|
ШЫНЭШЫНЭ ЩЫIЭУ, УМЫШЫНЭ
22 мая, 2023 - 13:08
Шынэшынэм (ромашкэ) теухуа щIэныгъэм япэу ущрохьэлIэ урым тхакIуэ Плиний нэхъыжьым и лэжьыгъэхэм. Езы удз гъэгъар илъэс 4000 хуэдиз хъуауэ щыIэу къалъытэ. Мысырымрэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъумрэ къыщагъуэтыжащ шынэшынэр сурэту зытещIыхьа хьэпшып тIорысэхэр. Критым къыщагъуэтащ а удз гъэгъам и теплъэкIэ гъэщIэрэщIа дыщэ щхьэцхэлъхьэ. Ику ит лIэщIыгъуэхэм щыгъуэ лIыхъусэжьхэм я гум къыдыхьа бзылъхугъэм иратырт шынэшынэ. Бзылъхугъэр абы къыдэкIуэну арэзы зэрыхъум и нэщэнэт, а удз гъэгъахэр хъурейуэ иблэу и щхьэцым зэрыхилъхьэр.
Шынэшынэм япэу гу лъитауэ жаIэ Колумб Христофор. Абы и хэкуу къалъытэр Америкэрщ. Пасэу щIадзащ удз гъэгъам и хущхъуэгъуэхэр яджу. Европэм шынэшынэр къыщыунэхуащ XIX лIэщIыгъуэм и 70 гъэхэм. Урысейм къыщрашар нэхъ иужькIэщ. Удз гъэгъар лIэужьыгъуэ 350-у зэщхьэщокI. Абы и процент 30-р Урысейм къыщокI.
Пасэрейхэм къалъытэрт шынэшынэр гуапагъэмрэ къабзагъэмрэ я нэщэнэу икIи ар Iейм текIуэу. Шынэшынэр къагъэсэбэп крем щызэхалъхьэкIэ, сабын щагъавэкIэ. Абы къыщIэгъэвыкIа псыр щхьэфэмкIэ сэбэпщ, зи щхьэц къикIхэми къагъэсэбэп. Пасэм шынэшынэм къыщIагъэвыкI псымкIэ щхьэцыр трахурт, дыщафэ дахэ къыщIагъэуэн папщIэ.
Шынэшынэр Мысырым къыщагъэсэбэпырт сымаджэм и температурэ дэкIуэеяр ирырагъэхыу. Шынэшынэр хущхъуэхэлъхьэу къагъэсэбэпащ Гиппократ, Асклепий, Авицценэ, Гален сымэ. ЦIыхубэ медицинэм шынэшынэм увыпIэшхуэ щеубыд. Тибет медицинэм ар къегъэсэбэп Iэпкълъэпкъыр щIалэу къэнэным и зы хущхъэгъуэу. Франджыхэм нэхъыбэу къагъэсэбэп шхалъэ узым ирипэщIэту. Франджым и дохутырхэм жаIэ тутынафэхэмрэ кофекIэ ерыщхэмрэ шынэшынэм къыщIэгъэвыкIа псы щIэх-щIэхыурэ ефэн хуейуэ. Шынэшынэм ипс йофэ зи щхьэ уназэрейхэри. Тэмакъыр щыузкIэ ибгъэжыхьми сэбэп мэхъу.
Бадзэуэгъуэм и 8-м Урысейм щагъэлъапIэ унагъуэм, лъагъуныгъэм, пэжыгъэм и махуэр. Абы и дамыгъэ нэхъыщхьэщ шынэшынэр.
ГУГЪУЭТ Заремэ.
|
|
22.03.2025 - 12:00 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Наркотикхэм япэщIэтынымкIэ и комиссэм и зэIущIэ иригъэкIуэкIащ республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. |
|
|
22.03.2025 - 09:05 ЩIалэгъуалэм я унэм иджыблагъэ лэжьэн щыщIидзащ «IэщIагъэлI ныбжьыщIэм и школ» зыфIаща еджапIэм. |
|
|
22.03.2025 - 09:05 Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩэнхабзэмкIэ и фондым, Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм, щекIуэкIащ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и егъэджакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, музыкант, усакIу |
|
|
21.03.2025 - 10:13 Беларусь Республикэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ зэдэлэжьэным пыщIа Iуэхухэр зэкIэлъызыгъакIуэ гупым и зэIущIэ видеозэпыщIэныгъэ Iэмалым тету зэхэтащ. |
|
|
21.03.2025 - 09:50 Ахэр фIыуи Iейуи къыщIэкIынкIэ мэхъу, ауэ нобэ зи гугъу тщIыр езы гъащIэм и кIыхьагъырщ. Мыр щытщ дэтхэнэ къэралми и щыIэкIэ-псэукIэр зыхуэдэр къызэрапщ пщалъэхэм ящыщ зыуэ. |
|