И ХЪЫБАРЫР КIЫХЬЩ ИКIИ ГУУЗЩ

IуэрыIуатэдж цIэрыIуэ Къардэн­гъущI Зырамыку 1979 гъэм къыдигъэкIа «Адыгэ уэрэдыжьхэр» тхы­лъым ущрохьэлIэ «Лабэдэсхэм я гъыбзэ» хъыбарым и зы къэIуэтэкIэм. КъардэнгъущIым абы лъабжьэ хуи­щIа тхыгъэхэми нэгъуэщIхэми Интернетым дыщылъыхъуащ. ДызрихьэлIам я нэхъыбэр лъабжьэ куу зиIэу къэтлъытащ. А псоми я гугъу дымыщIми, КъардэнгъущIым ейм ехьэлIам, зымащIэкIэ ар абы къыщхьэщыкIми, зэрыхъукIэ кIэщIу дытепсэлъыхьынщ.

XIX ЛIЭЩIЫГЪУЭМ и пэщIэдзэм Къэбэрдейр къызэрагъэIурыщIар ­пащтыхь къэралыгъуэм и дзэзешэхэм къахущIэкIащ Псыжь и ипщэ, курых лъэныкъуэхэмкIэ къахуикI шынагъуэ кIэ зимыIэжхэм къапызыщэу. Хьэжрэту зи щхьэр езыхьэжьа къэбэрдей адыгэхэм Псыжь и адрыщIкIэ щыпсэу я лъэп­къэгъухэр къызэщIаIэтэрт, ирагъэбгына я лъахэм къебгъэрыкIуэурэ, ялъ зэращIэжыным яужь итт.

Пащтыхьыдзэр гъуэгу тохьэ

Урыс тхыдэтххэм зэратхыжымкIэ, 1824 гъэм и бжьыхьэм белджылы къэхъуащ къухьэпIэмкIэ щыIэ шэрджэсхэм зэ­къуагъэува я къарухэм Къэбэрдейм къэкIуэну зэрызагъэхьэзырыр. Абы къыхэкIыу, 1825 гъэм и гъатхэр къызэрихьэу, урысыдзэр Псыжь зэпрыкIащ, къэбэрдей хьэжрэтхэм я «лъабжьэр къыхатхъын» мурадыр яIэу. 
Теуэ мыгъуэр зыублахэм ягу иралъхьат лъэныкъуэ зезыгъэза къэбэрдеипщхэм ящыщу нэхъ къулей дыдэу икIи зэфIэкIышхуэ зиIэу къалъытэ Къарэ­мырзэ Алий и къуажэхэр зэтрагъасхьэу, мылъкуу дэлъыр къызэщIакъуэну. Пщым и жылагъуэхэр, урысхэм япэIэщIэ зэрищIа щIагъуэ щымыIэу, пэIущIэ бгыхэм хуэжьэгъущIэсу щIигъэзэгъат, зэращымышынэр абыкIэ къигъэлъа­гъуэу.
Пащтыхьыдзэм мы иджырей и зекIуэм Кавказым Iей и лъэныкъуэкIэ цIэрыIуэ дыдэ щыхъуауэ щыта, адыгэ­хэр «Елмырзэ ТемырболэткIэ» зэджэу, урысыдзэм а лъэхъэнэм къулыкъу щезыхьэкIа джыназ Фёдор Бекович-Черкасскэри хэтащ. 
1825 гъэм мэлыжьыхьым и 1-м генерал-лейтенант Вельяминов Алексей и унафэм щIэт гупышхуэр Прочный Окоп деж Псыжь щызэпрыкIащ.
Мэлыжьыхьым и 3-м дзэр Чамлыкъ («Чэм лыкъу») псым и Iуфэм IутIысхьащ. Абдежым урысхэм хъыбар къаIэры­хьащ, Къарэмырзэ Алий, дзэр къазэ­рыхуэкIуэр къищIа иужькIэ, и къуажэхэр къуршым иришэжауэ. 
КъыкIэлъыкIуэ махуэм, мэлыжьы­хьым и 4-м, зауэлIхэр Лабэ зэпрыкIащ. Абдежым Вельяминовым, зыкъызэри­дзэкIыжри, Бекович-Черкасскэм пщэ­рылъ щищIащ къэзакъхэр зыщIигъуу Лабэ къызэпрыкIыжу, «къуршым ихьэжа» къэбэрдейхэм къакIэрыхуауэ зы­хуигъэфащэ мэл гуартэхэр къызэщIикъуэну, абы къыдэкIуэуи, Къарэмырзэ Алий и жылагъуэхэм ипэжыпIэкIэ бгыхэр щтапIэ яхуэхъуами зригъэщIэну.

