Бюджетыр къызэрагъэсэбэпар къапщытэж

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ КъБР-м ФIэкIыпIэншэ медицинэ страхованэмкIэ и щIыналъэ фондымрэ я бюджетхэр 2022 гъэм зэрагъэзэщIам.

Депутатхэм къищынэмыщIа, абы хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм, Правительствэм, щIыпIэ унафэр зехьэнымкIэ IуэхущIапIэ­-хэм, Къэзыпщытэ-къэзыбж палатэм, медицинэ IэнатIэхэм, жылагъуэ зэгу­хьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ жи­Iащ республикэм 2022 гъэм иIа зыужьы­ныгъэмрэ къытпэщылъ къалэнхэр зыхуэ­дэмрэ мэлыжьыхьым и 20-м КъБР-м и Iэ­тащхьэ КIуэкIуэ Казбек КъБР-м и Пар­ламентым Зэрызыхуигъэзам къыщигъэлъэгъуауэ зэ­рыщытар. 
- КъБР-м и Iэтащхьэм къыхигъэщауэ щытащ иужьрей илъэсхэм щIыналъэ бюдже­-тыр хуэдитIкIэ зэрыхэхъуар икIи 2022 гъэм и кIэм ар сом мелард 64,8-рэ зэрыхъуар. Апхуэдэ дыдэу щIыналъэм езым и хэхъуэ­хэри нэхъыбэ хъуащ - сом мелард 16,2-рэ, - жиIащ Егоровэм. - Республикэ бюджетыр къы­зэрыдэхъулIар къэзыгъэлъагъуэхэм ящыщщ къэрал щIыхуэр 2021 гъэм диIам зэрыфIэдмыгъэкIар (сом меларди 7-рэ мел­уан 30-рэ мэхъу). Ипэ илъэсхэми хуэдэу, щIыналъэм и ахъшэр нэхъыбэу зытригъэ­кIуэдар цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэ­кIуэ­ным­рэ защIэгъэкъуэнымрэщ (а Iуэхухэм сом мелард 45,3-рэ ихьащ). Апхуэдэу КъБР-м и Правительствэм пщэрылъ зыщищIыжа псори игъэзэщIащ.
КъБР-м ФIэкIыпIэншэ медицинэ страхованэмкIэ и щIыналъэ фондым и лэжьыгъэм къыщытеувыIэм, КъБР-м и Парламентым и УнафэщIыр а IэнатIэм пэрытхэм ­ехъуэхъуащ IуэхущIапIэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 30 зэрырикъумкIэ. «Шэч хэмылъу, ОМС-м и фондыр ди къэралым узын­шагъэр хъу­мэным теухуауэ щащIэм къыгуэхыпIэ имы­-Iэу епхащ. Ди гуапэщ адэ­кIи абы и Iуэхухэр ефIэкIуэну, - пищащ Егоровэм. - Ды­зы­теп­сэлъыхь пIалъэм мы IуэхущIапIэм и бюджетым и хэхъуэр сом мелард 11,72-рэ хъуащ, къигъэсэбэпар - сом мелард 11,64-рэщ. IуэхущIапIэм и бюджетым и зы Iыхьэр ­хуаутIыпщащ республикэм мыла­жьэу щыс­хэм фIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэм ипкъ иткIэ хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэм - ар сом меларди 4,2-рэ мэхъу. Ап­хуэ­дэуи къыхэзгъэщыну сыхуейт гулъытэ хэха яхуэтщIын зэрыхуейр Украинэм щекIуэкI Iуэхухэм хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ зэрызащIэдгъэкъуэным. Ди хъумакIуэхэм зыхащIэн ­хуейщ абыхэм я унагъуэхэр къэралым ­гулъытэншэ зэримыщIыр, - дыщIи­гъуащ Егоровэм.
КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис тепсэлъыхьащ мэкъу­мэшым, промышленностым, гъуэгу лэжьыгъэм, туризмэм, хьэрычэт Iуэху мащIэмрэ курытымрэ, ухуэныгъэм ехьэлIауэ республикэм зригъэгъуэта ехъулIэныгъэхэм. Абы къыхигъэщащ щIыналъэм къилэжьам и хэхъуэр проценти 103,8-рэ зэрыхъуар, про­мыш­ленностым - проценти 102,1-рэ. 
- Промышленностым зэрызиужьамкIэ, Кав­каз Ищхъэрэм и щIыналъэхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ещанэ увыпIэр иIыгъщ, Ставрополь краймрэ Дагъыстэнымрэ яужькIэ, - жиIащ къэпсэлъам. - Мэкъумэш IэнатIэм къыщалэжьар псори зэхэту сом ­мелард 77,7-рэ мэхъу. Республикэр ди къэ­ралым щыпашэщ илъэс куэдкIэ къызыпыкIэ жыг хадэхэр зэрыхисэмкIэ. Мы зэманым апхуэдэу диIэм я бжыгъэр щIы гектар мин 25-м щIигъуащ. 2022 гъэм тонн мин 680,3-рэ къыпачащ а жыгхэм. Къищы­нэ­мыщIауэ, п­хъэщхьэмыщхьэхэр пIалъэ кIыхьым тещIыхьауэ зэрихъумэфымкIэ Къэбэрдей-­Балъкъэрыр япэ ит щIыналъищым щыщщ, хадэхэкIхэр гъэфIэIунымкIэ нэхъыфIитхум хэтщ. 
