Хэкумрэ лъахэмрэ ягъуэта зыужьыныгъэр, ди къалэхэм, къуажэхэм я ефIэкIуэныгъэмрэ я зэфIэкIхэмрэ - псори зи Iэужьыр лъэ быдэкIэ щыт ди къэралыгъуэрщ. Урысей къэралым щIыналъэу хиубыдэм кIуэ пэтми щофIакIуэ зыужьыныгъэм и пщалъэ нэхъыщхьэу къалъытэ цIыхухэм я псэуныгъэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым иужьрей илъэситIым къриубыдэу ухуэныгъэ 60-м нэблагъэ и кIэм щынагъэсащ, къанэ щымыIэу зыхуей хуагъэзэжахэри хэту. Абы хиубыдащ еджапIэхэр, медицинэ, щэнхабзэ, спорт IуэхущIапIэхэр. Гъэ кIуам и закъуэ а ухуэныгъэхэм сом мелардиблым нэс трагъэкIуэдащ.
Республикэм гулъытэшхуэ щигъуэтащ псэупIэ унэхэр ухуэнми: мы гъэм и япэ мазитхум къриубыдэу фэтэр куэду зэхэт унэ зэтету хьэзыр ящIащ гъэ кIуам елъытауэ хуэдитIым нэблагъэкIэ нэхъыбэ. Апхуэдэу ди республикэр хабжащ жьы хъуа унэхэм цIыхухэр къыщIэгъэIэпхъукIынымкIэ лэжьыгъэшхуэ щызэфIагъэкIа щIыналъэхэм.
Къапщтэмэ, Налшык и къалэкум щекIуэкI ухуэныгъэ нэхъ инхэм ящыщщ Хъураным и уэрамым жьы дыдэ хъуауэ тета къалэ сымаджэщым и хирургие къудамэр ирахыу абы и пIэм къыщрагъэжьа поликлиникэщIэр. Метр зэбгъузэнатIэ мини 4-м нэс зи инагъ унэм хэтынущ узыфэхэр пасэу къыщахутэ, иджырей мардэхэм тету сымаджэхэм щеIэзэ, медицинэ еджапIэхэм щIэсхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ къудамэхэр. Абы хуэдэу Кавказ Ищхъэрэм итынур тIу къудейщ.
Къалащхьэм Головком и цIэр зезыхьэ и уэрамым апхуэдэу къыщызэIуахащ сабий поликлиникэ №1-р. Ар а щIыпIэм ита поликлиникэм пащIыхьыжащ зэман кIэщIым къриубыдэу. Иджы абы сабий цIыкIухэм зыхуеину медицинэ Iуэхутхьэбзэ псори щагъуэт, щIыпIэм екIуэлIэгъуафIэщ, унэр и теплъэкIи псоми къахэщу архитектурэ лэжьыгъэ дахэ иращIылIащ, бжэIупэхэр зэIузэпэщ ящIащ.
Ди щыхьэрым и теплъэр нэхъри иригъэфIэкIуащ «ЗэгурыIуэныгъэмрэ» «Абхъазымрэ» я утыку нэхъыщхьэхэм я зэхуакум къыщызэIуаха лъэс зекIуапIэм. Зэман куэд ипэкIэ хаса мыIэрысейхэр, кхъужьейхэр, уэздыгъейхэр куэду щызэхэт а щIыпIэ лъэщIэ-хур сыт щыгъуи къабзэу, абдежхэм лъэсу щызекIуэхэм хаша лъагъуэхэм фIэкIа нэгъуэщI уи нэм къыфIэнэн щымыIэу нобэм къэсат. Мы зэманым а лъэс зекIуапIэр я нэхъ дахэхэм ящыщщ. Абы иIэщ сабий джэгупIэ шынагъуэншэхэр, лъэныкъуэ псомкIи щызэбгрыкI, мывэкIэщхъкIэ къищIыкIа лъагъуэхэр, дизайн гъэпсыкIэ щхьэхуэхэм тету ящIа тетIысхьэпIэхэр. Скверым и кум итщ ди республикэм щыпсэу цIыху IэпщIэлъапщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр щагъэлъагъуэ абджыпс унэшхуэ.