Жылэм хуэпIащIэу

Бекович-Черкасскэр дзэр здэщытым и лъабжьэкIэ версти 10 хуэдизкIэ ежэхыжри, псым къызэпрыкIыжащ. Асыхьэтуи ар мыдрыщIым щхьэ­щылъэгыкI бгы нэпкъхэм я гузэпыщIэм щыхагъэпщ шы гуартэшхуэм ирихьэлIащ. Шыхъуэхэм къыжьэдашащ Къарэмырзэ Алий и къуажэр и пIэ зэ­римыкIари, верст 20 хуэдизкIэ зэрапэжыжьэри, дэс къэбэрдейхэр, урысхэр къатеуэным пэплъэу нэху щыху зэрымыжеяри, бийр иджыри Чамлыкъ (Чэм­лыкъу) псым къызэрыфIэмыкIам и хъыбарыр зэхахауэ, пIейтеиншэу жейм ­хилъэфагъэнкIэ зэрыхъунури... 
Бекович-Черкасскэм Вельяминовым хуиIуэхуащ Къарэмырзэ Алий и къуа­жэм зэрытеуэр, лъэсыдзэр къахуигъэкIуэнуи елъэIуащ. Вельяминовым япэ ищахэм батальон псо къакIэлъиутIыпщащ, унафи къахуищIащ дзэр ­ялъэщIыхьэху къуажэр къаувыхьыну, зыри къыдамыгъэкIын хуэдэу. 
Унафэр и чэзум къаIэрыхьакъым, батальонри къакIэлъысакъым - къэзакъ­хэр, лъэсырыкIуи ямыгъусэу, топи ящIымыгъуу, ягу иралъхьа мурад бзаджэм «пэлъэщащ». Зэрыхъуар аращи, Бекович-Черкасскэр мыпхуэдэу егупсысащ: батальоныр сыхьэти 5 хуэдизкIэ къызэрымысыфынум, апщIондэхукIэ бийм (къэбэрдейхэм) а щIыпIэр ябгынэнкIэ зэрыхъунум, е зыхъумэжыным зэрызыхуагъэхьэзырынум. Арати, езым и къэзакъхэм фIэкIа имыгъусэми, уащхъуэдэмыщхъуэу къуажэм теуэну мурад ищIащ.
Урысхэм я гугъат а жылэм унэ 30 - 40 фIэкIа дэмыту. ЗэрызэхахамкIи, Псыжь и адрыщIкIэ щыцIэрыIуэ, шууей нэхъ хъыжьэ дыдэхэм хабжэ Къарэмырзэ Алий езым и уэркъхэм я нэхъыбапIэр и гъусэт. Полковник Бекович-Черкасскэм щIыгъур къэзакъ 350-рэ къудейт.
ЖэщырыкIуэ гъуэгур пхыкIырт бес­лъэней къуажэхэм я Iэгъуэблагъэм, «Ахъмэт и фо изщ» псэлъафэр зытеIукIа Ахъмэтыбг (метр 1313-рэ и лъагагъщ) егъэщIылIахэм. Яшхэр щхьэхьу яу­тIыпщри, къэзакъхэр версти 5 хуэдизкIэ ипщэкIэ дэжеящ. Абдежым къыщызэ­теувыIэхэри, Лабэ зэпрысыкIыжащ, асыхьэтуи бгы лъагитIым «къаувыхьа» мэзылъэ жьанэм и дыхьэпIэ зэвым къыIухутащ. 
Урыс тхыдэтх Поттэ Василий зэритхыжамкIэ, мыбдежым шэрджэси 100-р зауэлI минхэм щапэщIэтыфынут. Арщхьэ­кIэ, мурад мыгъуэр зыщIахэм къапэувыни щымыIэу, верст 20 хуэдизкIэ мывалъэ лъагъуэ закъуэм «кIапсэ­лъэрышэу» ирикIуащ, иужьрей нэпкъым зэрыщхьэщыхьэххэуи жылэр къалъэ­гъуащ.

