ЯЛЪАГЪУМКIЭ АРЭЗЫУЭ, ЯФIЭГЪЭЩIЭГЪУЭНУ

УФ-м и Федеральнэ Зэхуэ­сым и Къэрал Думэм ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ ветеранхэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Нилов Ярослав я пашэу лIы­кIуэ гуп лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм Къэбэрдей-­Балъкъэрым щыIэщ. Ды­гъуасэ ахэр яхуеблэгъащ Нартан къуажэм дэт школ-интернат №5-м, Сабий творчествэмкIэ «Дыгъэпс къалэ» академием, УФ-м Пенсэмрэ социальнэ страхованэмкIэ и фондым и къудамэу КъБР-м щыIэм.

ХьэщIэхэм псом япэу зыщагъэгъуэзащ сабий зеин­шэ­хэмрэ адэ-анэ зыщхьэщы­мыт­хэмрэ школ-интернат №5-м щаIэ псэукIэм. IуэхущIапIэм и унафэщI Алишанов Алий­сулътIан ахэр щыгъуазэ ищIащ интернатым унагъуэ хабзэхэм тету сабийхэр зэрыщагъасэм, сыт и лъэныкъуэкIи къы­зэ­рызэгъэпэщам. Школ-интернатым езым и пщIантIэм туе жыгыу мини 3-м щIигъу щегъэкI, Iэщ, шы, тхьэкIумэкIыхь щаIыгъ фермэхэр, жыг хадэ­хэр иIэщ, гуэдз хасэ. Нэхъыщ­хьэращи, цIыкIухэр а лэжьыгъэхэм хэгъуэзауэ къохъу.
- Сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэм я нэIэм щIэмытхэмрэ ­гъащIэм тыншу зэрыхэзэгъэн Iэмалхэм гулъытэ хэха мыбдеж щыхудощI. Апхуэдэу гуп­жьей зэмылIэужьыгъуэу 28-рэ диIэщ, - къыхигъэщащ Али­шановым. - Сабий 76-м ди нэIэ ятетщ. Школ-интернатым и бжэр сыт щыгъуи зэIухащ, ди цIыкIухэм къахохьэ къуажэм щыщ ныбжьыщIэу 140-рэ. Ахэр зэгъусэу йоджэ, гупжьейхэм макIуэ, зэныбжьэгъущ. Ды­зэреплъымкIэ, ар Iуэху бгъэ­дыхьэкIэфIщ сабийхэр цIыхум зэрыхэтыфынум хуэгъэхьэзырыным и лъэныкъуэ­кIэ. Еханэ классым къыщы­щIэ­дзауэ зрагъэгъуэтыну Iэ­щIагъэм нэхъ тегъэщIауэ дадэлэжьэн щIыдодзэ. Къи­щынэмыщIауэ, школ-интер­натым щекIуэкI лэжьыгъэм ныбжьыщIэхэр жыджэру илъэс 14-м къыщыщIэдзауэ хэтщ, Лэжьыгъэ кодексым зэ­ригъэувым тетуи улахуэ хэхаи къахь. Абы мы­хьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ, ахэр гъащIэм тыншу хыхьэ­фынымкIэ». 
ХьэщIэхэр еплъащ школ-интернатым пщэфIэнымрэ дэ­нымрэ щыхуагъасэ и пэшхэм, сабийхэм я щыIэкIэ-псэукIэр зрагъэлъэгъуащ, абыхэм я узыншагъэм зэрыкIэ­лъып­лъым и деж щыщIэкIыжу. Абдеж къэкIуахэм зрагъэцIы­-хуащ интернатыр къэзыуха ­ПащIэ Даринэ, ар еджэри ­къигъэзэжауэ илъэс еплIанэ хъуауэ абдеж дзэ дохутыру ­щолажьэ.
Егоровэ Татьянэ жиIащ депутатхэм мы школ-интернатым я нэIэ зэрытетыр, зэ­рыхъукIэ ­зэ­рызыщIагъакъуэр. Ныбжьы­щIэхэм защыхуигъазэм, ар абыхэм ехъуэхъуащ Сабийхэр хъумэ­ным и дунейпсо ма­хуэмкIэ. «Дэ дыхуейщ узын­шэу, губзыгъэу, хэкупсэу фыкъэхъуну», - къы­хигъэщащ абы. 
Нилов Ярослав зи лIыкIуэ гупым къабгъэдэкIыу ныбжьыщIэхэм егъуэхъуащ щхьэж и хъуэпсапIэр къехъулIэну, ­гъащIэм увыпIэфI щагъуэтыну. Абы жиIащ школ-интернатым зэрыпщафIэ хьэкурэ уэрэд зэрыжаIэну Iэмэпсы­мэрэ къызэрыхуашар. «Къэ­бэрдей-Балъкъэрым етIуанэу дыкъокIуэ. Нэхъ ипэкIэ нэ­гъуэщI IуэхущIапIэхэри тлъэ­гъуащи, жысIэну сыхуейт абыхэми ноби гукъыдэж ин зэрыщыдгъуэтар, щIэблэр зэ­рывгъасэ Iэмалхэр телъы­джэ зэрытщыхъуар, - жиIащ Ниловым. - Унагъуэ зэхущытыкIэ­-хэр мыбдеж зэрыщывгъэлъапIэмрэ къызэрыщывгъэсэ­бэ­пымрэ псом хуэмыдэу нэхъ ­дигу дыхьащ, балигъым хуэ­дэу, сабийми къалэн пыухыкIа зэраIэр зыхащIэу, пщэфIэ­н, жьыщIэн, къапщтэмэ, къабзагъэм зэрыкIэлъыплъын хуейр ящIэу къызэрытэ­джым мыхьэ­нэшхуэ иIэу къы­золъытэ. Сы­нывохъуэхъу ­узыншагъэ быдэ фиIэну, мамыру фыпсэуну».
УФ-м и Федеральнэ Зэ­хуэсым и Къэрал Думэм Лэ­жьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ ветеранхэм я Iуэху­хэмкIэ и комитетым и фIыщIэ тхылъыр абы яритащ школ-интернатым и унафэщI Алишанов АлийсулътIанрэ лэжьа­кIуэхэу Нэгъуей Маринэ, Шэру Светланэ, Щомахуэ Залинэ сымэ.

