КАВКАЗ

Москва сыкъэсри, сэ дыгъуакIуэм хуэдэу сыщIэтIысхьащ Арбат пэмыжыжьэу щыт хьэщIэщым и пэш къызэрыгуэкIым. Зэшыгъуэу екIуэкIырт зэманыр. Абы сыIущIа нэужь, къыкIэлъыкIуэну ди зэхуэзэм сыпэплъэу сыпсэурт, хьэпсым ибэмпIыхьым хуэдэу. А зэманым къриубыдэу щэнейрэ сыхуэзауэ аращ, ари епIэщIэкIыу къыщIыхьэрт, зы дакъикъэкIэ, жиIэурэ. Лъагъуныгъэ гуащIэр зи гущIэм къикIэзызыкIыу, гузавэм зи фэр пихуа бзылъхугъэр си пэшым къызэрыщIэбакъуэу, жьауэр лъэныкъуэкIэ иридзэкIырт, и нэгум къепхъуха хъарыр, епIэщIэкIыу, дрихьейрти, зыкъызишэкIырт. Жьы хуримыкъуу, IурымэхыкIыу зыкъызэзыкъузылIэ бзылъхугъэм и теплъэм сыкъигъэуIэбжьырт, гухэхъуэт, абы къыдэкIуэуи, сфIэгуэныхьт. 
- КъызэрысфIэщIымкIэ, - жиIэрт абы, - гурыщхъуэ къысхуещI, уеблэмэ зыгуэри хищIыкIыу къыщIэкIынущ. Си гъэтIылъыпIэм и IункIыбзэр къыIэрыхьэу, нысхуэптха тхыгъэхэм ящыщ еджагъэнущ… Ар цIыху гущIэгъуншэщ, щхьэхуэфIщ, игу къэкIыну псори пщIэнукъым. «Щхьэгъусэм, офицерым и щIыхьыр схъумэн щхьэкIэ сымыщIэнрэ сыкъэзыгъэувыIэнрэ мы дунейм теткъым!», - къызжиIащ абы зэгуэр. Иджы си ужь икIыркъым, дэнэ сымыгъэзами, къыскIэлъоплъ. Аращи, ди гугъэр нахуапIэ хъун папщIэ, къызэрымыкIуэу дысакъын хуейщ. ХуабапIэхэр, тенджызыр сымылъагъумэ силIыкIыну и фIэщ сщIащ, уеблэмэ сиутIыпщыну хьэзырщи, тхьэм щхьэкIэ сынолъэIу, шыIэныгъэ зыхэгъэлъ! 
Пэжщ, ар нэмысыншагъэт зы мафIэгукIэ Кавказым дыкIуэныр, тенджыз Iуфэм деж унэ къыщытщтэу, зыми дыкъамыщIэу тхьэмахуэ зыщыплI здэтхьыныр. Сэ фIыуэ сцIыхурт а щIыпIэхэр, си щIалэгъуэм Сочэ пэмыжыжьэу сыщыпсэуати. Зэи си нэгу щIэкIынукъым толъкъун щIыIэ щхъуафэхэмрэ шыкIуртIымщэху фIыцIэхэмрэ я лъахэм щесхьэкIа бжьыхьэ пшыхьхэр. «Иджы уэ усщIыгъуу згъэзэжынущ а мэз Iувхэмрэ тенджыз гъунапкъэншэмрэ», - щыжысIэкIэ, и фэр пыкIырт абы. Арами, ди хъуэпсапIэр къыдэхъулIэну дыщыгугъыртэкъым, ди фIэщ тхуэщIыртэкъым – апхуэдизкIэ насыпышхуэт ар дэркIи. 
