ДЕРС ЩХЬЭПЭ

Урысей гвардием и Управленэу КъБР-м щыIэм и «Эльбрус» СОБР-м и лэжьакIуэхэм Налшык къалэ дэт прогимназие №I-м и еджакIуэхэм  псалъэмакъ щхьэпэ драгъэкIуэкIащ Сабийхэр хъумэным и  дунейпсо махуэм ирихьэлIэу .
ШколакIуэхэм куэд къащIащ IэнатIэм  и тхыдэм, спецназ IэщIагъэм теухуауэ. Абыхэм папщIэ утыку кърахьат лэжьакIуэхэр Iэщэ -фащэкIэ, техникэкIэ   къызэрызэгъэпэщам хуэгъэпса гъэлъэгъуэныгъэ. Апхуэдэуи ахэр ирагъэплъащ СОБР-м хэтхэм ятеухуа фильм.

Школым и унафэщIхэм Урысей гвардием и лIыкIуэхэм  фIыщIэ хуащIащ щIэблэр хэкупсэу гъэсэным жыджэру зэрыхэтым папщIэ.

- Мыпхуэдэ зэIущIэхэр зэтеублауэ идогъэкIуэкI, абыхэм хэкур фIыуэ лъагъуныр, хуэпэжыныр ныбжьыщIэхэм халъхьэм имызакъуэу, ахэр   IэщIагъэ яхуэхъунур къыхахынымкIи сэмэп мэхъу,, - жиIащ Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и  офицер, полицэм и майор Лыкъуэжь Маринэ.   

                                                                           БАХЪСЭН Ланэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.12.2025 - 14:02

Сыжажэ Алихъан чемпионатым щытокIуэ

Мэзкуу къалэм киокусинкай-каратэмкIэ зэхьэзэхуэ зыбжанэ зэуэ щекIуэкIащ мы махуэхэм.

15.12.2025 - 14:01

Хэкур зыхъумэхэм Iэрагъэхьэнущ

Урысей ФСИН-м и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и жэрдэмкIэ, я нэIэм щIэт IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я сабийхэм сурэт щIынымкIэ я зэпеуэ ирагъэкIуэкIащ Хэкум и лIыхъужьхэм я махуэм ирихьэлIэ

15.12.2025 - 10:01

Спортым щыхъыбархэр

КиокушинымкIэ зэпоуэ

12.12.2025 - 09:03

Карате лIэужьыгъуэщIэмкIэ зэпоуэ

«Кавказым и Кубокыр» зендокай каратемкIэ къэхьыным хуэунэтIа урсейпсо зэхьэзэхуэ япэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIащ мы махуэхэм. Абы щызэпеуащ Урысей Ипщэм и спортсмен 200-м нэблагъэ.

11.12.2025 - 12:25

Жылагъуэм гулъытэшхуэ щызыгъуэта къыдэкIыгъуэ

Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэ (РИЦ) Псыхуабэ къызэрыщыщызэIуахрэ куэд щIакъым.