Министрым зэрыжиIамкIэ, 2022 гъэм ику ит улахуэр ипэ ита илъэсым нэхърэ нэхъыбэ хъуащ (проценти 108,4-рэ), лэжьапIэншэу ­нэгъабэ зезыгъэтхар хуэдэ 1,5-кIэ нэхъ мащIэщ 2021 гъэм нэхърэ (цIыху мини 7,6-рэ).
КъБР-м финансхэмкIэ и министр Лисун Еленэ жиIащ 2022 гъэм бюджетыр гъэ­зэщIэныр тыншу зэрыщымытар, псом хуэ­мыдэу ар хьэлъэ ящI дуней псом къыщекIуэкI политикэ Iуэхухэм. 
- Гугъуехьхэм емылъытауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и бюджетыр зэгъэзэхуауэ дгъэзэщIащ, дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэхэм защIэдгъэкъуэныр къызэдгъэпэщащ икIи республикэм и къалэнхэр игъэзэщIащ, - жиIащ министрым. - Республикэм и хэхъуэр 2022 гъэм сом мелард 64,8-рэ хъуащ. 2021 гъэм ебгъапщэмэ, ар сом мелард 12,8-кIэ нэхъыбэщ. Налогымрэ нэгъуэщI хэхъуэ­хэм­рэ сом мелард 16,2-кIэ дгъэзэщIащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, республикэм къигъэсэбэпар сом мелард 63,1-рэ мэхъу, профицитыр - сом зы мелардрэ мелуани 6-рэ. Зымыгъэзэж хэхъуэу 2022 гъэм къэралым къиу­тIыпщащ сом мелард 48,6-рэ.
Бюджетыр зытрагъэкIуэдам къыщытеувыIэм, Лисун Еленэ жиIащ ар къэрал программэ 26-р зэрагъэзэщIэнум тещIыхьауэ зэрыщытар. Зэрыхабзэу, нэхъыбэр зытекIуэдар республикэм и щыIэкIэ-псэукIэр егъэ­фIэкIуэнырщ, егъэджэныгъэ, экономикэ, узыншагъэр хъумэн IэнатIэхэр зыхуей хуэгъэзэнырщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, социальнэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхухэм республикэ ахъшэм и процент 71-р хуагъэкIуащ. Къищынэмы­щIауэ, коронавирусым пэщIэтынымрэ абы земыгъэубгъунымрэ сом мелард 1,2-рэ трагъэкIуэдащ, абы щыщу сом мелуан 359-р республикэ ахъшэу. 
КъБР-м и Парламентым БюджетымкIэ, налогхэмрэ финанс IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI АфэщIагъуэ Михаил жиIащ ­республикэм зэрыхузэфIэкIар экономикэм и ­хэхъуэм химыгъэщIыну, къухьэпIэ къэралхэм я санкцэхэм къиша гугъуехьхэр къызэ­ринэкIыну, бюджетыр зыхуей хуэгъэзауэ ­игъэзэщIэну. 
Апхуэдэуи АфэщIагъуэм тэмэму къилъытащ республикэм и къулыкъущIапIэхэр гъэ­зэщIакIуэ властым и щIыналъэ, федеральнэ IэнатIэхэмрэ хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэмрэ зэрадэлажьэр нэхъ быдэ ящIын хуейуэ. 
КъБР-м ФIэкIыпIэншэ медицинэ страхованэмкIэ щIыналъэ фондым и бюджетыр 2022 гъэм зэрагъэзэщIам теухуауэ къэпсэ­лъащ IуэхущIапIэм и унафэщI Бгъэжьно­къуэ Зурьят. Абы зэрыжиIамкIэ, Фондым и хэхъуэр 2022 гъэм сом мелард 11,7-рэ мэхъу, къигъэсэбэпар - сом мелард 11,9-рэ. Зы­хущы­щыIэр - сом мелуани 188-рэ. IуэхущIапIэм нэгъуэщI и хэхъуэхэр проценти 106,5-кIэ ­игъэзэщIащ (сом меларди 4,2-рэ мэхъу). ЩIыналъэ программэм къыщыгъэлъэ­гъуахэр ягъэзэщIэфын папщIэ, фондым къыхуаутIыпщащ бюджет зэхуаку транс­ферту сом мелуан 31-рэ. ЩIыналъэ про­граммэхэр гъэзэщIэным 2022 гъэм сом ­меларди 9,3-рэ хуаутIыпщащ, ар сом мел­уан 726,8-кIэ нэхъыбэщ 2021 гъэм елъытауэ.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м Къэ­зыпщытэ-къэзыбж и палатэм и унафэщI КIасэ Динэ, Урысейм и УФНС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и уна­фэщIым и къуэдзэ Лытнёвэ Наталье, ­КъБР-м щIы, мылъку IуэхухэмкIэ и министр Тохъу Аслъэн, Прохладнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Журавлёв ­Андрей, Республикэ клиникэ сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэ Тет Хьэсэнбий, Бахъ­сэн район сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэ Ещтрэч Мурат сымэ.

БАГЪЭТЫР  Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.