Уэшх щIыIэр щыувыIэртэкъым Москва. Гъэмахуэм зэи къимыгъэзэжыну икIауэ къыпщыхъурт: уэтIпсытIт, ятIэт, кIыфIт, уэрамым щызэхэзекIуэ лъэсырыкIуэхэмрэ шыгум зридзэ гущхьэдэсхэмрэ я жьауэхэр фIыцIафэу уэшхыпсым телыдыкIырт. Вокзалым сыщежьа пщыхьэщхьэр кIыфIт, гущыкIыгъуэт, сыгузавэрти, си гур пыкIэзызыкIырт, щIыIэм сыдрихуейрт. Си пыIэр нэхъри къескъухщ, си нэкIур пщампIэмкIэ щIэсхъумэри, вокзалым сытелъэдащ. МафIэгум и купе нэхъыфI дыдэхэм ящыщ ипэIуэкIэ къэсщэхуащ и щхьэм уэшхыр къызэрытелъадэр зэхэпхырт. Си хэщIапIэ бэнзэвым сызэрыщIыхьэу, щхьэгъубжэ Iупхъуэр зэхуэсщIри, и Iэ псыфыр кIэпхын хужьымкIэ илъэщIыу, хьэлъэзехьэм къиущIа Iэгум шеибжьэ уасэ ислъхьэу зигъэбзэха нэужь, бжэм хьэлъкъ естащ. Вокзалым тет уэздыгъэ фагъуэм мащIэу къигъэнэхурт щIыбымкIэ щызэрызехьэхэм я нэгур. Сэ щхьэгъубжэ Iупхъуэр мащIэу езгъэкIуэтэкIауэ сакIэлъыплъырт абыхэм, блэкI-къыблэкIыжхэм сызэжьэр къахэсцIыхукIыным сыщыгугъыу. ДызэгурыIуат сэ вокзалым нэхъ жьыуэ, езыр зэрыхъукIэ нэхъ гувауэ дытехьэну, зэрымыщIэкIэ дызэIумыуэн папщIэ. Я къэсыгъуэт абыхэм. Си нэр згъэжанми, къысхуэлъагъуртэкъым. Уэзджынэр етIуанэу къыщызум си щIыфэм щIыIэ гуэр ирижащ – къыкIэрыхуауэ аращ е къиутIыпщакъым, хущIегъуэжри! Ауэ, къэдабэ Iэлъэ зыIэрыгъ, офицер фащэ екIур зыщыкъуза лIы лъагэм и Iэблэр си щIасэм иIыгъыу къыщыслъагъум, сыкъэуIэбжьащ. ЩтэIэщтаблэу щхьэгъубжэм сыкъыIуцIэфтри, шэнтжьейм зиздзащ. 
Сэ къызыщызгъэхъурт ар абы щIыгъуу мафIэгум къызэрихьар, зэрызиплъыхьыр, и Iэлъэр зыIэрихыу, пыIэнэтIабжьэр зыщхьэрихыу, ба зэрыхуищIыр, жор къызэрытрищIэр. ЗыкъызигъэщIэжу, си тхьэкIумэ Iупсыр Iуичу уэзджынэр ещанэу къэIуащ. МафIэгур щежьэм сэ сызэщIэнащ… Къебэ-небэу ежьа мафIэгур тэлайрэ зридзащ, иужькIэ щабэу зишэщIащ, лъэкIыну псори къигъэлъагъуэ хуэдэ. И хьэпшыпхэр иIыгъыу ар си деж къэзыша гъуэгугъэлъагъуэм Iэ диякIэ тумэн IэщIэслъхьащ… 
МащIэу пыгуфIыкIыу къыщIыхьэри, уеблэмэ баи къысхуимыщIу, шэнтжьейм етIысэхауэ и пыIэр зыщхьэрех. 
- Шэджагъуашхэм щыщ схуегъэхакъым, - жиIащ абы. – ЗысхуэмышыIэнкIэ сышынэрт. Псы щхьэкIэ солIэ. Нарзан сегъафэ, - апхуэдэу хуиту япэ дыдэ къызэпсалъэу арат ар. – Быдэу сощIэ нызэрыскIэлъыкIуэнур. ЩIыпIитIым я цIэ жесIащ, Геленджикрэ Гагрэрэ. Плъагъункъэ, махуищ-плIы зэрыдэкIыу, Геленджик нэсынущ. Сыарэзыщ! СылIэми нэхъыфIщ, бэлыхьыр стелъу сыпсэу нэхърэ…

 

ЗэзыдзэкIар Фырэ Анфисэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)