I
Къуажапщэм къыщыдыхьауэ къуажэкIэмкIэ къехт псоми елъэIуу: «Уэрэдыншэу сыкъэнащи, кхъыIэ, зы уэрэд, жылэ, къызэфт», - жиIэу. Ди деж къыщысым, Ар си уэрэдым и пщIантIэм къыдишэри, чысэ хэдыкIа дахащэ цIыкIу къысхуишиящ вагъуэбэ нур зэщIэблэ-зэщIэпщIыпщIэкIэ гъэщIэрэщIарэ, гъащIэ насыпкIэ гъэнщIауэ…
II
Уэ къызэптащ уи псэм и гъусэу си псэр зыщысхъумэн чысэ хэдыкIа дахэ цIыкIу. Иджы пщыхьэщхьэкIэ си псэр абы дызолъхьэри IэфIу сожеиж, си псэр уи псэм и гъусэу а зы чысэ хэдыкIам зэрыдэлъыр сщIэуэ.
Сытым хуэдиз гуфIэгъуэ къысхуихьрэ сэ абы! Си щхьэр а чысэ дахэ цIыкIум теслъхьэмэ, си гур мэгуфIэ, си гукъыдэжыр Iуащхьэмахуэ йохьэйохуэ, щабэу Iэ дэслъэмэ, гуфIэгъуэ хэмыкIыж сохъу.
Зы пщэдджыжь дэкIыркъым а ди чысэм удз дахащэхэр къыщымыгъагъэу. Зы пщэдджыжьи думыгъэкIыу уэ абыхэм я нэхъ дахэхэр къипчурэ си пащхьэ къолъхьэ, я мэ гуакIуэмкIэ махуэщIэм сыхыбошэ.
Сэ пщыхьэщхьэкIэ си псэр аргуэру гъащIэ насыпыр щысхъумэ чысэм изолъхьэж си жэщыр пщIыхьыншэу согъакIуэ, махуэщIэр аргуэру епэрхэм я мэ гуакIуэхэмкIэ къысIуощIэ. А псори зи фIыщIэр уэращи - си псэр щхьэузыхь пхузощI.
Тхьэзэплъ Хьэсэн.