|
Кавказыр зыхуэдэр наIуэ щащI
24 мая, 2023 - 07:43
УФ-м и Къэрал Думэм СНГ-м я IуэхухэмкIэ и комитетым и къэпщытакIуэ-чэнджэщакIуэ советым хэт Къаскъул Аслъэн «Урысейм и Кавказыр зэвгъэцIыху» Iуэхур иригъэжьащ.
Абы къэрал куэд мы лэжьыгъэм къыхишэну и мурадщ. Аслъэн зи пашэ гуп мэлыжьыхьым и 27-м щегъэжьауэ накъыгъэм и 5 пщIондэ щыIащ Бразилиемрэ Аргентинэмрэ. Гъуэгуа-нэр зытеухуауэ щытар щIалэгъуалэм я Iуэхухэр къэлъытауэ зэпыщIэныгъэхэм зегъэубгъунырщ.
Аргентинэмрэ Бразилиемрэ я щIалэгъуалэу мы Iуэхум хэтахэм гъэщIэгъуэн ящыхъуащ студентхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ирагъэкIуэкI гъэсэныгъэ лэжьыгъэхэр.
- Аргентинэмрэ Бразилиемрэ я щIалэгъуалэ гуп Кавказ Ищхъэрэм къытхуеблэгъэнущ, ди проектым и лэжьыгъэр къыщызэщIэткъуэж зэхыхьэм хэтын папщIэ. Ар бжьыхьэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIынущ. Кавказ Ищхъэрэр щIыпIэ нэхъ шынагъуэншэ дыдэхэм икIи хьэщIэм пщIэ щыхуащI щIыналъэхэм язщ. НэгъуэщIу ар къызыщыхъухэм пэжыр егъэлъагъунырщ ди лэжьыгъэр зыхуэдунэ-тIыр, - жиIащ Къаскъул Аслъэн.
Гупыр гъуэгу техьэнымкIэ къадэIэпыкъуащ Урысейм и лIыкIуэу Аргентинэм щыIэ Феоктистов Дмитрий, Урысейм и генеральнэ консулу Сан-Паулу щыIэ Токмаков Владимир, Урысейм и консулу Рио-де-Жанейрэ щыIэ Петров Андрей сымэ.
Мы Iуэхур ягъэзащIэ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Быф Анатолэ, Урысейм Нэ-гъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм я нэIэм щIэту.
КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.
|
25.04.2024 - 09:15 Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам |
|
25.04.2024 - 09:03 «ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ. |
|
24.04.2024 - 09:09 Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу. |
|
24.04.2024 - 09:09 Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ. |
|
24.04.2024 - 09:08 Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж. |
|