Насып къахуихьыркъым

Дэ фIыуэ долъагъу ди Iуащхьэмахуэ икIи абы дрогушхуэ, ар ди напщIи телъщ. Нарт эпосым и лIы­хъужь пажэ Сосрыкъуэ и зэманым тхьэхэм я зэхуэсыпIэу щыта и ­щыгум цIыхухэр дэкIыфакъым, адыгэлI Хьэшыр Чылар лъагъуэр пхишыху.

Ауэ дэ нобэ зи гугъу тщIынур нэ­гъуэщI Iуащхьэмахуэщ. Пэжщ, фы­мыгъэщIагъуэ: къызэрыщIэкIымкIэ, абы и цIэм и мыхьэнэм ещхь къы­зэрыкI бгы США-ми щыIэщ. Щхьэтечу жыпIэмэ, Калифорние штатым и вулкан ужьыхыжа Шастэм. Зэры­хуагъэфащэмкIэ, а щIыпIэм щы­­псэу индейхэм мыбы фIащащ Калифорнием къэIэпхъуа япэ урысхэм къыздахьри, къикIри «счастьещ», адыгэбзэкIэ, зэрытлъагъущи, «на­сыпщ». Ауэ абдеж зэ­рызэщхьыр ­щеух. Iуащхьэмахуэ хуэ­мыдэу, мы уэсылъэ щIыпIэм зэпы­мыууэ телъы­джэ гуемыIу гуэрхэр къыщохъу, къызыхэкIар мыгурыIуэгъуэу.
Псалъэм и хьэтыркIэ, индейхэм урагъэдэIуэфынущ Лемурие къэ­ралыжьым теухуа хъыбар куэд икIи я фIэщу къалъытэ абы щыщхэр а бгым и кIуэцIым щыпсэууэ. Ахэр дэ дэщхь дыдэкъым: я пщэхэмрэ я Iэхэмрэ кIыхьщ, я щхьэцхэр зэфIэтщ. Ятеухуауэ нэгъуэщI зыри ящIэркъым. Пэжщ, дыщIагъуж, щыхуейхэм деж абыхэм умылъагъу защIыфу, инджылызыбзэр мыIейуэ ящIэ пэтми, езыхэм я бзэкIэ зэпсалъэу. Я щэнхабзэри яхъумэж, бгым и щIыIум къыщыдэкIуейри зэзэмызэщ. И кIуэцIым абыхэм къалэ щаIэщ. Ар дыщэкIэ, нэгъуэщI фIыгъуэхэмкIэ икIи… цIыхухэм я хьэдэхэмкIэ къуауэ ягъэхъыбар.
2016 гъэм щIыпIэм щыпсэухэм сурэтхэр трахауэ щытащ Шастэ бгым и щыгум пIалъэ кIыхькIэ щхьэ­щыта НЛО-м. Бгыщхьэм зищIысыр ямыщIэу зэпымыууэ зыгуэрхэр къыщоцIу. АрщхьэкIэ, дэкIахэм жаIэ (бгыр апхуэдизуи лъагэкъым - метр 4332-м фIэкIыркъым) къыщыцIуун гуэри абы и щыгум щримыхьэлIауэ.
Иджы дгъэзэжынти фIыгъуэхэмкIэ зэщIэкудауэ жыхуаIэ къалэм. Абы и хъыбарыр ауэ сытми къежьакъым. 1904 гъэм щIыпIэм къэкIуащ Браун Джей Си гуэр. Ар инджылыз компаниехэм ящыщ зым къигъэ­кIуат, дыщэ е щIыдагъэ къилъыхъуэну. Зыкъомрэ къуршхэм итащ, зэ­зэмызэ фIэкIа къыкъуэмыкIыу. Ауэ зэуэ ­бзэхащ, здэкIуар зыми къыбжимыIэфыну.
Телъыджэращи, илъэс 30 дэкIа иужь, 1934 гъэм, Браун аргуэру къы­щыхутэжащ къыщыкъуэкIауэ щыта щIыпIэм. Абы ахъшэфI иIыгът, жиIэм трагъуэтэжынуи фэ тетт. Къалэм щыпсэу хьэрычэтыщIэм хуигъэуващ пщэдей щIидзэу лэжьа­кIуэхэр икIэщIыпIэкIэ къищтэну. Езым къыхуиIуэтэжащ:
- Илъэс 30 ипэкIэ сэ Шастэ и джабэм сыкIэрытт, дыщэ къэслъыхъуэу. Зэуэ сыIууащ гъуанэ гуэрым. Абы цIыху балигъ ихуэфын къудейт. Сы сыIэмащIэлъэмащIэт, сыгурбиянти, си жыпхэр нэщIт, кIэщIу жыпIэмэ, зыри сфIэкIуэдынутэкъым. Арати, уэздыгъэ, фэтыджэн, банкI, кон­сервхэр къыздэсщтэри, а гъуанэм сипщхьащ. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ ар мыгувэу щIыщIагъ гъуэгум хуэ­кIуащ. Иджы уи щхьэр хуиту пIэт ­хъуртт. Куэдрэ сыкIуащ, сызэрегупсысымкIэ, миль 11 хуэдиз къызэзнэкIагъэнущ. ИкIэм-икIэжым сыкъыщыхутащ къалэм ещхь гуэрым. Пэшхэр зэпыщIат, зым ущIэкIмэ, ­адрейм ущIыхьэу. Къэсплъыхьу щIэздзащ. Абыхэм я блынхэр гъуа­плъэм къыхэщIыкIа къэнжалхэмкIэ къищIыкIат. Ауэрэ срихьэлIащ зи блыным а къэнжалхэм ящыщхэр къыщыкIэрыхуа пэш. Къыр пцIанэм сызэрыIуплъэу къызгурыIуащ сы­зылъыхъуэр къызэрызгъуэтар: къыр пцIанэр дыщэхэр куэду къызыхах мывэ защIэт. Абы къыдэкIуэу зы щIыпIэм сыщыIууащ хьэдэ къуп­щхьэхэм. Ахэр 27-рэ хъурт. Хуабжьу сыкъэгузэващ, арщхьэкIэ къыкIэ­лъыкIуэ пэшым щыгъын екIукIэ, ауэ хъыбийхэмкIэ хуэпа хьэдэхэр щыс­лъагъум, къызыхэкIар сымыщIэу, шынэр сщхьэщыкIащ. Сыкъызэ­ры­кIуэжыну гъуэгур сэ тыншу къэз­гъуэтыжащ. Дауи, быдэу сигу изубыдащ ихьэпIэр здэщыIэр. «Дыщэ къалэм» тезгъэзэжыну си мурадти, лэжьакIуэхэр къызэрысщтэну, Iэмэ­псымэхэр къызэрысщэхуну ахъшэр зэхуэсхьэсыным илъэс 30 тезгъэ­кIуэдащ.
 Браун къиIуэтэжхэр уи фIэщ пщIыну гугъут, ауэ абы Тхьэ щиIуэжырт езым а щIыпIэм ишэну. Сыт хуэдэу щымытами, махуищ дэкIри, зы­хуеину псори ярылъу хьэлъэзешэхэр къэкIуащ, лэжьакIуэ 80 зэхуэсащ. Браун абыхэм яжриIащ пщэдей ежьэну.
АрщхьэкIэ къыкIэлъыкIуэ пщэд­джы­жьым Браун бзэхащ. Абы и хьэп­шыпхэр хьэщIэщым къыщIэнащ икIи а IуэхущIапIэм зыри щыжаIэфакъым ар здэкIуам теухуауэ. Лэжьа­кIуэхэр зэбграгъэкIыжащ, Iэ­мэ­псы­мэхэр яшэжащ, къэнар тIэунейрэ бзэха Браун и хъыбарым и закъуэщ.
Дауи, дунейм и нэхъ къэхъугъэ телъыджэхэм халъытэ ди Iуащхьэмахуэ ехьэлIа псори нэгъуэщIщ. И дахагъэм и гугъу тщIынкъыми. И цIэджэгъум ебгъэпщэнкIи Iэмал иIэкъым, мыбыи и джабэхэм цIыхухэр щыхэкIуади къэхъу пэтми. Ауэ ар къызыхэкIыр езыхэм я мысакъыныгъэрщ, 
 Пэжу, Iуащхьэмахуэ и гъунэгъууи дыщэ зыщIэлъ щIыпIэ къыщагъуэтащ, ауэ ар зи гугъу тщIахэм зыкIи екIуалIэркъым.

«Махуэкум»  и  къыдэкIыгъуэр зыгъэхьэзырар  ШАЛ  Мухьэмэдщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.