Къуажэшхуэр къалэ пэлъытэт

Гупыр къэуIэбжьауэ къэувыIащ. Абы­хэм къапэщытыр унэ 30 - 40 фIэкIа зыдэмыт «тэхъуанэ» къызэрыгуэкIтэкъым, атIэ зи щхьэгъубжэхэр къыдэу­кIыпIэ ящIа псэуалъэ 200-м нэхърэ мынэхъ мащIэ зыдэт «къалэт». Ар­щхьэкIэ, икIуэтыжыну кIасэIуэ хъуат: я щIыбагъымкIэ беслъэнейхэр къыщыIэт, мыгувэу къэушынкIэ хъуну къуажэшхуэр ипэкIэ къащыпэплъэрт. Ар къызэры­зэщIэхъаеу, ерагъкIэ къызыдэкIа дурэ­шым жэщырыкIуэ гупыр дэкIуэдэжынут. 
… Нэхулъэ къищI къудейт. Быдэу жей икIи бэлэрыгъа къуажэм напIэзыпIэм теуахэщ. Iэуэлъауэр зэрызэхахыу, пIащIэ-тхъытхъыу я псэупIэхэм къыщIэж къэбэрдейхэм зэрызахъумэжынур ящIэртэкъым, я Iыхьлыхэми ятегужьеикIат. Абы щыгъуэми, къэзакъхэм ахэр щысхьыншэу зэтраукIэрт. Бий кIэуфIыцIу къахуэкIуэм лыгъэ зрадз я унэхэм цIыху ныкъуэзыхуапэхэр къыщIэ­жырт, фочрэ къамэрэ фIэкIа ямыIыгъыу…»
Кавказ къэзакъ полкыр ажалзехьэу къуажэм пхрыкIащ. Абы и унафэщI майор Дадымовыр езы пщы Къарэмырзэ Алий Iууащ. Иужьрейр ныкъуэзыхуапэу и унэ бжэщхьэIум тетт. ПсынщIэ дыдэу къыхуэкIуэм фIы игу зэримылъыр нэрылъагъути, фочкIэ къеуащ. Шэр Дадымовым техуакъым. Мыдрейм и кIэрахъуэшэр пщым и щхьэм хуэзащ. Къарэмырзэ Алий и унэ щIыхьэпIэм телIыхьащ… 

Бгы зэхуакур ябгынакIэт

Теуахэм мылъкушхуэ къаугъуеящ. Шыуэ 665-рэ, Iэщышхуэу 530-рэ, мэлу 2300-рэ зыIэрагъэхьащ. Зэхэуэр иуха иужькIи, щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм дыщи дыжьыни къыщагъуэтащ. Гъэру яубыдар цIыхуи 139-рэ къудейщ, адрей псори зэхэуэм хэкIуэдащ е мафIэм хисхьащ. А щIыпIэм хьэдэу 570-рэ щы­зэхуахьэсыжри щыщIалъхьэжащ. Аргуэру хьэди 100-м нэблагъэ псыхьэлъахуэ хъуауэ къагъуэтыжащ. АрщхьэкIэ, езы къэбэрдейхэм иужькIэ зэрыжаIэжамкIэ, яукIахэм я бжыгъэр цIыху 1­000-м щхьэдэхат. Абыхэм ящыщу, ­уэркъ дыжьыныгъуэу 18-м нэблагъэмрэ лIакъуэлIэш нэхъ цIэрыIуэхэу 50-м щIигъумрэ.
Къарэмырзэм и къуажэр кърагъэлын я гугъэу, а щIыпIэм нэсахэт Псыжь адрыщIкIэ щыпсэу къэбэрдеипщхэм ящыщу Къетыкъуэ Жамболэтрэ Ажджэрий Кушыкурэ къыздрашэжьа шууей 300-м нэблагъэр, «арщхьэкIэ кIасэ хъуат - джыназ Бекович-Черкасскэм бгы зэ­хуаку шынагъуэр ибгынакIэт». (Тифлис, 1904 гъэ, «Утверждение русского вла­дычества», 3-нэ том, 2-нэ Iыхьэ, 195-нэ напэкIуэцI). 
«Къэхъуар нэхъри щхьэжагъуэ зы­щIыр къэбэрдейхэр апхуэдизу гужьеигъуэрэ щысхьыншэу зэтезыукIар езыхэм я лъэпкъэгъуу, Жамболэтхэ я лIакъуэм къыхэкIа къэбэрдеипщ Елмырзэ Темырболэту, урысхэм «Фёдор Бекович-Черкасскэ» зыхужаIэрауэ зэры­щытырщ», - щитхыжыгъащ ищхьэ­кIэ зи гугъу тщIа тхыдэтхым «На беглых кабардинцев» зыфIища и тхылъым.

