ЩИМЭ ХУЖЬ

1945 гъэм США-м и ВВС-м и кхъухьлъатэзехуэ Кауфман Джеймс Китайм и щхьэщыгум иту телъыджэ гуэр къилъэгъуащ. ТIасхъэщIэхым иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр щызэхитхыкIыжым къыхигъэщащ Сиань къалэм нэхъ и Iэхэлъахэу, Циньлин къуршыщхьэм щимэ абрагъуэ иту къызэригъуэтар. Ар, пэж дыдэу, абрагъуэт - метр 300 и лъагагът!

Мысыр щимэхэм я щэхур алъандэрэ къызыхуэмытIэщIа археологхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ я фэр пыкIат а хъыбарыр хэIущIыIу щыхъуам. Китайм щыIэ щимэр мывэ хужьым къыхэщIыкIат, и щыгум гъущIым ещхь гуэр къытолыдыкI, Хеопс и пирамидэм нэхърэ тIукIэ нэхъ лъагэщ… НэгъуэщI хамыщIыкIыу, а къатIэщIа мащIэри зэуэзэпсу ягъэбзэхащ. Кхъухьлъатэзехуэм и тхыгъэр кIуэдащ, Китайм и унафэщIхэм щимэм теухуауэ зы тхыгъэ кIапи къахуэмытIэщIу нобэм къэсащ. КъищынэмыщIауэ, а щIыпIэр къахухьащи, жыжьэрэ-гъунэгъуу убгъэдагъэхьэркъым.

Арами, псалъэр пхуэубыдын?! Мывэ лъабжьэм щIожри, къуршыжьхэм къапожэкI ар, псым хуэдэу.

1912 гъэм Китайм сондэджэр лъагъуэшхуэ кIуэцIрыкIыу щытащ. А лъагъуэр щимэ бжыгъэншэхэмкIэ блэкIырт. Шродер Фред жыхуаIэр гъуэгугъэлъагъуэу яхэтт а чэруанхэми, здрикIуэ щIыналъэхэм щилъагъу телъыджэхэм тетхыхьыну ифIэфIт. Мис а щIалэм и едзыгъуэхэр хэIущIыIу къэхъуащ 1963 гъэм.

КъызэрыщIэкIымкIэ, Шродер япэ дыдэу щимэхэр къыщилъэгъуам, а щIыпIэм щыпсэухэм еупщIащ ахэр зиIысымрэ зыухуахэмкIэ. «А щимэхэр мы щIыпIэм илъэс мини 5-м щIигъуауэ итщ, зыухуахэри мафIэр къызыпылъэлъ благъуэхэм тесу уафэм къеха цIыху хужьхэрщ! Ар ди лъэпкъым IуэрыIуатэу нобэм къихьэсащ, ди пасэрей тхылъыжьхэми ярытщ», - къатащ жэуап.

Пэжу, китай IуэрыIуатэм зэрыжиIэмкIэ, пасэрей цIыхум пхъэщхьэмыщхьэ, хадэхэкI хисэу, тхэфу, и гупсысэр къиIуэтэфу щытакъым. Ахэр цIыхухэм къезыгъэщIар уафэм къехахэрщ. ЗэрыжаIэмкIэ, ахэр ЩIым щылIэжри, щIалъхьэжащ. Къапщтэмэ, Китайм щыIэщ кхъэлэгъунэ телъыджэхэр, а лъэпкъым и щэнхабзэм зыкIи къытемыхьэ щIыкIэкIэ ухуарэ, хьэдэхэр щыщIалъхьэжауэ, тхыгъэ гуэрхэр ямыцIыху тхыбзэкIэ тедзауэ.

Австрием щыщ щIэныгъэлI Хаусфорд Гарфит щыIащ Шэнси щIыналъэм и щIыпIэ щэхухэм икIи 100-м щIигъу пирамидэхэр къибжащ. Сыт хуэдизу унафэщIхэм ямыгъэпщкIуами, Китайм и щимэхэр спутникхэм траха сурэтхэм къощ. ГурыIуэгъуэщ Щимэ Хужьым щэхушхуэхэр зэрихъумэр, а къэралым къыIэрыхьа щIэныгъэхэмкIи гуэшэну зэрымыпIащIэр.

Апхуэдэ гупсысэм тетщ щимэ телъыджэхэр къыщагъуэта Мысырым, Франджым, Японием, Урысейм я щIэныгъэлIхэр. Абы пэж гуэр хэлъу къыщIэкIынущ… А ухуэныгъэхэр зэрызэтралъхьа щIыкIэр иджыри къэс къызыгурымыIуа дэ сыткIэ тхуэгъэлэжьэну абыхэм яхъумэ щэхухэр?

 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.11.2026 - 10:01

Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КъБР-м и Суд Нэхъыщхьэм и УнафэщIу ягъэува Дегтярев Игорь республикэм и судыщIэхэм щрагъэцIыхуа зэIущIэм.

15.11.2026 - 09:03

Бахъсэн къалэм и спорт утыкущIэхэр

Бахъсэн къалэм иджыблагъэ спорт ухуэныгъэу 3 къыщызэIуахащ: боксерхэм, зэзауэ зыхэт спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ пэшхэмрэ топджэгу губгъуэщIэрэ.

14.11.2026 - 10:01

Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым и комитетхэм иджыблагъэ ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм депутатхэр, министерствэхэмрэ IэнатIэ зэ­мылIэужьыгъуэхэмрэ я лIы­кIуэ­хэр я гъусэу, щытепсэ­лъыхьащ «КъБР-м и бю

14.11.2026 - 09:03

Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр

Хьэмидей жылэм иджыблагъэ щагъэлъэпIащ фокIадэ мазэм екIуэкIа «Вкусы России» зэхыхьэм ди республикэр цIэрыIуэ щызыщIа къуажэдэс бзылъхугъэхэр. 

13.11.2026 - 17:06

Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ иригъэблэгъащ ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ къэрал агентствэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Зотовэ Лейлэ.