Налшык и къэкIуэнур зэхьэлIар Кавказым и курорт къалэхэм ящыщ зы хъужынырщ. Абы къыхэкIыу, къалэм и унафэщIхэр хущIокъу жыгхэмрэ щхъуантIагъэхэмрэ зэрагъэбэгъуэным, а яIэр зэрахъумэным. Зы къали щыIэу къыщIэкIынкъым нэхъапэIуэ-кIэ хаса пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэр апхуэдэу щыкуэд. Сыт хуэдэ ухуэныгъэхэр ирамыгъэкIуэкIми, жыгхэм зэран хуэхъуркъым, ирахын хуей хъуахэр нэгъуэщI щIыпIэкIэ щыхасэж.
ЛIэщIыгъуэ блэкIам къалэкум щаухуауэ щыта гъущI гъуэгу станцыр (иужькIэ вокзалыр) ноби Налшык зыгъэдахэ, ныбжь зиIэ ухуэныгъэхэм ящыщщ. Абы и Iэхэлъахэр иджыпсту зыхуей хуагъазэ. Мы гъэм икIэм ирихьэлIэу а щIыпIэм теплъэ дахэ игъуэтынущ. Къапщтэмэ, а зы щIыпIэм сквери 3 щаубзыхунущ: гъущI гъуэгу вокзалым и гупэкIэ къилъщ Лениным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэм и щIэдзапIэм хуэзэр. Абы лъэбакъуэ тIощIрыпщIкIэ фIэкIа пэмыжыжьэу, иджыблагъэ ираха автовокзалыр зэрытам деж, аргуэру зы лъэс зекIуапIэ щаухуэнущ.
Хъураным и уэрамым илъэситI ипэкIэ къыщызэIуаха скверыр зэуэ цIыху кIуапIэ хъуащ. Гипс хужьыбзэкIэ къещIэкIа утыр, щхьэ зытелъ хъыринэхэр, жыг щIагъхэм щIэт тетIысхьэпIэхэр - псоми уатхьэкъу. Ар зэрыдахэм къыхэкIыу зэрышагъащIэхэм сурэт щызытрагъэх щIыпIи хъуащ.
Апхуэдэу Тэрчокъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым (5-нэ микрорайоным) мы гъэм къыщызэIуахынущ мэжджытжыгхэмкIэ (сирень) ягъэдэха лъэс лъагъуэ. Щыхьэрым иIэщ бзииху, дэшхуей хадэхэр, розэ защIэкIэ ягъэдэха щIыпIэхэр. ЩэкIуэгъуэм ирихьэ-лIэу абыхэм яхэувэнущ зи гугъу тщIыр. Ар езы къалэдэсхэм IэIэткIэ къыхахащ.
Абы щаухуэнущ сыткIи зыхуей хуэзэу къызэгъэпэща сабий джэгупIэ, спорт утыку, зи лъэм къримыхьэкIхэм папщIэ дэкIуеипIэхэр. Жьауэу икIи зэгъуэкIыу щыта уэрамыр къагъэнэхунущ, жэщыр хэкIуэтэху къалэдэсхэм я нэгу зыщрагъэужьын, зыщагъэпсэхун хуэдэу. Мэжджыт гуэрэн жытIэ щхьэкIэ, абы и гъэгъахэр кудрэ зэрыпымытым къыхэкIыу, абдеж нэгъуэщI щхъуантIагъэхэри щыхасэнущ, лъэс зекIуапIэр гъэм и кIыхьагъкIэ зэщIэгъэгъауэ щытын хуэдэу.
