэм и дежкIэ мымащIэ, атIэми зы лъэпкъыжь къикIуа гъуэгуанэм еплъытмэ, напIэ дэхьеигъуэм хуэбгъадэ а лъэхъэнэр гъэнщIауэ щытащ гугъуехькIи гуауэкIи, тыншыгъуэкIи дэрэжэгъуэкIи. Дызыхэт къэралым советхэм я властыр щыщагъэува илъэсхэр пэщIэдзэ хуэхъуащ ди къэралыгъуэр ухуэным. А псори зэхэщIыкIыгъуэу къаIуатэ тхыдэ мыхьэнэ зиIэ дэфтэрхэм. Абыхэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, 1917 гъэм екIуэкIа революцэ зэщIэхъееныгъэхэм я ужькIэ, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я пащхьэ къиува къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ я къэрал ухуэныгъэм и Iуэху зэрахуэныр. Мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iуэхугъуэм теухуауэ щытащ а илъэсым къызэрагъэпэщауэ щыта, Бгырыс лъэпкъхэм я I съездыр.
КъыкIэлъыкIуэ илъэсым и щIышылэм къащтауэ щытащ «ГуащIэрыпсэухэм я хуитыныгъэм и декларацэр». Абы ипкъ иткIэ Урысейр федеративнэ ухуэкIэм хуэкIуащ. Абы щыгъуэ ди къэралым фIащащ Урысей Советскэ Федеративнэ Социалистическэ Республикэ (РСФСР), и япэ Конституцэу 1918 гъэм и жэпуэгъуэм и 7-м къащтар и гъащIэ хабзэ нэхъыщхьэу. Тэрч областым щыпсэу лъэпкъхэм я съезду 1920 гъэм щэкIуэгъуэм и 17 - 18-хэм екIуэкIам ипкъ иткIэ къэхъуащ Горскэ Автономнэ Советскэ Социалистическэ Республикэр. Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ лъэпкъ щIыналъэ щхьэхуэу хыхьащ а республикэм.
1921 гъэм накъыгъэм и 21-м Къэбэрдей окружной исполкомымрэ парткомымрэ зэгъусэу ирагъэкIуэкIа зэIущIэм къыщаIэта Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщт Къэбэрдейр Горскэ республикэм къыхэкIыжу езым и къэралыгъуэ ихуэжыныр. ЩIыпIэм игъуэта зыужьыныгъэм къигъэувырт нэхъ къэрал ухуэныгъэ лъагэ иIэну. Абы теухуауэ Сталинымрэ Къалмыкъ БетIалрэ телефонкIэ щызэпсалъэм жаIам щыщ Iыхьэ щахъумэ архивым. Абы итщ: «Кавбюром къыбгъэдэкI унафэу къэфлъытэ хъунущ Къэбэрдейр Автономнэ область щхьэхуэ хъуныр РСФСР-м и дежкIэ политикэ икIи хозяйственнэ ехъулIэныгъэ къызыпэкIуэну Iуэхугъуэу зэрыщытыр», - къыхигъэщащ Сталиным.
Къэбэрдейм и Советхэм я IV съезду 1921 гъэм и мэкъуауэгъуэм и 11 - 13-хэм щыIам Iэтауэ щытепсэлъыхьащ а Iуэхум. Абы кърихьэлIа делегати 140-м щыщу 94-р адыгэт, 39-р урыст, 7-р нэгъуэщI лъэпкъхэм ящыщт. Къэбэрдейм къэралыгъуэ иIэным теухуауэ зэIущIэшхуэм и утыкум цIыху 20 къыщыпсэлъащ, Къэбэрдейр автономнэ область щхьэхуэу Горскэ республикэм къыхэкIыныр игъуэ дыдэу, ар цIыхубэ лъэIуу зэрыщытыр жаIэу.
