Сыт Кавказ зауэр къэхъеиным щхьэусыгъуэ хуэхъуар? Дауэ зэрызиубгъуар? Сыт хуэдэу ди лъэпкъыр абы къызэрыхэщыр? А псом теухуа и гупсысэхэмкIэ къыддэгуэшащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, КъБКъУ-м этнологиемрэ КъБР-м ис лъэпкъхэм я тхыдэмкIэ, журналистикэмкIэ кафедрэм и унафэщI ТекIуий Мадинэ. Абы и псалъэм щIэдзапIэ хуэхъуащ зауэм ипэжыпIэкIэ узэреджэн хуей фIэщыгъэм теухуа гупсысэр.
- «Урыс-Кавказ зауэм» нэхърэ, «Кавказ зауэ» жыпIэныр нэхъ тэмэму къызолъытэ, - жеIэ Мадинэ. - Мыбдеж къыхэгъэщхьэхукIып-хъэр зэныкъуэкъу зи яку къыдэхъуа лъэныкъуэхэракъым, атIэ ар щекIуэкIа щIыпIэрщ. ЕтIуанэрауэ, Урысеймрэ Кавказымрэ къищынэмыщIа, абы я Iуэху къыхалъхьащ нэгъуэщI къэралхэми: Тыркум, Великобританием, Ираным.
- Мадинэ, зауэр къызэрыхъея щIыкIэм, зэрызиубгъуам и гугъу къытхуэпщIамэ, ди гуапэт.
- Зауэр махуэ пыухыкIа гуэрым къэхъеякъым. АтIэ хуэм-хуэмурэ, кIуатэм къызэщIэрыуэурэ зыкъызэщIищIащ. Зауэр къыщыхъея зэману убж хъунур Урысейм Мэздэгу быдапIэр къэбэрдеищIым щрищIыхьарщ. Къэбэрдейм быдапIэ щыбухуэныр лъэпкъым и дежкIэ хабзэтэкъыми, а Iуэхум адыгэхэр къигъэуIэбжьащ, игъэгубжьащ. Урыс пащтыхьыгъуэм хьилагъэ хэлът: адыгэ лъэпкъым щыщхэр я лъэныкъуэ ящIын папщIэ, абыхэм къащхьэщыж хуэдэу защIырт, я дзыхь кърагъэзыным иужь итт. Абы къыхэкIыу, зауэ емыкIуэкI хуэдэу гупсысэ нэпцI гуэрхэри щыIэт. Урысей унафэр къабыл зымыщI адыгэ «жыIэмыдаIуэхэм» яхуэгъэза зауэ гущIэгъуншэр яубла хъуащ. Зауэ лыгъейр зыхуэгъэза адыгэ щхьэмыгъазэхэр губжьащ икIи езыхэми, гуп- гуп зэрыгъэхъуурэ, урысхэм ятеуэныр ирагъэжьащ.
Урыс властыр IэмалыщIэхэм хуекIуэрт - Кавказым ис лъэпкъхэм тхьэрыIуэ ирагъэщIу щIадзащ Урысейм хуэпэжынымкIэ. Уэркъхэм щхьэхуэу, къэрэхьэлъкъым щхьэхуэу тхьэ ирагъаIуэрт. Абы щхьэкIи зауэр къызэтеувыIэртэкъым. Сыт абыкIэ мураду яIар? Урысхэр ягъэшынэу, быдапIэ ухуэныр кърагъэгъэувыIэну арат. Пщыхэмрэ уэркъхэмрэт абы щыгъуэ нэхъыбэу зауэм Iу-тыр, къэрэхьэлъкъыр хыхьащэртэкъым. Нэхъ иужьыIуэкIэщ псори зэкъуэту щызэуар.
1790 гъэм урысхэр иужь ихьащ ди щIыналъэм суд реформэхэр щрагъэкIуэкIыну. Адыгэ лъэпкъым и хабзэм къыпэщIэуэ Iуэхугъуэт абы къыхалъхьэхэр. Псалъэм папщIэ, лъыщIэж хабзэр. Абы тету зыукIаIам и хеящIэр Урысейм къызэригъэувым хуэдэу ящIэну ятрикъузэрт. Е Iэщ къэдыгъуныр… Ар лъэпкъым лIыхъужьыгъэ къызэрагъэлъагъуэ хабзэу къадэгъуэгурыкIуэртэкъэ?! Зи щхьэм пщIэ хуэзыщIыж уэркъхэр а зэхъуэкIыныгъэхэмкIэ, дауи, арэзытэкъым.
ЗыкъызэщIищIэм, ин хъум, къэлыдмэ, тесабырэжмэ, аргуэруи къызэщIэрыуэжурэ екIуэкIырт зауэр. Пшынэр зэгуэпшыху и макъыр нэхъ ин хъууэ, нэхъ жьгъырууэ Iууэ щыткъэ?! Абы ещхьт мафIэ лыгъэм щIыналъэр зэрызэрипхъуэр.
Ермоловыр Кавказым къагъэкIуа нэужь, зауэр нэхъри къызэщIэрыуащ. Кавказым ис лъэпкъхэм я зэуэкIэ-гупсысэкIэм кIэлъыплъа нэужь, абы я тIасхъапIэр къищIэри, теуэ зэуэкIэр къезыгъэжьахэм езым къызэригъэпэща «летучие отряды» жыхуиIэр яриуштащ. Сыт хуэдэ Iэмал гущIэгъуншэри къигъэсэбэ-пырт Ермоловым, Урысейм зиубгъун папщIэ. Абы лъэгущIэт зыхуэзыщIын зымыдэ «жыIэмыдаIуэхэр» зэрыщIригъэгъуэжын Iэмалым хуекIуащ: къуажэхэм къыдэнэ сабийхэр, жьыкIэфэкIэр, бзылъхугъэхэр зэтриукIэу щIи- дзащ.