Головкомрэ Лениным и проспектымрэ я зэхэкIыпIэм пэмыжыжьэу бжэIупэшхуэ иIащ илъэс куэд щIа жыгыжьхэмрэ къуацэ зэщIэкIэжахэмрэ уапхымыплъыфу. Ахэр щырахым зыри пэплъакъым апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэм: жыгыщIэхэр хасащ, удз гъэгъа гъэкIыпIэхэмкIэ унэ бжэIупэхэр ягъэдахэри, тетIысхьэпIэхэр ягъэувыжащ, блэкIри къыблэкIыжри абдеж щетIысэхрэ загъэпсэхуу. ГъущI хъар екIухэмкIэ къагъэувыхьа щIыпIэмрэ уэхым узэрех дэкIуеипIэхэмрэ я гъэпсыкIэкIэ зэрызэтехуэм удехьэх. Скверым щагъэувыжащ уэрамым и цIэр зезыхьэ Головко Арсений и домбеякъ бюстышхуэр. Къуацэ фIэкIа зэрымыт апхуэдэ щIыпIэ дапщэ зы мардэм тету зыхуей щыхуагъэза къалэ кIуэцIым иужьрей илъэс зыбжанэм…
Ди республикэм нобэ бжьыпэр щызыIыгъхэм ящыщ «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» пэхуэщIэм деж мащIэу дыкъыщызэтеувыIэнщи, абы химыубыда къалэ кIуэцI гъуэгухэм къахэгъуэтэгъуейщ. Лениным, ЩоджэнцIыкIум, Головком, КIыщокъуэм, Идарым я цIэхэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэхэм я лъэс зекIуапIэхэр плиткэ нэхъыфIхэмкIэ къагъэщIэрэщIэжащ, асфальт зытелъыпхъэм иджырей мардэхэм тету тралъхьащ. Апхуэдэ лэжьыгъэхэр къыщрахьэлIащ къалэм и къыдыхьэпIэхэм, асфальт зытемылъа уэрамдыхьэхэм. Иджыпсту Iуэхум щыпащэ Къэбэрдей, Осетин, Къалмыкъым, Щоджэным, Нэхущым, Мэзлом, Руставели, Тамань шуудзэм я цIэхэр зезыхьэ, Полевой, Пятигорск, Профсоюзнэ уэрамхэм. ПащIэмрэ Лермонтовымрэ я уэрамхэм кумблIэмбхэр щадыжащ. Псом нэхърэ нэхъ лэжьыгъэшхуэ щызэфIахащ Головком и цIэр зезыхьэ уэрамымымрэ абы и лъэс зекIуапIэхэмрэ: ас-фальтыр трахри щIэуэ тралъхьащ. Гъуэгу лэжьыгъэхэм къадэкIуэу къалэм и уэрам нэхъыщхьэхэм абджыпсым къыхэщIыкIа автобус къэувыIэпIэщIэхэр щагъэуващ, адрейхэми мыгувэу нэсынущ.
Налшык и къалэухуэхэм я нэIэм щIэтщ зэман кIыхькIэ гулъытэншэу къэнауэ щыта къулыкъущIапIэхэри. Абыхэм ящыщ унитI тетщ Лермонтовымрэ Яхэгуауэмрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэр щиух гъуэгу зэхэкIыпIэм. Ахэр къагъэщIэрэщIэжри, IуэхущIапIэ куэдым я хэщIапIэ хъуащ, абыхэм егъэщIылIа щIыпIэхэри зыхуей хуагъэзащ. Къалащхьэм къыщыгъуэтыгъуейщ, куэд мащIэми, зыхуей хуамыгъэзарэ, лэжьыгъэ пакIэ къыщрамыхьэлIа зы плIанэпэрэ. Псом ящхьэращи, апхуэдэ щIыпIэхэр зыхуей хуагъазэ, цIыхухэм къахуэсэбэпын, Iуэхутхьэбзэ щхьэхуэхэр щагъуэтын хуэдэу.
Къалащхьэр кIуэ пэтми нэрылъагъуу йофIакIуэ, йофIакIуэ цIыхухэм я псэуныгъэри.
Лъостэн Музэ.