КъБР-м и Парламентым еджапIэм тыгъэ хуищIащ удз зэрыпаупщI Iэмэпсымэ.
КъыкIэлъыкIуэу, хьэщIэхэм зы­хагъэгъуэзащ Сабий творчествэмкIэ «ДыгъафIэ къалэ» академием и лэжьыгъэм. Ахэр еплъащ маэстро Темыркъан Юрэ, сурэтыщI цIэрыIуэ Шемякин Михаил сымэ я цIэ­кIэ къы­зэIуаха классхэм ныбжьыщIэхэм зэрызыщагъасэм, шахмат клу­бым и ехъулIэныгъэхэм, ныб­жьы­щIэхэм робототехникэм ­ща­Iэ зэфIэкIым, апхуэдэуи едэ­Iуащ вирусхэм пэщIэтыным хуэгъэзауэ къэ­кIыгъэ зэхуэмыдэхэр къэ­гъэ­сэбэпауэ жьэм жьэдагъэ­жыхь псы хущхъуэрэ зыIуалъхьэ медицинэ маскэхэмрэ абыхэм къызэрагупсысам.
Комитетым и фIы­щIэ тхылъхэр егъэджакIуэ зыбжанэм хуагъэ­фэщащ. 
Ивановскэ щIыналъэм и Думэм и УнафэщI, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым епхауэ лажьэ УФ-м и законодателхэм я советым социальнэ политикэмкIэ и комиссэм и Iэтащхьэ Дмитрие­вэ Маринэ жиIащ «ДыгъафIэ ­къалэ» академием и гъэсэнхэм я Iущагъым ахэр къы­зэригъэу­Iэбжьар: «Дэтхэнэми къигупсыса и проектым апхуэдизкIэ гъэ­щIэгъуэну дыхигъэ­гъуазэрти, а Iуэхум ахэр зэрыдихьэхыр хьэкъ тщыхъуащ. Ап­хуэдэуи гу лъыстащ щалъхуа я щIыналъэр абыхэм фIыуэ зэралъагъум, зэрырипагэм. Ар гъэ­сэныгъэм и Iыхьэ нэхъыщхьэщ. А псор зи фIы­щIэр, шэч хэмылъу, егъэ­джа­кIуэхэмрэ я гъэса­кIуэ­хэм­рэщ. ИкъукIэ ди гуапэщ нобэ тлъэ­гъуар, сабий губзыгъэхэр къызэрыхъур. Парламентхэр зэ­рызэдэлэжьэнум дыщытеп­сэ­лъы­хькIэ, абы къикIыр псом япэу цIыхухэм ди зэныбжьэ­гъу­­гъэрауэ къызолъытэри, ды­зэ­кIэ­лъыкIуэнщ».
КъБР-м Пенсэмрэ социальнэ страхованэмкIэ и фондым и лэжьыгъэм зыщыхагъэгъуазэм, хьэщIэхэм къыжраIащ 2023 гъэм и япэ мазитхум абы цIыху мин 39-м электроннэу зыкъы­зэрыхуагъэзар, IуэхущIапIэм и клиент IэнатIэм мини 4 зэре­кIуэлIар. Къэралыр унагъуэхэм зэрыдэIэпыкъум папщIэ фIыщIэ хуищIыну Iуэхум зыкъригъэ­хьэ­лIат бынипщI зыпI Архэст Ма­ритэ. Бзылъхугъэр къэрал уна­фэщIхэм зэрахуэарэзыр къы­­хигъэщри, яхуигъэхьэзыра тыгъэхэри яритащ. 
IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэм зы­хагъэгъуэза нэужь, УФ-м и Къэрал Думэм и комитетым и лIыкIуэхэм КъБР-м и Прави­тельст­вэм «стIол хъурей» щра­гъэ­кIуэкIащ, «УФ-м Пенсэмрэ социальнэ страхованэмкIэ и фондым теухуауэ» федеральнэ законым къыщыгъэлъэгъуахэр зэрагъэзащIэм щытепсэлъыхьу. Абы къыщаIэта Iуэхухэм теухуа тхыгъэ ди газетым къыкIэлъы­кIуэ  къыдэкIыгъуэм тетынущ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)