ЕГЪЭДЖАКIУЭХЭМРЭ ГЪЭСАКIУЭХЭМРЭ Я ИЛЪЭСЫМ ТРАУХУЭ

«Библиотекэхэм я жэщ» урысейпсо Iуэхум хыхьэу, Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм техникэ, мэкъумэш литературэхэмкIэ и къудамэм щекIуэкIащ «Слово во славу учителя» зэхыхьэр. Ар теухуауэ  щытащ УФ-м и Президентым 2023 гъэр ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсу зэригъэувам.

Зэхыхьэм ирагъэблэгъащ КъБР-м и Сату-технологие колледжым и унафэщIым егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ и къуэдзэ Хьэцым Iэсиятрэ егъэджакIуэ Уэртэн Лусенэрэ, я студентхэр ящIыгъуу.

ЗэIущIэр езыгъэкIуэкIар библиотекэм и къудамэм и унафэщI Срыкъуэ Фаридэщ. Ар кIэщIу тепсэлъыхьащ егъэджакIуэ IэщIагъэр къызэрыунэхуамрэ зэрызиужьамрэ, абы цIыхубэм и деж иIэ мыхьэнэмрэ пщIэмрэ, щIэныгъэ зэрыритым къыдэкIуэу, еджакIуэхэм ар гъуазэ, чэнджэщэгъу зэрахуэхъур.

Фаридэ студентхэм еущиящ я Iыхьлыхэм, я щIыналъэм, къэралым хуэщхьэпэну IэщIагъэ зэрагъэгъуэтыну, зэпымыууэ я щIэныгъэм хагъэхъуэну, ар зрагъэхъулIэн папщIэ библиотекэм щIэх-щIэхыурэ къекIуэлIэну.

Хьэцым Iэсият егъэджакIуэ IэщIагъэр къыщIыхихам и гугъу щищIым, игу къигъэкIыжащ я щIалэгъуэм мы библиотекэр я кIуапIэу зэрыщытар. Зэхыхьэм къекIуэлIахэр абы экранымкIэ хигъэгъуэзащ я колледжым и къудамэхэм, зыхуеину иджырей IэмэпсымэхэмкIэ къызэрызэгъэпэщам, нэгъуэщIхэми.

Студентхэр егъэджакIуэхэм ятеухуа усэхэм къеджа нэужь, лъэпкъ шхыныгъуэхэр пщэфIынымкIэ мастер-класс ятащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.09.2023 - 14:20

АРЫКЪ И ГЪУЭГУЩIЭР

Тэрч куейм хыхьэ Арыкъ жылэм километри 2,5-рэ зи кIыхьагъ и автомобиль гъуэгур иджыблагъэ щызэрагъэпэщыжащ, «ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ.

27.09.2023 - 09:34

Шынагъуэншагъэр нэхъыщхьэщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым ще­кIуэкIащ шынагъуэншагъэмкIэ уры­сейпсо тхьэмахуэ зэхуаку Iуэхур. Абы хэтащ Iэпщэрызауэ зэ­хэтымкIэ дуней псом, Урысейм и чемпионхэмрэ школакIуэ щэ бжыгъэхэмрэ. 

27.09.2023 - 09:32

Лъагъуныгъэмрэ гуапагъэмрэ я лъахэ

Мы гъэм илъэс 20 мэхъури, Урыскй Федерацэм ща­гъэ­лъапIэ ГъэсакIуэмрэ школ кIуэгъуэ ныбжьым нэ­мысахэм ядэлажьэ Iэ­щIа­гъэлIхэмрэ я махуэр.

27.09.2023 - 09:30

УзыIэпызышэ зэхэшэ

Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиоте­кэм и лъахэхутэ къудамэм зэхыхьэ гъэ­щIэгъуэн ще­кIуэкIащ.

26.09.2023 - 15:02

ГРИММ ЗЭШХЭР

Гримм зэкъуэшхэр нэмыцэ тхакIуэхэщ, щIэныгъэлIхэщ. Якоб 1785 гъэм, Вильгельм - 1786 - м Ханау къалэм къулыкъущIэ унагъуэм къыщалъхуащ. Езы тIур бынибгъум я нэхъыжьхэт.