ТОХЪУТЭМЫЩ МУХЬЭМЭД И ТЕКIУЭНЫГЪЭ

«2023 гъэм и мафIэсгъэункIыфI нэхъыфI» еплъыныгъэ-зэпеуэ щекIуэкIащ Май къалэм щыIэ МафIэс-къегъэлакIуэ часть №6-м и хэщIапIэм.

Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ и IэнатIэм и къудамэхэм я лэжьакIуэхэр.

 Зэпеуэр щекIуэкIым къалъытащ къэрэгъулхэм я унафэщIхэмрэ абыхэм я нэIэ щIэт гупхэм хэтхэмрэ я лэжьыгъэм зэрыхуэIэижьыр, я къарууфIагъэр.

 Теорие Iыхьэм я къулыкъум къигъэув мардэхэм зэрыхуэхьэзырыр упщIэ-жэуап щIыкIэм тету къагъэлъэгъуащ. Къэрэгъулхэм я унафэщIхэр зэхьэзэхуащ пкIэлъеймкIэ  чэщанэм и 4-нэ къатым, иужькIэ и 3-нэ къатым зэрыбгъэж пкIэлъеймкIэ дэкIуеинымкIэ, я щхьэгъубжэм дэкIыу унэм щIыхьэнымкIэ. КIэух Iыхьэм къэрэгъулхэм я унафэщIхэм я Iэзагъэр наIуэ къащIащ къыхуагъэува къалэнхэр ягъэзащIэкIэрэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ и IуэхущIапIэм и къудамэм и унафэщI Тэрчокъуэ Залым къызэрыхигъэщащи, зэхьэзэхуэм хэта псоми къагъэлъэгъуащ я IэщIагъэм фIыуэ зэрыхащIыкIыр. Псоми ефIэкIри бжьыпэр иубыдащ мафIэс-къегъэлакIуэ часть №20-м (Бахъсэн район, Къубэ-Тэбэ къу.) и къэрэгъулым и унафэщI Тохъутэмыщ Мухьэмэд. Нэгъабэрей мыпхуэдэ зэпеуэм щытекIуауэ щыта Иуан Владимир (ПСЧ-14, Анзорей къу.) етIуанэ увыпIэр лъысащ, ПСЧ-20-м и плъыр къэрэгъулым и унафэщI Шэру Алим ещанэщ.

Тохъутэмыщ Мухьэмэд мыр и етхуанэ текIуэныгъэщ. Нэхъапэм ар щытекIуащ «Къудамэм и командир нэхъыфI», «МафIэсгъэункIыфI нэхъыфI», «Гъуэзымрэ Iугъуэмрэ щыхъумэнымкIэ лэжьакIуэ нэхъыфI» еплъыныгъэ зэпеуэхэм. Куэдрэ щытекIуащ еплъыныгъэ конкурсхэм, мафIэс-къегъэлакIуэ спортымкIэ зэхьэзэхуэхэмрэ.

БАХЪСЭН  Азэмэт.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.09.2026 - 09:30

Дахэу, нэгузыужьу

Налшык къалэм и шыгъэжапIэм щэбэт кIуам щекIуэкIащ «Iуащхьэмахуэ и Кубок-2026» 21-нэ лъэпкъхэм зэдай шыгъэжэгъуэ.

15.09.2026 - 09:26

ЛIыхъужьыгъэм щIэблэр щIапIыкI

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Бахъсэнёнкэ къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щекIуэ­кIащ Терроризмэм пэщIэтхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм хуэгъэпса фэеплъ зэхыхьэ.

15.09.2026 - 09:24

«Дыгъужьы­къуейм» и хьэщIэщыбжэр зэIуех

Аушыджэр (Дыгъужьы­къуей) къуажэм щаухуащ адыгэ хьэщIэщ екIу. Лъап­сэм ит унэр пасэрейм хэлъа хабзэм тещIыхьауэ къызэгъэпэщащ.

14.09.2026 - 09:26

Хабзэхэр зэрагъэзащIэм кIэлъоплъ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм Хабзэр къызэгъэпэщынымкIэ зэпымыууэ лажьэ и зэзыгъэуIу гупым и зэIущIэ.

14.09.2026 - 09:24

Республикэр хуэхьэзырщ хэхыныгъэхэм

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иригъэкIуэкIащ республикэм и Хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и Президиумым и япэ бжьы­хьэ зэIущIэр.