КЪАМБИЙ МУХЬЭБ И IУЛЫДЖ ЛЪАГЭР

Маргъущ (Сонэ) Сания Зырамыку ипхъу (илъэс 40-кIэ пэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэу щытащ, и лэжьыгъэфIым къыпэкIуауэ иIэщ щIыхь, фIыщIэ тхылъ куэд):

- Къамбий Мухьэб мы дунейм фIы фIэкIа хужыпIэ хъун щыIэу сщIэркъым. Илъэс дапщэкIэ сыдэмылэжьами, си жагъуэ къищIауэ къысхуэщIэжыркъым. ХьэлыфI куэд хэлъащ абы. Ди лэжьыгъэм и къызэгъэпэщыкIэм кIэлъыплъын, ар иригъэфIэкIуэн мурадкIэ куэдрэ щIэст ди урокхэм. Къанэ щымыIэу ахэр тхузэпкърихыжырт, гупсэхуу къыдгуригъаIуэрт дерсхэм я ухуэкIэ тэрэзыр, къохъулIахэми хуабжьу щыгуфIыкIырт. Адрейхэм зэхахыу къошхыдэнутэкъым, уи ныкъусаныгъэри утыкум кърихьэнутэкъым Къамбийм, ауэ уи ехъулIэныгъэр иIэтынут, гушхуэныгъэ къыпхилъхьэу, Iуэхум нэхъри утригъэгушхуэу.

Адэм ещхьу къытщхьэщытащ, нэхъыжьыфIым дызэриущиинум хуэдэу диунэтIащ. Си сабийхэр цIыкIуу, «мыхэр зэздзэкIыу щхьэ сылажьэрэ» жысIэу сыкъызэфIэзэрыхьу школым сыкъыIукIыжыну яужь сыщихьаи щыIэщ. Апхуэдэм деж дахэкIэ къызэпсалъэрт, Iуэхур гушыIэм хуишэжырт, сытригъэужырт. «Уи пшэдджыжь Iуэхур бгъэзэщIауэ, уи сабийр зыхуей хуэзауэ, уэ екIуу ухуэпауэ лэжьапIэм укъыщыкIуэкIэ, а унэгуащэ къыпкIэлъыплъхэр къызэрохъуапсэр пщIэрэ?» - жиIэрт. Сигу дахэ ищIырти, сыкъыщIигъэкIыжырт. Апхуэдэу зыхущытри си закъуэтэкъым - гупыр цIыху 60-м нэс дыхъурти, дэтхэнэми екIуу, тхуэкIуэу къыдэпсэлъэфырт.

Мыри жызмыIэу къысхуэгъэнэнукъым. «Губзыгъэм къилъхуар губзыгъэ мэхъу», - жаIэ. Езым ещхь хъужащ Мухьэб и бынхэри. Ипхъу нэхъыщIэ Рае сэ си нысэгъущ. Илъэс 35-рэ хъуауэ дызэбгъэдэсщи, цIыху зэпIэзэрытщ, игъащIэм и псалъэ жагъуэ зэхэсхакъым, сигу зригъэбгъакъым, зэхэх димыIэу допсэу, дызэгурыIуэу.

Лу (Мэлбахъуэ) Хьэлимэт Хьэсэнбий ипхъу (илъэс 32-кIэ егъэджакIуэу лэжьащ, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм, егъэджэныгъэмкIэ щIыналъэ IэнатIэм къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр иIэщ):

- Зы Iуэхугъуэ куэдрэ сигу къокIыж. ЩIалэ цIыкIуитI зэтIыркъат. Ар Мухьэб къилъагъури, и пэшым щIыхьэжа нэужь, ахэр къыхуезджэну къызжиIащ. (НэгъуэщIхэм зэхахыу зы сабий ешхыдэнутэкъым). Сэ абы щыгъуэ лэжьэн щIэздзагъащIэт, сыпионервожатэу арат. Къэсшащ щIалэ цIыкIухэри, сэр-сэру согупсыс: «Иджыпсту фIыуэ ешхыдэнурэ, пщэдей я адэ-анэр къедджэну къыщIэкIынщ». Си гугъащ ятекIиену, дунейм тетыр яжриIэну. АрщхьэкIэ, дэнэт! «Апхуэдэу ящIэрэ? Фи адэ-анэм тэмэму фыщытын хуейуэ аракъэ фызэрагъэсар? НтIэ, абыхэм я жагъуэ хъунукъэ фэ нобэ фщIар?» Дахэ защIэкIэ епсалъэри къыщIигъэкIыжащ. Абы и ужькIэ а щIалэ цIыкIуитIым зы зэраныгъэ ящIауэ срихьэлIакъым.