А лъэхъэнэм Налшык зыгъэпсэхуакIуэ щыIэт Сталиныр. Абы съездым къыхуигъэхьа письмом итт и узыр къызэрыхъеям къыхэкIкIэ, лэжьыгъэм хэтыну Iэмал зэримыIэр, атIэми съездым хэтхэм гурэ псэкIэ зэращIыгъур икIи Къэбэрдей щIыналъэ цIыкIур Урысейм и зы автономнэ Iыхьэ хъуну зэрыхущIэкъур зэригуапэр. Сыт хуэдэ зэмани хуэдэу, къэрал унафэщIым и псалъэм, дэIыгъыныгъэм мыхьэнэшхуэ иIащ абы щыгъуи. Сталиным жиIа апхуэдэ псалъэхэм и лъэр нэхъри жан ищIауэ, Къэбэрдейм и Советхэм я IV съездым унафэ ищIащ РСФСР-мрэ ГССР-мрэ я пашэхэм Къэбэрдейм и гуащIэрыпсэухэм къабгъэдэкI лъэIукIэ - Къэбэрдейр автономнэ область ящIыну - зыхуагъэзэну, а Iуэхум теухуа доклад шэщIа абыхэм я пащхьэ илъхьэн хуейуэ.
1921 гъэм бадзэуэгъуэм и 3-м екIуэкIыну РКП (б)-м и ЦК-м и Кавбюром и Пленумым хуагъэхьэзыращ апхуэдэ дэфтэр. Къэбэрдеймрэ Горскэ республикэмрэ я лIыкIуэхэм ящIа докладхэм тепсэлъыхьа нэужь, пленумым унафэ ищIащ Къэбэрдейр Горскэ республикэм къыхэкIыну. Къэбэрдейм и автономием ехьэлIа Iуэхугъуэхэм ВЦИК-м щытепсэлъыхьын мурадкIэ, 1921 гъэм шыщхьэуIум и 8-м Москва кIуащ Къэбэрдейм и лIыкIуэ гуп, Къалмыкъ БетIал я пашэу. ВЦИК-м и Президиумым 1921 гъэм фокIадэм и 1-м иригъэкIуэкIа зэIущIэм унафэ къыщащтащ Къэбэрдей автономнэ областыр къызэгъэпэщыным теухуауэ. Абы зэритымкIэ, къэбэрдей лъэпкъым и автономнэ областыр Горскэ Республикэм къыхэгъэщхьэхукIа хъуат, Бахъсэн, Налшык, Аруан, Къэбэрдей цIыкIу щIыналъэхэр, абыхэм къепха жылэхэр, я мэзхэри хъупIэхэри я гъусэу. Къэбэрдей автономнэ областым и Советхэм я I съездыр екIуэкIыхукIэ, властыр IэщIалъхьат Революцэ комитетым.
КъыкIэлъыкIуэ илъэсым и пэщIэдзэм балъкъэр лъэпкъри лъэIуащ Горскэ республикэм къыхэкIыну. 1922 гъэм щIышылэм и 16-м РСФСР-м и ВЦИК-м диIыгъащ балъкъэрхэм я лъэIур икIи РСФСР-м хыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр автономнэ областыр къызэрызэрагъэпэщымкIэ декрет къищтащ. А унафэр занщIэу гъэзэщIа хъуакъым, сыту жыпIэмэ лъэпкъитIым я зэгухьэныгъэм и мардэхэмкIэ щыIэ Iуэху еплъыкIэхэр зэтехуэртэкъыми. Абы ехьэлIа зы гупсысэр щаубзыхуар Къэбэрдей-Балъкъэрым и Советхэм я I съезду 1922 гъэм дыгъэгъазэм и 6-м екIуэкIарщ.
УзэплъэкIыжмэ, къыжыIапхъэщ ди республикэм къикIуа тхыдэ гъуэгуанэр гугъуехьышхуэхэмкIэ, ехъулIэныгъэ лъагэхэмкIэ, социально-экономикэ текIуэныгъэ инхэмкIэ гъэнщIауэ зэрыщытар. Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ зы автономиеу зэрызэгухьам Iэмал къитащ щIыналъитIми я экономикэ лъэщагъыр, щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр зэуIуу къэгъэсэбэпынымкIэ, псом я щхьэжыращи, лъэпкъитIым я цIыхубэр гъащIэщIэр ухуэным зэгъусэу, я дамэпкъ зэкъуэту яужь ихьащ.
КЪАРДЭН Маритэ.