1827 гъэм ПIалъэкIэ щыIа къэбэрдей судыр яухуэ. Тхыдэджхэм къалъытэ абдеж зауэм и зы Iыхьэр иухауэ щытауэ, сыту жыпIэмэ, Къэбэрдейр абы и ужькIэ щхьэхуиту убж хъужынутэкъым. Судым и мардэхэм къагъэувыIэрт атэлыкъ хабзэр. Апхуэдэ щIыкIэкIэ ягъэкIащхъэрт, Кавказым ис лъэпкъ-хэм я зэпыщIэныгъэхэр зэкIэрачырт. ЩызэрымыщIэкIи, нэхъ махэ хъурт. Урысей пащтыхьыгъуэм къигъэсэбэпащ «зэкъуэчи - унафэ яхуэщI» политикэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр.
- Ди лъэпкъэгъухэм Хэкур щабгынэм сыту пIэрэт зэгупсысар?
- Хэкур зыбгынахэм абы къинэну Iэмал мащIэ гуэри яIауэ си гугъэщ. Щхьэхуитыныгъэм и мыхьэнэр нэсу къагурымыIуарэт е пагагъэм къыхэкIыу «ди щхьэр дымыгъэщхъыу, ди щIыб къыфхуэдгъазэмэ нэхъыфIкъэ» жыхуаIэу гупсысэрэт… Хэкури яфIэкIуэдащ, щхьэхуитыныгъэ бэлыхьи яIэжакъым. Гъуэгум текIуэдахэм, хы Iуфэм шхын щхьэкIэ IулIыхьахэм, узымрэ гуауэмрэ ихьыжахэм я бжыгъэр къыпхуэлъытэнкъым. Нэхъ шынагъуэ дыдэу къытщыщIынкIэ хъу-нур къэхъуащ - лъэпкъым щыщу къэна мащIэри дунеижьым щикъухьа хъуащ. Щхьэж зыщыпсэу къэралым и цIыхухэм - тыркухэм, урысхэм, хьэрыпхэм - я хьэл-щэным, я хабзэхэм щыщ гуэрхэр, хуей-хуэмейми, яхэпщащ. Бзэри нэсу яIуры-лъыжкъым.
- Ди тхыдэр къызыхэщыж художественнэ тхыгъэхэм ящыщу ущыгъуэзэну сыт хуэдэр нэхъ тегъэщIапIэ пщIы хъуну?
- Художественнэ литературэм Кавказ зауэм и тхыдэр къызэрыхэщыжым и гугъу пщIымэ, ар епхащ Пушкин, Лермонтов, Толстой сымэ я цIэхэм. Къэлъытэн хуейщ ахэр зыщыщ лъэпкъым и лъэныкъуэкIэ тхыдэм къызэрыхэплъари. ИтIани, Кавказым ис лъэпкъхэм я хьэл-щэным гуакIуагъэу хэлъыр, лIыхъужьыгъэ зэрызэрахьэфыр, зэрыцIыху уардэхэр я тхыгъэхэм къыщагъэлъэгъуащ. Ди щIыналъэ литературэм щыщу къыхэгъэщыпхъэщ Шинкубэ Бэгърат и «ЖылакIэ» романыр.
- Тхыдэр щIэблэм - школакIуэхэмрэ студентхэмрэ - зэрыбгъэдэлъхьэн хуейм и IуэхукIэ сыт нэхъ лэжьыпхъэр? Уэ ебгъаджэ щIалэгъуалэм дауэ зыхащIэрэ ди блэкIар?
- Школым щегъэджын хуейщ лъэпкъ тхыдэр. Нэгъэсауэ, куууэ. ЗацIыхужу къыдэгъэкIуэтеин хуейщ ди щIэб-лэр. И пэжыпIэкIэ блэкIар школакIуэм бгъэдэлъхьа зэрыхъунур зэлъытар егъэджакIуэращ. Егъэлеиныгъэ жыхуэтIэр къыхэбгъэхьэнкIэ Iэмал зимыIэщ.
Студентхэм яхэтщ набдзэгубдзаплъэу тхыдэр зыджхэр, лъэпкъым и блэкIам щыгъуазэ зыхуащIыну зи гур пхъэрхэр. Уеблэмэ зы щIэдзапIэ, Iуэхум хэзышэ хъыбар кIапэ захебгъэхмэ, езыхэр гупсысэ лъагъуэм тоувэри, тхыдэм и къэгъэшыпIэхэр зэпащIэж. Ауэ абы щхьэкIэ, студентыр гурыхуэу, щIэныгъэм хуеIэу щытыпхъэщ.
- БлэкIам и нэпкъыжьэ къызытена лъэпкъым дауэ зигъэбыдэну…
- Пащтыхьыгъуэм и гущIэгъуншагъэм щхьэкIэ иджыпсту урыс лъэпкъыр бгъэкъуаншэ хъунукъым. Губжьым фIым ухуишэнукъым, лъэпкъым и къэкIуэнум фIы гуэр щхьэж зэрыхэтлъхьэным иужь дитын хуейщ. Лъэпкъ IэщIагъэхэр, макъамэр, литературэр, театрыр, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэр къэгъэщIэрэщIэжыпхъэщ. Ди адэжьхэр щIэзэуар щIэблэм я мамырыгъэрщ. Иджыпсту куэдым я гугъэщ лъэпкъ ныпыр пIыгъ къудейкIэ адыгэгу ухъуу. Ауэ IуэхуфI блэжьынырщ псом я щхьэр.
Епсэлъар
Гугъуэт Заремэщ.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.