УнафэщIым игъэлъагъуэ щапхъэм куэд иIыгъщ. Мухьэб зэи къыкIэрыхуауэ плъагъунутэкъым. И унэри мыгъунэгъурэ лъэсу фIэкIа земыкIуэ пэтми, псом нэхърэ нэхъ жьыуэ школым къэсырт, псоми я ужькIэт щыдэкIыжри. Математикэр ныбжьыщIэхэм яригъэджырти, дапхуэдизу щIэщIауэ мылажьэми, и зы сыхьэт игъэкIуэдынутэкъым. Районым семинар е нэгъуэщI зэхуэс щыIэмэ, е и сыхьэтыр ихъуэжынут, е къыдридзейуэ нэхъ жьыуэ иригъэкIуэкIынут. ИтIанэт щежьэнур.

Си щхьэкIэ, пщIэшхуэ хуэсщIу, щапхъэ схуэхъуу сыдэлэжьащ а цIыху щэджащэм.

Пекъу (Пщыунэ) ХьэIишэт (илъэс 40-м щIигъукIэ биологиер щIэблэм яригъэджащ, «УФ-м гъэсэныгъэмрэ егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» дамыгъэр хуагъэфэщащ):

- Мухьэб сыдэлэжьэнуи сригъэджэнуи къысхуихуакъым. Ауэ, илъэс 50 мэхъу школыр къызэрызухри, иджыпсту хуэдэу си нэгум щIэтщ зы къат фIэкIа мыхъу ди еджапIэр. Уэзджынэр къеуэу кIэлындор кIыхьым дыкъытелъэдамэ, занщIэу дыплъэрт Мухьэб зыщIэс пэшым и бжэмкIэ. Ар школ унафэщIу щыщыта илъэсхэм еджа дэтхэнэми къыбжиIэнущ: Мухьэб къыщIэкIакъэ - псори щым хъурт. АтIэми ар кIияуэ, ину зыгуэрым ешхыдауэ, и жагъуэ ищIауэ къысхуэщIэжыркъым. Щабэу, игу емыуэу, жиIэм купщIэ хэлъу сабийм епсэлъэфырт.

Къамбий Мухьэб щыунафэщIа школым сызэрыщеджам сригушхуэу сопсэу. IуэхукIэ утыку сихьауэ «Мухьэб и деж узэрыщеджар бгъэгъуэщакъым» къызжаIэмэ, абы сригушхуэрт. БиологиемкIэ зэрезгъэджам нэмыщI, класс унафэщIу, егъэджэныгъэ лэжьыгъэмкIэ къуэдзэу сыщыщытахэм, «Мухьэб си пIэ итамэ, дапхуэдэу пIэрэт зэрищIынур?» - жысIэу сигукIэ сечэнджэщу апхуэдэу секIуэкIащ.

Си анэмрэ Мухьэбрэ зэшыпхъуитIым я бынт. Я унагъуи сихьэрт, ди унагъуи къихьэрт. Абы къыхэкIыу ар гъунэгъуу сцIыхуну Iэмал сиIащ. Унагъуэми еджапIэм зэрыщыIэм хуэдэ къабзэт: и Iуэхум кIий-гуо хэлътэкъым, ауэ псори къедаIуэу, унэм щIэсым пщIэ къыхуащIу, и псалъэр кIуэцIрыкIыу апхуэдэт. ЛэжьыгъэкIи, цIыхугъэкIи Мухьэб си щапхъэу си гъащIэр къэсхьащ. ЕджакIуэ псори фIы дыдэу дыкъицIыхурт. Къыздопсалъэм уи гукъеуэри, уи гуфIэгъуэри - псори къищIэрт.

Сабий фIыуэ умылъагъуу сабийм уахэтыфынукъым. Мис а сабийм яхуиIа лъагъуныгъэшхуэрауэ къысщохъу Мухьэб и ехъулIэныгъэхэм лъабжьэ яхуэхъуар.

Мис апхуэдэт Къамбий Мухьэб Алим и къуэр. Ар егъэджакIуэ Iэзэ, унафэщI Iущ къудейтэкъым, атIэ акъыл, цIыхугъэ, адыгагъэ, гуапагъэ зыхэлъа адыгэлI нэст. Аращ ар фIыкIэ цIыхухэм я гум къыщIинэжари.

ЛЫХЬ Людмилэ, Къамбий М. и цIэр зэрихьэу Къармэхьэблэ дэт курыт школ №1-м и егъэджакIуэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 17:28

ХАМЭ КЪЭРАЛХЭМ ЗЭРАДЭЛАЖЬЭМ ФЕЙДЭ КЪЫПОКIУЭ

Хамэ къэралхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым сату нэхъыбэу зыдищIыр СНГ-м хэтхэращ икIи иужьрей илъэситIым къриубыдэу республикэм зэригъэкIуэкIа продукцэм и куэдагъым процент 25-кIэ хигъэхъуащ, жиIащ

29.03.2024 - 17:23

ЗЫУЖЬЫНЫГЪЭМ И ЛЪАГЪУЭМ ИРОКIУЭ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Ставрополь крайм и губернатор Владимиров Владимиррэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и УнафэщI Темрезов Рашидрэ щIыгъуу хэтащ Тырныауз къалэм дэт, сыт и лъэныкъуэкIи з

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.