Пщы уэлийм и къуэри яхэтащ

«МазитI нэхъ дэмыкIыу, мэкъуауэ­гъуэм и 23-м, генерал Вельяминовыр Псыжь адрыщIкIэ щыпсэу адыгэхэм аргуэру ятеуащ. ШыщхьэуIум и 18-м, зэхэуэ гуащIэхэм уIэгъэ хьэлъэ щыхъури, къыкIэлъыкIуэ махуэм илIыкIащ ­Къарэмырзэ Алий и къуажэр щыс­хьыншэу зэтезыгъэсхьахэм ящыщ ­майор Дадымовыр, Кавказ къэзакъ полкым и Iэтащхьэр». (Поттэ Василий, «Кавказская война», 2-нэ том, 529-нэ напэкIуэцI).
Псыжь адрыщIкIэ щыпсэу хьэжрэтхэмрэ адрей адыгэ лIакъуэхэмрэ къаруушхуэ къызэщIакъуэри 1825-м и фокIадэ мазэм Къэбэрдейм къэкIуащ. Абыхэм Къетыкъуэ Жанхъуэтрэ Къэсей Исмэхьилрэ я пашэт. Хьэжрэтхэм я мурад нэхъыщхьэр мыбы щыпсэухэр зыхашэнырт, арщхьэкIэ, Къарэмырзэ Алий и къуажэм даукIыхьахэми ялъ ящIэжащ абыхэм. ФокIадэм и 29-м адыгэхэм я дзэ зэкъуэтыр теуащ Къэбэрдейм и щIыналъэм щаухуа станицэщIэхэм ящыщ зым. Къыхэгъэщыпхъэщ, а Iуэхум тхыдэм зи цIэр фIыкIэ щыIуа, Къэбэрдейм и иужьрей пщы уэлий Жанхъуэт Кушыку и къуэ Жамболэти зэрыхэтар. 
«Артиллеристым и гъуэгуанэ тхыгъэхэр» лэжьыгъэ гъуэзэджэр зи IэдакъэщIэкI, ботаник икIи тхакIуэ цIэрыIуэ, генерал-майор Радожицкий Илья гу зэрылъитауэ: «Вельяминовыр Мей­къуа­пэ пэмыжыжьэу Щхьэгуащэ псыхъуэ зыдигъэбыдыхьауэ дэсыху, шэрджэс шууейхэм ялъэкIащ верст 200 хуэдизкIэ пхъэрхэу, урысхэм Къэбэрдей щIыналъэм иращIыхьа станицэхэм ящыщ зыр «яухъуэнщIу», Псыжь адрыщIкIэ щызэтредгъэсхьа къуажэхэм хэщIыныгъэу ялъыдгъэсам нэхърэ нэхъыбэж къуентхъыу къаугъуеижу, я лъэпкъэгъухэр зыдэс жылэ мамырхэм языхэзри здрашажьэу, къыздикIам ягъэзэжыну». 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.